Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэр, абыхэм хуэдэ нэгъуэщI лэжьакIуэхэр, абыхэм я унагъуэхэр псэуныгъэкIэ дэIыгъыным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэр, абыхэм хуэдэ лэжьакIуэхэр, абыхэм я унагъуэхэр псэуныгъэкIэ дэIыгъыным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указым мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) 1-нэ пунктым и «в» пункт къуэдзэм мыпхуэдэ абзац щIыгъун: «Мы Указым и 2-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа ныкъуэдыкъуагъэхэм хуэдэхэм (уIэгъэхэм, фэбжьхэм, контузиехэм) яхэмыхьэ ныкъуэдыкъуагъэхэр (уIэгъэхэр, фэбжьхэр, контузиехэр) ягъуэтамэ,- сом 100000 хуэдиз;»; б) 5-1-нэ пунктым и «а» пункт къуэдзэм и япэ абзацым «Унагъуэр, анагъэр, адагъэр, сабиигъуэр хъумэным и IуэхукIэ» «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №21-РГ-уэ 1996 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдэкIам и 17-1-нэ статьям сабийм мазэ къэс хуэзэу хуагъэува пособиехэр» псалъэхэр хэгъэкIын. 2. Мы Указым и 1-нэ пунктым и «а» пункт къуэдзэм щыгъэува хабзэр зокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэр, абыхэм хуэдэ нэгъуэщI лэжьакIуэхэр, абыхэм я унагъуэхэр псэуныгъэкIэ дэIыгъыным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м къару щигъуэта махуэм къыщыщIэдзауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм накъыгъэм и 29-м №53-УГ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я бынхэм я нэIэ тетыным, я Iуэху зытетхэр зэгъэщIэн, абыхэм ядэIэпыкъуным теухуа «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» Iуэху зэщIэгъэуIуар къызэгъэпэщынымкIэ пэхуэщIэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэзэщIэным егъэщIылIа IуэхухэмкIэ лэжьакIуэ гупу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м къыдигъэкIа унафэ №77-РГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн мы къэкIуэнухэр абы хэгъэхьауэ: Апэнэс А.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и дэIэпыкъуэгъур Мер З.Ю.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурорым балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ ятеухуа законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжьыр (зэгурыIуауэ) Шаваев А.М. - Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ и полицэм и унафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм накъыгъэм и 29-м №191-РГ
Поделиться:
Читать также:
26.09.2023 - 17:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
26.09.2023 - 09:36 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
25.09.2023 - 19:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
22.09.2023 - 11:51 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
22.09.2023 - 11:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|