ЗекIуэлI уэрэдхэр

ЗекIуэлI уэрэдхэр

Адыгэхэм зекIуэ щыкIуэкIэ лIыхъужь уэрэдхэр жаIэ хабзэщ.  Зы едзыгъуэ жаIа нэужь, зауэлIхэм шы сокум зытрагъащIэ, я пыIэхэр зыщхьэрахри, зекIуэр къайхъулIэн папщIэ тхьэ йолъэIу. Апхуэдэ уэрэдхэм зекIуэлIхэр лIыгъэ зэрахьэу цIэрыIуэ хъуным трагъэгушхуэ. Я нэхъыбэр тхыдэм къыхэнэжа лIыхъужьхэм ятеухуащ, щагъэзащIэри зекIуэ щыкIуэм и дежщ.

Iэщэ-фащэр

Адыгэм  Iэщэ кIэрыщIа зэпытщ, я гъащIэр Iэуэлъауэншэу зэрыщымытым апхуэдэ щытыкIэм иригъэувауэ. Зауэм щыIухьэ сыхьэтым дэтхэнэ зы пщы-уэркъри и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс Iэщэ-фащэ зэщIэлыдэкIэ зэщыхуэпыкIащ.

Зэрытеуэ Iэщэ

Шабзалъэ е шабзэшэ щэщI зэрылъ сагъындакъ. Ар адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэсэбэп Iэщэщ. Нобэми псэущ ахэр уэркъыжьхэм къагъэщхьэпэу зэрыщыта щIыкIэр зыщIэж дадэхэр. Сагъындакъыр адыгэхэм монгол-тэтэрхэм я деж къыщащта къыщIэкIынщ, ауэ ар къэзыгъэщхьэпэ зы лъэпкъми ар адыгэхэм ещхьу игъэщIэращIэу зригъэсэфакъым. Шабзалъэм дэщIыгъу дыжьын Iэмэпсымэхэр саутрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIащ. Езы шабзалъэр маитэрэ (дыжьын тхыпхъэ) дыщэпскIэ дытащ. Адыгэхэм Iэзэу шабзэшэ ящIыф, ауэ шабзэ яхуэщIыркъыми, Тыркум къраш. Дызэрыт зэманым ахэр зэзэмызэххэщ къыщагъэщхьэпэжыр, псоми мафIэрыуэ Iэщэр зэрынэхъ тыншыр ягъэунэхуащ. Ауэ пщышхуэхэм сагъындакъ хьэзыр яIыгъыныр иджыри яфIэигъуэщ икIи гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ ар къыздрахьэкI, сыту жыпIэмэ, шабзэр гъэмахуэм лалэ, щIымахуэм - къурэ мэхъури, а зэманитIым пасэрей Iэщэр яIыгъмэ нэхъ къащтэ.
Джатэ. Ар шабзалъэм и гъусэу къыздрахьэкI, и Iэпщэр екIуу хэIущIыкIа, блафэм ещхьу зэтепщIыкI гъуаплъэм къыхэщIыкIащ. Джатэр сэшхуэм сыт зэрефIэкIыр жыпIэмэ, джатэмкIэ уупщIати упыджи мэхъу, сэшхуэр упщIатэ къудейщ.
Фоч. А Iэщэ дунейкъутэжыр иджы псом нэхърэ нэхъ къащтэ икIи дэтхэнэ адыгэми, мэлыхъуэм деж щегъэжьауэ пщым деж щиухыжу, ар зэрехьэ. Нэхъ лъэпкъыфIхэм щыщ пщы-уэркъхэм зи дакъэр саутрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа, дыщэпс нагъы-
щэхэр зытет фочхэр зэрахьэ. Фочым и гъусэу чы пIащIэ цIыкIуитIым къыхэщIыкIа зэпэбаш къыздрахьэкI.
ФокIэщI. Ахэр адыгэ фокIэщIрэ тырку фокIэщIу зэхедз. Пщы-уэркъым сыт щыгъуи фокIэщI узэда иIыгъщ, мыхьэнэ зимыIэ зэдауэхэм а Iэщэр и мычэзууэ къыщагъэсэбэпи куэдрэ къохъу.
Сэшхуэ. Ар фочым и гъусэу кърахьэкI хабзэщ, сыту жыпIэмэ, фоч зиIэм сэшхуи иIэн хуейщ. А Iэщэм адыгэхэм пщIэшхуэ хуащI, псом хуэмыдэу пасэрей сэшхуэхэм. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, сэшхуэкIэ упыджэну тыншкъым, ауэ уупщIэтэну тыншщ. Абы и Iэпщэр саутрэ дыщэпскIэ ягъэщIэращIэ, бжьакъуэ фIыцIэкIэ е къупщхьэ хужькIэ къыщращIыкIи къохъу. Адыгэ тхьэмыщкIэхэм я сэшхуэ Iэпщэхэр пхъэщ къызыхэщIыкIар.
Къамэ. А Iэщэр адыгэм и щIыIутелъ фащэм и Iыхьэу плъытэ хъунущ, псом хуэмыдэу пщы-уэркъхэм къахэкIа зауэлIхэм, сыту жыпIэмэ, абыхэм къамэ щызыпщIэхахыр я щIыIутелъ фащэр щыщахым и дежщ. Адыгэр щышхэкIи, щефэкIи, щыпсалъэкIи, и зэш щытригъэукIи къамэр и бгым ищIащ, щыжейкIи и пIэщхьагъым щIэлъщ, аращи, ар сыт хуэдэ сыхьэтми узэдащ.
Пасэ зэманым майдэ жыхуаIэ джыдэ цIыкIури зэрахьэу щытащ адыгэхэм, ар Азием щыщ лъэпкъхэм иджыри къагъэщхьэпэ. КъинэмыщIауэ, пасэрей адыгэхэр бжыкIэ зауэу щытащ, я уэрэдхэм къызэрыхэщщи, ауэ иджы ар къагъэсэбэпыжкъым.

 

Зэрызахъумэж Iэщэ
 

Таж. Тажхэр лIэужьыгъуитI мэхъу: таж лъагэхэмрэ жыр пыIэ жыхуаIэ нэхъ лъахъшэхэмрэ. Ахэри дыщэрэ дыжьынкIэ ягъэщIэращIэ, и гупэмкIэ нэкIухъумэ е гъущI хъар Iулъщ.
Афэ джанэ. Пкъыр зыхъумэ а Iэщэр къамэ къихакIэ зэпэщIэувэ адыгэхэм я зэхуаку къыдэхъуэ къаугъэхэм щхьэпэн щохъу. Афэджанэхэр жыр уэрдыхъу цIыкIухэм къыхэщIыкIащ.
Афэ Iэлъэ. Ар IитIым тралъхьэ, дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа гъущIым къыхащIыкI.
IэщIтелъ. Ахэр адыгэ бзылъхугъэхэм лъахъстэн плъыжьым къыхащIыкIри, дахащэу дыщэрэ дыжьынкIэ хадыкI, и кIапэм гъущI зэпрыдза палъхьэ. IэщIтелъхьэхэм Iуадэ баринэм Iэпхъуамбэхэр ехъумэ.
Пасэрей зэманым зэрызахъумэж Iэщэм афэ гъуэншэджри хиубыдэрт. Афэ джанэхэм ещхьу ахэр зэзэмызэххэщ щыбгъуэтыжыр.
Адыгэм и Iэщэ-фащэм шы Iэпслъэпсхэри хабжэрт. ЖыIэпхъэщ шууей цIэрыIуэхэм я Iэщэ-фащэм губгъуэм узыщыхуэныкъуэнкIи хъуну псори кIэрылъу зэрыщытар: аркъэн, гъэру яубыдхэм папщIэ гъущI лъэхъу цIыкIухэр, мывэупцIэ, щтауч, тхъуэбзащхъуэм е шэхум къыхэщIыкIа уэздыгъэхэр, дыд, бгырыпх лей, пхъуантэ цIыкIухэр, жьакIэупс, нэгъуэщIхэри. Нэхъ шууей ахъырзэманхэми джэбыныпхъэ къыздрахьэкI, абы къегъэлъагъуэ сыт хуэдэ сыхьэтми я псэ ятыну ахэр зэрыхьэзырыр.
Афэ джанэхэр, тажхэр, сэшхуэхэр, фочхэр япэми иджыри адыгэ пщы-уэркъхэм я мылъкуу ялъытэрт. Абыхэм я Iэщэм апхуэдизкIэ я гум куууэ пхыкIа пщIэ хуащIри, Iэщэхэм я нэхъыфIым нэ трамыгъаплъэу зэрахьэ, ахэр елIалIэу ныбжькIэ зэIэпах, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэм щIэину къыхуагъанэу, зэрылъ унагъуэми ехъумэ, мылъку хэплъыхьа зэриIэм шэч къытримыхьэу. Азие псом мафIэрыуэ Iэщэр къыщежьэху, Iэщэ хужьыр дыщэхэкIым пащIу къекIуэкIащ. Апхуэдэ щIыкIэу абы и пщIэр адыгэхэм я дежи къэсащ, и уасэр зэи емыхуэхыу. Лъы уасэми нэчыхьыпщIэми я уасэр къызэралъытэр IэщэмкIэщ, уасэр щIыдрагъэуей хабзэри хуэфэщэн Iэщэ щамыгъуэтым и дежщ.
Кърым хъанхэм адыгэхэр зрашэлIэн папщIэ, Iэщэ щысхьхэртэкъым. Езы адыгэпщхэми уэркъхэр къызэрыдахьэхыр IэщэфIкIэщ, нобэми лъэпкъ щхьэхуэхэм пщIэ лей пылъу щызэрахьэ, и зэманым уасэшхуэ зыщIата Iэщэм и хъыбархэр жызыIэж дадэхэр псэущ.

 

Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:

Читать также: