Адыгэм и хъуэхъуэкIэрАдыгэм фадэбжьэ къиIэту щытакъым, хъуэхъу трижимыIыхьу, ар сыт хуэдэ Iуэхугъyэм къыхуащтауэ щытми. Зэрыхабзэти, фадэбжьэм нэхъыжьыр техъуэхъухьырт, нэгъуэщI зыгуэрым иритырти иригъафэрт. Хъуахъуэу езыр ефэжу хабзэтэкъым. Зритар ефа нэужь къритыжти, итIанэт хъуэхъуар щефэр. «Хъуахъуэрэ ефэжмэ, джылахъстэнейщ», - жаlэу а псалъэр къыщlежьари аращ. Ауэ мыпхуэдэ хъыбари щыlэщ: Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэ зэманым Iэпхъуэшапхъуэурэ щlыпlэ зыкъомым щыпсэуащ. ИкIэм ар Къэщкъэтау щыдэсам щыгъуэ, лIэмэ, абы щыщlалъхьэну кхъэлэгъунэ - чэщанэ - иригъэщlат. Чэщанэр зыщlахэм Iэнэ къахуищтащ. Ауэ махъсымэбжьэм ефэн щхьэкlэ, мыхъуахъуэу хъунутэкъым. Ар хабзэт. Зытехъуэхъухьын хуейр - чэщанэ иригъэщIар арат. Хъуэхъуэн хуейр гупым я нэхъыжьрати, Iэнэр къащIыхуищта чэщанэм щхьэкlэ хъуэхъу жиIэн къыхуэгупсыстэкъым. Абы хэту, Аслъэнбэч и чэнджэщэгъу Къэзанокъуэ Жэбагъы щымыlауэ, хеящlэ къикlыжауэ къыщlыхьащ. Къыщlыхьэм бжьэ ират хабзэти, «мыбы си къалэныр сщхьэщихынщ» жыхуиlэ щIыкlэу, нэхъыжьым, ищIэни жиIэни имыщlэу, иlыгъ бжьэр Жэбагъым иритащ. Жэбагъы щlэупщlащ, фадэм щlефэ щхьэусыгъуэм. - Аслъэнбэч куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэу, ауэ лIэмэ, щlалъхьэжыну кхъэлэгъунэ - чэщанэ дигъэщlати, гугъуехьыпщlэу Iэнэ къытхуищтауэ аращ,- жиlащ нэхъыжьым. - Атlэ, а чэщанэм и кlуэцlыр нэщlрэ и щlыбыр щlэращlэу гъэ минкlэ Тхьэм щигъэт! - жиlэри ирифащ Жэбагъы.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 17:21 →
Адыгэ аслъэным и лIыгъэр
17.05.2024 - 17:18 →
Хэкурщ нэхъапэр
17.05.2024 - 10:01 →
Пасэрей хасэ зэхэшэкIэ
16.05.2024 - 10:12 →
ХэкIыпIэншэу къагъэнат
13.05.2024 - 12:04 →
Кавказым бэнэныгъэр къызэрыщежьар
|