Адыгэпщхэм я хъыбархэр тхыгъэхэм къызэрыхэщыжыр

Адыгэпщхэм ящыщ зыбжанэм фIыуэ къагурыIуэрт пщыхэр гуп - гупурэ зэрызэзауэм лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэришэнур. Абыхэм мурад ящI Урысейм зыпащIэну, ар дэIэпыкъуэгъу, жэрдэмщIэгъу хъумэ, адыгэхэр кърым тэтэрхэм щыхъума хъуну ябжри. Адыгэхэм я пщы щхьэхуэхэр зэрызэзэуэжым кIэ етын зэрыхуейри къагуроIуэж.

А зэманым ирихьэлIащ Идар Темрыкъуэ Къэбэрдейм пщыгъуэшхуэ щигъэувыну щыщIэкъуар. Ауэ къэбэрдей пщыхэм ящыщу Къейтыкъуэ ПщыIэпщокъуэ нэгъуей хъан Уракъ Къазий пыщIат. Къазий Долэт-Джэрий и блыгущIэтт. Ахэр Къэбэрдейр Урысейм пыщIа хъуну хуейтэкъым. Дзэ-политикэ зэгурыIуэныгъэрт зэхуэмеиххэр. Абы къыхэкIыу Темрыкъуэрэ ПщыIэпщокъуэрэ я зэпэщIэувэныгъэр зэщIоплъэ. ПщыIэпщокъуэ кърым-Нэгъуей ЦIыкIумкIэ екъурт, Темрыкъуэ урысхэр и дэрэгъуу зэзауэхэрт.

Къэбэрдей хэкур пщыхэм я цIэкIэ гуэшауэ Iыхьэ-Iыхьэу зэрыщытар мыпхуэдэу къыхощыж тхыгъэхэм: ПщыIэпщокъуэ и Къейтыкъуейр, Темрыкъуэ и Идарейр, Щолэхъу и Талъостэнейр, Мудар и Джылахъстэнейр жыхуаIэ хэкуцIэхэр. ХэкуцIэхэм къыжаIэ епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм пщыхэм ящыщу зыри Къэбэрдей хэку псом и пщышхуэу ябжу зэрыщымытар.

Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ, тхыдэми увыпIэ ин щеубыд. Темрыкъуэ къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм «пщышхуэу» е «пщы нэхъыщхьэу» ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщIэувэ. Темрыкъуэ Урысейм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIэн и пэкIэ ипхъу нэхъыжь Малъхъурыб Нэгъуеишхуэм и хъан Исмэхьил и къуэ нэхъыжь Тинэхъмэт иритауэ, ипхъу етIуанэр, Алтыншаш, астрэхъан хъаныкъуэ Бекболэт и щхьэгъусэу щытауэ къыхощыж МэшбащIэм и романым.

«Адыгэхэр» романым къыхощыж Темрыкъуэ щIыгъуу урысыдзэхэр ПщыIэпщокъуэ зэрезэуар, абыхэм текIуэныгъэ къызэрахьар.

«… ПщыIэпщокъуэ и пщIантIэм деж щытт лIыжьхэр, фызхэр, сабийхэр, абыхэм уеплъмэ къыпфIэщIынут я пщыр яхъумэу. Яхэтт абыхэм уIэгъэ хъуаи, мафIэм исаи. Утыкум итт воеводэ Плещеевымрэ Темрыкъуэрэ. Абы я пащхьэм къитт зауэлIхэм къаухъуреихьауэ ПщыIэпщокъуэ пщы зэкъуэшхэр - Аслъэнбэч, Тепщэныкъуэ, Къейтыкъуэ…»

Иван Грознэм Темрыкъуэ къыхуигъэкIуа зауэ къарухэм я дэIэпыкъуныгъэм текIуэныгъэ Къэбэрдейм къахуихьащ. Дашков Иванрэ Ржевский Матвейрэ дзэхэр я гъусэу Къэбэрдейм къакIуэхэри, шэрджэс щIыпIэхэр, ПщыIэпщокъуэ - и къуэхэм я къуажэ Iэджэ, гъэр куэду яубыдащ. Темрыкъуэ я пашэу абы и телъхьэхэри хэтащ а зауэм.

1570 гъэм, зы зэман дыдэм, кърым тэтэрхэр Урысейми Къэбэрдейми теуащ. Къейтыкъуэ и къуэхэу ПщыIэпщокъуэрэ Аслъэнбэчрэ зыхуагъэзащ хъаныкъуэ Адыл-Джэрий къахуиутIыпщыжыну «Темрыкъуэ езэуэн папщIэ». Ар къыщыхъуар гъатхэращ. А зэман дыдэм ирихьэлIэу сулътIаным езым и чаушыр Бахъшысэрей къигъэкIуащ хъаным зауэлI къритын папщIэ къелъэIуу, арщхьэкIэ а Долэт-Джэрийм сулътIаным и лъэIур хуищIакъым, Мыхьэмэт-Джэрий «мэзкуу гъунапкъэхэмкIэ» зэрыщыIэр щхьэусыгъуэ ищIри.

1570 гъэм накъыгъэм и 21-м и жэщым урысыдзэр бийм ебгъэрыкIуащ. ИкIи гъэр куэд къаубыдащ. Мыхьэмэт-Джэрийрэ Алий - Джэрийрэ РязанкIэ кIуащ, дзэшхуэр ирашажьэри. Мыбдежми тэтэрхэр къыщызэтраукIащ, гъэрхэри къаубыдащ.

А кърым тэтэрхэм я зекIуэри къехъулIакъым, хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтауэ иухащ.

Шэрджэсхэр къизэуну кIуа Адыл-Джэрий и Iуэхури зыкIи нэхъыфIтэкъым. Къэбэрдей-Шэрджэс шуухэм тэтэр гупхэр зэхакъутат. Хъаныкъуэр и адэм къелъэIуащ «фочауэхэр» хуигъэкIуэну. Абы и жэуапу Долэт-Джэрий унафэ хуищIащ и къуэм Бахъшысэрей икIэщIыпIэкIэ игъэзэжын хуейуэ. Адыл-Джэрий и адэм емыдаIуэу, абазэхэм ятеуащ.

МэшбащIэм етх жаней лъэпкъым кърым хъаныр къыщытеуам, Сыбэкъуэ дэIэпыкъуну Темрыкъуэ и бынхэр щIыгъуу кIуауэ, а зауэм Темрыкъуэ щэ щауIауэ. Адыл-Джэрий ар щилъагъум игугъащ Темрыкъуэ лIауэ, икIи Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ абдеж щригъэубыдри, езым щIыгъуу кърым хъаным и деж ишащ. АфIыпс зауэм щигъуэта уIэгъэм Темрыкъуэ илIыкIащ.

«ИщIэтэкъым а тхьэмыщкIэм Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ гъэру яубыда нэужь, дэнэ яшами, сыт къащыщIами. ИщIэртэкъым, и къуэ СулътIан, чристан диныр къищта иужь Михаил Черкасскэр, 1571 гъэм Мэзкуу ягъэса нэужь, пащтыхьым бжэгъум зэрыфIигъэтIысхьар. Илъэгъуатэкъым ипхъу нэхъыщIэ Гуащэней, чристан диныр къищта иужь Марие илъэсийкIэ пащтыхьым дэпсэуауэ щхъухькIэ зэрагъэлIар, зэрыщIалъхьар.

Ипхъу нэхъыжь Алтыншаш, хъан Бекболэт и фызым къуэрылъху Саид-Булат къыхуилъхуащ, иужькIэ и бийхэм нэф ящIащ. Езы Алтыншаш дунейм ехыжри, муслъымэнхэм я кхъэм щыщIалъхьащ.

ИщIэтэкъым абы дэнэ щыщIалъхьами ипхъу курыт Мылъхъурыб.

ИщIэтэкъым…»

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться: