Таурыхъым и къарур

Таурыхъ зимыIэ лъэпкъи ар зымыщIэ е абы щIэмыдэIуа зы цIыхуи щыIэу къыщIэкIынкъым. «Таурыхъ жыхуаIэр къару телъыджэщ, жьыри щIэри дихьэхыу, уи зэши тригъэурэ уи гуауэри пщхьэщихыу, мэжалIэр пщигъэгъупщэрэ цIыхум ямылъэгъуа дуней утришэу. Абы и гуащIэр апхуэдизщи, Iуэху блэкI зиIэм ар щегъэгъупщэф, зи щхьэ зи жагъуэу пIэм хэлъри къегъэдэIуэф. Махуэ псом лэжьар, таурыхъ едэIуэн нэхъ Iуэху ямыIэу, зы мэлыхъуэ пщыIэм икIрэ адрейм кIуэуэ, зы къуажэм икIрэ нэгъуэщI къуажэм кIуэуэ щытащ», - жиIащ Нало Заур.

Таурыхъыр зищIысым, абы и къежьапIэм, и зэхэлъыкIэм тетхыхьащ Къэрмокъуэ Хьэмид. Сыту пIэрэ абы и къару нэхъыщхьэр?

«Сабий ныбжьым щитым и дежщ цIыхур таурыхъым нэIуасэ щыхуэхъур. Пасэу нэIуасэ хуохъури, таурыхъыр цIыхум игъащIэкIэ догъуэгурыкIуэ. Таурыхъ гуэр зымыщIэ бгъуэтынкъым, ар апхуэдизкIэ гукъинэщи. ЗыIуатэми едаIуэми ящIэ таурыхъыр зэрыпцIыр - аращ абы и нэщэнэ нэхъыщхьэр. Хъыбархэм я лъабжьэр зэгуэр къэхъугъэ-къэщIыгъэ гуэрщ. Таурыхъым апхуэдэ лъабжьэ иIэкъым: псоми ящIэ ар цIыхум къызэрагупсысар, зэрыжаIэщи, зэрышыпсэр. ИтIани цIыхур - сабии балигъи - йодаIуэ таурыхъым, щедаIуэм дежи ягу къэкIыркъым ар зэрыпцIыр (зэрышыпсэр), гъащIэм апхуэдэ къызэрыщымыхъур. Хъыбарыжьым пцIы гуэр къыхэхуамэ, цIыхум гу лъатэ. Таурыхыъм паубыдыркъым ар: зэрыпцIыр ящIэрэ пэт, псори йодаIуэ.

Я купщIэ елъытауэ, таурыхъхэр гуп зыбжанэ мэхъу. Зы гупым хохьэ хьэкIэкхъуэкIэхэм ятеухуа таурыхъхэр - ахэр щыкIуэдыкIейщ адыгэ IуэрыIуатэм. Апхуэдэ таурыхъхэм нэхъ дахьэхыр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэщ: псори я тхьэкIумэ гъэкIауэ йодаIуэ бажэм, тхьэкIумэкIыхьым, дыгъужьым, мыщэм, къинэмыщI хьэкIэкхъуэкIэхэм, псэущхьэхэм (адакъэм, хьэм, джэдум, бжэным, дзыгъуэм) я хьилагъэмрэ я Iущыгъэмрэ, я дуней тетыкIэмрэ я хъуагъэщагъэхэмрэ. IуэрыIуатэм куэдрэ ущрохьэлIэ зэшхэм, цIыху Iущхэм, зекIуэлIхэм, зауэшыхэм ягъахъэ IуэхущIафэхэм.

ПцIыр лъабжьэ яхуэхъуми, таурыхъхэр цIыхум япэжыжьэкъым: цIыхум таурыхъкIэ еIуатэ игу илъыр, гъащIэм, дунейм зэреплъыр. Зэрыхабзэщи, дэтхэнэ таурыхъри еух захуагъэр текIуауэ: емрэ фIымрэ зоныкъуэкъури, фIыр сытым щыгъуи токIуэ - абы хуэунэтIащ дэтхэнэ таурыхъри.

Таурыхъыр IуэрыIуатэм пасэ дыдэу щызэфIэуващ, абыхэм я нэхъыбапIэр пасэрейхэм я IэдакъэщIэкIщ, пасэрей дунейм къыщежьащ. Гъуэгуанэ кIыхь къыздакIум, таурыхъхэм лъэпкъ гъунапкъэхэри куэдрэ зэпаупщI, аращ зэгъунэгъу лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ таурыхъ куэдым я купщIэр щIызэтехуэр. Я купщIэр зэтехуэми, дэтхэнэ лъэпкъми таурыхъыр езым и фащэкIэ ехуапэ, и гупсысэкIэ еузэд, и бзэкIэ еIуатэ.

Таурыхъхэм я фащэри, я гъэпсыкIэри, я купщIэри зэлъытар ахэр зыIуатэращ: дэтхэнэми ар езым зэрыхузэфIэкIкIэ, зэрыфIэкъабылкIэ, зэрыфIэдахэкIэ егъэпс, абы и фIыгъэкIэ таурыхъыр куэд дыдэу зэтепщIыкIауэ мэгъуэгурыкIуэ.

«Таурыхъ» псалъэм нэмыщI, адыгэбзэм щызокIуэ «псысэ», «шыпсэ» псалъэхэри. Абыхэм я мыхьэнэр зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щыIэкъым, псалъищри IуэрыIуатэм къыщызэдагъэсэбэп».

Таурыхъым и къару нэхъыщхьэр фIы дыдэу къигъэлъэгъуащ урыс тхакIуэшхуэ Горький Максим: «Адыгэ таурыхъхэм фIыр ем сытым щыгъуи щытокIуэ. Ар лъэпкъыр зэрыузыншэм и щыхьэтщ».

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: