Анэдэлъхубзэ гурыгъузхэр

Сабий литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэ Щоджэн Леонид ящыщт ди анэдэлъхубзэм и щытыкIэм игъэгузавэу, ар егъэфIэкIуэнымкIэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр езыгъэкIуэкIыу щыта лъэпкъылI щэджащэхэм. Абы теухуауэ телевиденэми, радиоми, газетхэми ар куэдрэ къыщыпсэлъащ. Щоджэным дедгъэкIуэкIа псалъэмакъхэм язым дыщыщигъэгъуэзауэ щытащ анэдэлъхубзэ и лъэныкъуэкIэ иIа гурыгъузхэм. Ноби ди гъащIэм абыхэм увыпIэ зэрыщаубыдэр къэтлъытэри, Леонид а Iуэхум хуиIа еплъыкIэхэр утыку къитхьащ.

- Перестройкэм и зэманым дыкъагъэгугъат ди бзэкIэ деджэжыну хуит дащIыну. Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр Тхьэгъэпсо Хьэжысмелти, дызэгурыIуэри, Iуэхур тэмэму дубзыхуат. КъыщIэддзащ сабий садхэм кIуэ цIыкIухэри еджакIуэхэри классиплIым нэскIэ адыгэбзэкIэ ирагъаджэу. Абы щыгъуэм учебникыу тху зэздзэкIащ сэ. ДызэрызэгурыIуамкIэ, япэщIыкIэ 4-нэ классым нэскIэ, тэмэму зэтеувэмэ, адэкIэ предмет псори я анэдэлъхубзэкIэ яджу тщIынут, урысыбзэм, хамэ къэралыбзэм сыхьэт щхьэхуэхэр яIэжу. АрщхьэкIэ куэд дэмыкIыу Iуэхур зэтракъутащ: «Дэ адыгэбзэми балъкъэрыбзэми КъалэкIыхьым дыфIихынукъым. Урысыбзэ дымыщIэмэ, глобализацэ екIуэкIым дыхыхьэфынукъым», - жызыIа унафэщIхэм. ПэщIэдзэ классым кIуэ цIыкIухэр илъэс зыбжанэкIэ я анэдэлъхубзэмкIэ еджащ. Си тхылъымкIэ зэреджэм срагъэплъыну школхэм срагъэблагъэрт. Абы щыгъуэм егъэджакIуэхэм жаIэрт: «Леонид, ди сабийхэр бгъэтыншыжащ, тIу зыхуэдгъэувыжын дгъуэтыжыркъым, 4, 5-кIэ йоджэ. УрысыбзэкIэ еджэ классхэм идогъапщэри, абы щIэс сабийм зы есэп ищIыжыхукIэ мыдрейр апхуэдэу 5-м полъэщ». Абы къикIыр сыт? Зи анэдэлъхубзэкIэ узэпсалъэ сабийр нэхъ псынщIэу зэрыгупсысэрщ. УрысыбзэкIэ жепIэм къикIыр къыгурыбгъэIуэным зэман токIуадэри, а есэп щIыжыным нэмысу урокыр еух. «Сабийр и анэдэлъхубзэкIэ егъэджэн хуейщ, армырамэ, абы и акъылым псынщIэу зиужьынукъым, дэгуауэ къэхъунущ», - жаIэ педагог цIэрыIуэхэу Коменский Ян, Ушинский Константин сымэ.
Языныкъуэхэм къалъытэ сабийр пэщIэдзэ классым и анэдэлъхубзэкIэ еджэмэ, класс нэхъыжьхэм кIуа нэужь, урысыбзэр зэримыщIэм къыхэкIыу, и зэфIэкIым кIэрыхуу. А Iуэхум хуэмейхэм абы щхьэусыгъуэ Iэджэ къыхуагъуэтыф. Класс нэхъыжьхэм нэсмэ, я еджэным кIэроху жыхуаIэр пцIыщ. Зы бзэ фIэкIа зымыщIэу еджапIэм кIуа сабийм урысыбзэкIэ къепсалъэмэ, зыгуэр къыгурыIуэну?! Хуэм-хуэмурэ урысыбзэр къищтэну аращ абы. А предметым хухаха сыхьэт бжыгъэмкIэ бзэр абы фIы дыдэу хузэгъэщIэнущ. АдэкIэ радиомрэ телевизорымкIэ абы зэхихыр урысыбзэщ. Урысыбзэ дэ дымыщIэжу дыкъэнэнкIэ шынагъуэ щыIэкъым, жылагъуэм нэхъыбэу щызекIуэр аращи. Хуей-хуэмейми, а бзэр къищтэнущ сабийм. «Сабийр и анэдэлъхубзэкIэ илъэсихкIэ еджа нэужь, адэкIэ хамэ къэралыбзэр къыхэбгъэхьэ хъунущ», - жеIэ Коменский Ян. 
Иджыпсту дызэрыт щытыкIэм хуэдэу кIуэмэ, щIэблэм я анэдэлъхубзэр яIэщIэхунущ. Къапщтэмэ, адыгэбзэкIэ ирижэу къеджэф куэд щIалэгъуалэм яхэткъым. Ар псори къыщежьэр еджапIэхэм адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр зэрагъэмэщIарщ. Бзэр гъэлэжьэн хуейщ. Уи бзэкIэ лъэIу тхылъ птхамэ, жэуапри абыкIэ къратыжыпхъэщ, зэхуэсхэри пшыхьхэри ди анэдэлъхубзэкIэ екIуэкIыу щытын хуейщ. Ди бзэр IуэхущIапIэхэм щымылажьэмэ, абы кърикIуэнур щIагъуэкъым.
Бзэр щымыIэжмэ, ар зыIурылъа лъэпкъыр хэкIуэдэжауэщ зэрабжыр. Абы къикIыр адыгэ лъэпкъыр убыххэм хуэдэу дыкIуэдыжыну пIэрэ жиIэу аращ. Я анэдэлъхубзэм и лъэныкъуэкIэ гурыгъуз зиIэр ди закъуэкъым, ар лъэпкъ цIыкIухэр псори зыIууэ гугъуехьщ. Ди къэралым анэдэлъхубзэм и Iуэхур зыIутым и гугъу пщIымэ, абы лей къытохьэ. Ауэ ар апхуэдэу щыт хъунукъым. ООН-ри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри телэжьэн хуейщ мы дунейм бзэуэ тетыр зэрахъумэным. 
КъызыхэкIа лъэпкъым и бзэр, и тхыдэр, и щэнхабзэр дэтхэнэми ищIэу щытын хуейщ. Лъэпкъ зырызу дунейм дыкъыщытрагъэхьэкIэ, зыр зым дыкъызэрыщхьэщыкIыр зыIэщIэдгъэху хъунукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ, псалъэм папщIэ, IуэхуфIщ Адыгэхэм я махуэр зэрагъэувар. Илъэс 25-рэ мэхъури, Литературэ саугъэт зыми иратакъым, иджы сом мелуанкIэ ягъэпэжэну къыхалъхьащи, ари хъарзынэщ. Мис ахэр и щыхьэтщ гува-щIэхами, бзэм и Iуэхур зэрефIэкIуэнум.
Тхылъми нобэ хуэфэщэн пщIэ игъуэтыжыркъым. Абы и пIэр Интернетым иубыдащ. Сэ си дежкIэ тхылъым и пщIэр зэи ехуэхынукъым. Тхылъ гъэщIэгъуэн срихьэлIамэ, си иужьрей сомыр щIэстынурэ къэсщэхунущ. Апхуэдэу ищIэнущ тхылъыр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэми. Ауэ, пцIы хэмылъу, Интернетыр къызэрыунэхурэ куэдым тхылъым мыхьэнэшхуэ иратыжыркъым. Апхуэдэу щымытын щхьэкIэ щысабийм щегъэжьауэ дегъэхьэхын хуейщ тхылъым. Дунейм къытехьэ тхылъхэр зыхуэдэм цIыхухэр щыгъэгъуэзапхъэщ. Тхылъыр зэ Iэпэгъу зыхуэхъуам ар тыншу IэщIыб ищIынукъым. Абы дыхуэмеижыну, къэкIуэн имыIэу жызыIэр щоуэ. Компьютерым уи нэр ирифыкIауэ узэрыбгъэдэсымрэ тхылъ къапщтэу уеджэнымрэ зэи зэхуэдэ хъунукъым. 

 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: