Яшэча хьэзабым и мыхъур зытелъхэрТкаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм гъатхэпэм и 27-м къыщызэIуахащ балъкъэр лъэпкъым и махуэщIым траухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы утыку къыщрахьащ усакIуэ, тхакIуэ икIи сурэтыщI Сарбашев Азноррэ Къалмыкъ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дорджинов Викторрэ я лэжьыгъэхэр. Зэрысымаджэм къыхэкIыу зэIущIэм къримыхьэлIэфа Виктор и гугъу щищIым, Сарбашевым къыхигъэщащ: «Дорджиновымрэ сэрэ дызэныбжьэгъужьщ, ди Хэку зэрыдгъуэтыжари ди зэхуэдэ гуфIэгъуэщ. ЦIыхубэм дыхуэлэжьэну къару къытхэзылъхьэри нэхъыбэу аращ».
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 17:01 →
«ТекIуэныгъэм и щIэблэр»
14.05.2024 - 12:36 →
Алий и пшыхь
14.05.2024 - 10:36 →
Я лIыгъэм дрогушхуэ
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 22:19 →
ЕджакIуэхэм зыкъагъэлъагъуэ
|