Даур Иринэ и махуэщ

Нобэ илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу и макъ дахэмкIэ, утыку итыкIэ екIумкIэ щIыпIэ куэдым къыщацIыху Даур Иринэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингу­шым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ  Даурыр гъащIэм и IэфIыр зыхэзыщIэфхэм, зи дунейр зыгъэдэхэф зырызхэм ящыщщ. ИджыкIэ иIэ ехъу­лIэ­ны­гъэхэм Иринэ куэдрэ ­хуэ­кIуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэ­тIысхьащ Налшык ­дэт макъамэ училищэм (Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ кол­лед­жым). Ар къиухщ, Тбилиси дэт къэрал консерваторэм макъамэмкIэ щIэныгъэ щызэригъэгъуэтри, I990 гъэм Налшык дэт Музыкэ театрым и ­солисткэу, Щэнхабзэмрэ ­гъуа­­з­джэхэмкIэ колледжым и ­егъэ­джакIуэу лэжьэн щIидзащ. Илъэс 30-м щIи­гъуауэ абы егъэджакIуэ IэщIагъэмрэ уэрэджыIакIуэм и къалэ­нымрэ зэкIуу ирехьэкI. Къыхэ­гъэ­щыпхъэщ адыгэ лъэпкъ оперэхэм, опереттэ зэ­мы­лIэу­жьыгъуэхэм ­Даур Иринэ партие нэ­хъыщ­хьэхэр къызэрыщыхуа­гъэ­фэщар. Уэрэ­джыIакIуэ бзылъ­хугъэр фIыуэ ­щалъагъур ди респуб­ликэм и за­къуэкъым. Абы и зэфIэкIым пщIэ лъагэ къыщы­хуащI ди лъэпкъэ­гъухэр куэду щыпсэу Тыркум, Иорда­нием, Сирием, Германием, Испанием, нэ­гъуэщI къэ­ралхэми.

- Сэ насып сиIэти, сызыхэтар профессиональнэ уэрэ­джы­IакIуэхэращ, жеIэ Иринэ. - Музыкэ щIэныгъэ, гъэ­сэныгъэ зыбгъэдэлъ гупти, зыми ­лъакъуэпэщIэдз къысхуищIакъым. Си щхьэкIэ игъащIэм зыми сефы­гъуакъым, къызэфыгъуаIауи гурыщхъуэ зыхуэсщIа щыIэкъым.  

 Дунейм сыкъыщытехьам, Шэрий Иринэ хуэдэ хъун щхьэкIэ жаIэри, си цIэр къыс­фIащауэ щытащ. А дакъикъэм щегъэжьауэ си гъуэгур убзыхуа хъуауэ къызолъытэ. Сэ сщIэжым щегъэжьауэ, зы махуэ си гъащIэм хэтакъым артисткэ сы­хъуну сыхуэмейуэ.   Курыт еджапIэм сыщIэсыху уэрэд зэрыс­­ху­жыIэр зыми къезгъэщIакъым, си ­хъуэпсапIэхэри дунейм къытезгъэхьакъым: сышынэрт ар зыгуэрым къыспиубыдынкIэ е къысщы­ды­хьэш­хынкIэ. Сэ къысфIаща цIэм къызита гъуэгум сриарэзыщ. Си щхьэ ехъулIэныгъэхэм къищынэмыщIауэ, си деж щеджахэу Бэрэгъун Марьянэ, Хьэцей Тимур, Уэзрокъуэ Чэрим, Мэз (Пщыунэ) Джульеттэ, ­Къудей Аскэр, ДыщэкI ФатIимэ сымэ ди республикэми абы адрыщIкIи къыщацIыху уэрэджыIакIуэхэщ. ­Абы­хэм я ехъулIэныгъэм си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж. Сэ сыщылажьэ колледжым къекIуалIэхэм ябгъэ­дэтлъхьэр музыкэ щIэныгъэм и за­къуэкъым, атIэ а гъэсэныгъэри зэ­ред­гъэфIэкIуэным дыхущIокъу. Зэ­фIэкIым я нэхъ иныр бгъэдэлъми цIыхур мыгъэсамэ, псори фагъуэ щIохъукI. Си дежкIэ творчествэри егъэ­джэ­ныгъэ Iуэхури зэкIэщIэпч мыхъун IыхьитIщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а сэ езгъаджэхэм я ехъулIэныгъэхэр си хэхъуэщ икIи ахэр нэхъыбэрэ ­утыку къизгъэхьэмэ, я зэфIэкIыр цIыхухэм къезгъащIэмэ, нэхъ къы­зощтэ. Сэ уэрэд жыIэнкIи утыку ­итынкIи хьэкъ къыстенакъым. Иджы къэкIуэнур зей щIэблэр утыкум ­къи­шапхъэщ. Абыхэм я ехъулIэныгъэм сэ къару къысхелъхьэ, си лэжьыгъэр пщIэншэ зэрымыхъуар, дяпэкIи а Iуэхум пыщэн зэрыхуейр къызгурегъаIуэ.
  Бзылъхугъэ гуащIафIэм и махуэмкIэ дохъуэхъу, и зэфIэкI мыкIуэщIу иджыри  куэдрэ лъэпкъ гъуазджэр игъэбжьыфIэну ди гуапэщ.

 

 

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: