Япэ гъэлъэгъуэныгъэ

Тэрч щIыналъэм щыщ сурэтыщI Къандрокъуэ Хъусейн и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Сабий гъуазджэхэмкIэ «Радуга» школым (Нарткъалэ).
СурэтыщI ныбжьыщIэм дежкIэ япэ гъэлъэгъуэныгъэм мыхьэшхуэ иIэщ. ЗэрыжаIэщи, Iуэхур зэребгъажьэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ школым и унафэщI Къардэн Равидэ. Ар щIалэм и лэжьыгъэхэм щытхъуа, езым къызэрилъытэмкIэ, абыхэм яхэлъ фIагъым, щIагъыбзэм я гугъу ищIа иужькIэ, апхуэдэ лъэбакъуэ дахэкIэ гъуазджэм и дунейм хэбэкъуа щIалэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ щымыщIэну. СурэтыщIым и анэ Альбинэ (выставкэм кърагъэблэгъат) и къуэм и зэфIэкIым зэрызригъэужьам, абы зэрыдэIэпыкъуам папщIэ фIыщIэ хуищIащ къэпсалъэм.
Хъусейн и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ а зэхыхьэм къыщыпсэлъащ усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.
Къандрокъуэм и лэжьыгъэхэр нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщщ плъыфэ зэхэлъхьэкIэр, абыхэм ящIэлъ гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр. Зэ еплъыгъуэкIи нэрылъагъущ абыхэм яхэлъ псэ хуабагъыр, лъагъуныгъэр, гурыфIыгъуэр.
Хъусейн  фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр щигъэхьэзырым къыдэIэпыкъуа егъэджакIуэхэм, школакIуэхэм, Аруан щIыналъэм и бзылъхугъэхэм я унафэщI Хьэпэ Залинэ сымэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърагъэхьэлIат сурэтыщIым и благъэхэм, Iыхьлыхэм, абы къыдеджахэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. ЩIалэм и зэфIэкI хигъахъуэу ипэкIэ кIуэтэну ехъуэхъуащ ахэр.

Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: