Хамэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

 

Мазаем УФ-м и Къэрал Думэм урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. Хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэм урысыбзэр щахъумэн мурадкIэ ирахьэжьа Iуэху щхьэпэр адыгэбзэми етхьэлIэ мыхъуну пIэрэ?

Федеральнэ хабзэщIэм ткIийуэ еукъуэдий «мардэм тет псалъалъэхэр», «мардэм тет грамматикэр», «мардэм тет справочникхэр» зыфIаща тхылъхэм къару зэрыратынур. Абыхэм къэралыбзэу щыт урысыбзэм къыщезэгъыу къэлъытапхъэ псалъэхэр иубзыхунущ.

«Лъэпкъ куэду зэхэт Урысей Федерацэм урысыбзэм щиIэ къарур къыхэгъэщын, ар къыщагъэщхьэпэ лъэныкъуэхэм зегъэубгъун, урысыбзэкIэ фIэкIа узытепсэлъыхь мыхъуну унэтIыныгъэхэр зэхэгъэкIын», - жеIэ дэфтэрым.

Зэман-зэманкIэрэ апхуэдэ хабзэ ткIийхэр къащтэурэщ цIыху нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэхэр къарууфIэ зэращIыр. Я мыхьэнэри мыгурыIуэгъуэу, хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэ куэдым илъэхъат иужьрей лъэхъэнэм урысыбзэр. Комиссэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщурэ, дяпэкIэ ткIийуэ хэплъэнущ къэралым щызекIуэ унафэхэр къызэрагъэлъагъуэ псалъэхэм. «Псалъалъэхэм иту, урысыбзэкIэ щымыIэ хамэбзэм къыхэкIа фIэщыгъэхэм къищынэмыщIа, урысыбзэм къыщемызэгъ псалъэ къэбгъэсэбэп хъунукъым (тхыбзэм щымыщ хъуанэбзэри хэту)», - гурыIуэгъуэ ещI дэфтэрым гупсысэм и лъабжьэр.

Политолог Марков Сергей хабзэр ядиIыгъ пэтми, мыхьэнэ нэхъ зэтыпхъэр къыхегъэщ: «Урысыбзэр хъумэнымкIэ хабзэ» къащтам политикэ IэмалкIэ зэфIэхын хуей Iуэхур юридическэ Iэмалым хуигъэкIуэну хэтщ. Ар игъащIэ лъандэм унафэщIхэм яIэщIэкI щыуагъэщ. Iуэхур зэрыщытыпхъэм хуагъэкIуэным, хэкIыпIэ къыхуагъэтыным и пIэкIэ, «дэ зыкIи дыкъуаншэкъым» жаIэфын хуэдэу, унафэ къащтэ. Урысыбзэр инджылыз псалъэхэм къебгъэлыным хуэныкъуэкъым. Урысыбзэр абыхэм нэхъ бей ящI. «Инджылызыгъэ» егъэлея къищтэну ухуэмеймэ, урысыбзэкIэ зекIуэ урыс щэнхабзэм зегъэужьын хуейуэ аращ. Мис аращ ящIэн хуейр: къэрал мылъкур мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ Iуэхухэм хухэгъэкIын хуейщ, иужьрей илъэс 25-м зэращIам ещхьу, хамэ къэралхэм щызекIуэ хьэлыншагъэм зезыгъэужьхэм хуамыутIыпщу. Щэнхабзэм хухах ахъшэр зи бзи зи къэрали хуэмейхэм ират иужьрей илъэс 25-м. Мис а Iуэхур ирырахъуэжи, итIанэ зиужьынщ урысыбзэм».

Адыгэбзэми куэдкIэ хуэщхьэпэнут егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, псом хуэмыдэу – политикэм къыщыдгъэщхьэпэ терминхэм дыхэплъэжыныр. Псалъэм и хьэтыркIэ, «IуэхущIапIэ», «щIыналъэ», «зэхуэс», «зэIущIэ» псалъэхэм къедгъэубыд мыхьэнэхэр нэхъ нэгъэсауэ тхузэтехынут, дызытепсэлъыхьыр IупщI хъун хуэдэу. Дэ IэмалыфI диIэщ мыхьэнэ щхьэхуэхэр ди къуэш республикэхэм, Адыгеймрэ КъШР-мрэ къызэрыщагъэсэбэпым етлъытыну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, бзэм и Iуэхур журналист жэрдэмкIэ зэфIэкIыркъым. ЩIэныгъэлIхэм дызэхахын папщIэ, политикхэм зыкъытщIагъэкъуапхъэщ.

Адыгэбзэм тыркубзэм, хьэрыпыбзэм, тэтэрыбзэм къыхэкIауэ хэт псалъэхэм зезыпщыти ди куэдщ. Шэч хэлъкъым а Iуэхур щхьэрыутIыпщ пщIы зэрымыхъунум, хамэбзэм къыхэкIа фIэщыгъэм и мыхьэнэгъу уи бзэм хэтмэ, абы къару етыжын зэрыхуейм. Ауэ уи интернет напэкIуэцIыр урысыбзэкIэ бгъэлажьэрэ, «Адыгэбзэм «шэрджэс» псалъэ хэткъым»» - жыпIэу, журналистхэм затепшащIэкIэ, уи бзэр хъума хъунукъым. Бзэр зыхуей хуэзэну ухуеймэ, нэгъуэщI мыхъуми, уи унафэ щIэт уи телефоным къыщыгъэщхьэпэ ар, уэ бгъэлажьэ къудамэм щрипсалъэ, ар зыщIэхэм ящIэр яIэпумыуду. Адыгэбзэм лажьэу хэт псалъэхэр къыхыумыщыпыкIыжми, махуэ къэс зыгуэр кIэроху. Жагъуэгъум щIыхьэхуу къищтам ещхьу, журналистхэм, усакIуэхэм, тхакIуэхэм, бзэм ирилажьэ цIыху зыбжанэм ягу изыудхэр «хэкулIу» къэплъытэну гугъущ, жьэшхуэ зэщIахми лIыгъэкIэ деджэфынукъым.

                                                                          ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: