ЩакIуэм и щэху

Таурыхъ

ЩыIащ-псэуащ зы щакIуэжь, хьэ гъэсаитI иIэт абы. Махуэ гуэрым ахэр иришажьэри, къиущыхьу мэз иным щIэтурэ жэщ къытехъуащ. МафIэ бзий илъагъум хуэкIуэмэ, пхъэдакъэм мафIэшхуэ ещIэкIауэ исырт, абы и кум зы блэжь жабзэу хэст. Блэ гужьеяр къопсалъэри жеIэ:
- Ей, щакIуэжь, мы мафIэм сыкъыхэпхмэ, насыпыфIэ усщIынщ. Мы дунейм зыхыумыщIыкI щымыIэу усхуэщIынущ, хьэкIэкхъуэкIэм я бзэри бзухэм ейри къыбгурыIуэу усщIынщ, сыкъегъэл закъуэ, - жи.
- СыбдэIэпыкъунт, ауэ дауэ? - ищIэнур имыщIэу щакIуэр Iэнкунщ.
- Мо башыр къащтэ, и зы кIапэр мафIэм къыхэлъхьи, сэ абыкIэ мафIэм сыкъыхэкIынщ.
Апхуэдэу ящIри, блэжьыр къелащ.
- Упсэу, щакIуэжь! Къэблэжьащ, нобэ щыщIэдзауэ хьэкIэкхъуэкIэми бзуми жаIэр къыбгурыIуэнущ, ауэ дунейм къытомыгъэхьэ. ЗэрыжыпIэу - улIэнущ.
ЩакIуэм мэзджэд къилъыхъуэу ежьэжащ, IэнэщIу унэм игъэзэжыну хуейтэкъым, итIанэ блэм кърита тыгъэр зэрыхъум еплъынут. Мэзым щIэтурэ аргуэру жэщ къытехъуащ. Унэм пэжыжьэти, мэзым нэху къыщекIыну мурад ещI.
МафIэ ищIри, и хьэхэр и гъусэу къетIысэкIащ. ДаIуэмэ, и хьитIыр зэрызэпсалъэр зэхех, къыгуроIуэ.
- Си къуэшыжь, - жреIэ зым адрейм, - уэ мыбдеж къыщынэ, сэ псынщIэу унэмкIэ сыкIуэжынщи, лъапсэр схъумэнщ. Дызэрыдэмысыр къащIэрэ дыгъухэр къыдыхьэмэ-щэ?
- НэхъыфIщ, си къуэш, еужьэрэкI,- къопсалъэ мыдрейри.
АбыкIэ зэгуроIуэри, зы хьэр унэм мэкIуэж. Нэхутхьэху къызэрищIу абы къегъэзэжри, мэзым щIэсам къыжреIэ:
- Дауэ нэху фыкъекIа, зыми фи жагъуэ къищIакъэ?
- Хьэуэ, тэмэмщ псори. УнэмкIэ дауэ щыт?
- Зэрыщытращи, сызэрынэсыжу, унэгуащэм и щхьэгъусэр зэрызимыгъусэр щилъагъум:
- Емынэм укъихьыжа уи закъуэу, - жиIэри щIакхъуэ щхьэфэ игъэсар къысхуидзащ. 
Сэ апхуэдэ сшхыуэ сесат? Сепэмщ, сепэмри сыIукIыжащ. Ар щилъагъум, пэрыIэмбэр къищтэри сызэхиубэрэжьащ. Жэщым дыгъухэр къыттеуэри, дахъунщIэн ягугъати, сэ сажьыхэлъэри, ахэр зыуэ згъэщтати, ерагъыу я щхьэр дахыжауэ аращ. Апхуэдэурэ жэщыр кIуащ.
Ар зэхэзыха щакIуэр унэм къэкIуэжри и щхьэгъусэм еупщIащ:
- Дыгъуэпшыхь хьэр къэкIуэжат?
- КъэкIуэжат.
- НтIэ тIэкIу бгъэшха?
- Ауэми згъэшха! Кхъуэщыным из шэм щIакхъуэ хухэспIытIэри естащ.
- ПцIыщ. Уэ абы ептар сэра зымыщIэр? ЩIакхъуэ иса хьэм зэримышхыр пщыгъупщэжауэ арат?
Фызым зэхихыр телъыджэ щыхъуауэ, лIым пэжыр къызэрищIар къыжриIэну йолъэIу.
- СкIэрыкI, бжесIэ хъунукъым, - мэхъущIэ ар.
- Си псэр зэзгъэшхын, къызжеIэ, - мэубзэ цIыхубзыр.
- Пэжу бжесIэ хъунукъым, си жьэм къыщыжьэдэкIам сылIэнущ.
- Ягъэ кIынкъым, къызжеIэ, армыхъу иджыпсту сэ сызэгуэудынущ. 
Фыз ерыщым и хьэлыр зыщIэж лIым, нэгъуэщI къыхуэмынэжу, щэхур жиIэу зэрылIэнум хуэдэу зигъэхьэзыращ.
Джанэ къабзэ щитIагъэри, гъуэлъащ, мэзым къыщыщыщIар иIуэтэжыну зигъэхьэзыру. Абы хэту, я джэдхэр зэкIэлъхьэпыту унэм къыщIэлъэдащ, абыхэм яужьым адакъэпщыр итт. Адакъэр хъущIэрт:
- Сэ фэ гупым зэрымыдаIуэ фэзгъэлъэгъунщ! Сыт мы щакIуэжь цIыкIум хуэдэу сыделэ ффIэщIрэ си фыз сыпэмылъэщыжыну. Джэд щэ ныкъуэм щIигъу сиIэщи, псори зызогъэдаIуэ. Еууей, тхьэмыщкIэжь, - жи адакъэм, лIым къыхуеплъэкIыурэ.
Ар зэрызэхихыу лIыр къыщылъэтри ежьэжащ. ЗэрыжаIэмкIэ, абы и щэхур фызым хуиIуэтэн дэнэ къэна, зэи къыщIэупщIэу хуидэжакъым.
Интернетым дыкъыщоджэ.

Сурэтыр Линн Боуг Хант ейщ.

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: