Дунейр псэкIэ зыхэзыщIэ

Бицу Анатолэ хэлъхьэныгъэфI хуищIащ адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм, псом хуэмыдэу адыгэ усыгъэм. ИкъукIэ гурыхьщ икIи купщIафIэщ Бицум и IэдакъэщIэкIхэр. Ахэр зэманым поджэж, ущииныгъэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы  езым и нэгу щIэкIар, гуфIэгъуэу илъэгъуар, гуауэу игъэвар зи творчествэм наIуэу къыхэщ усакIуэхэм ящыщщ.

Бицум «ГуфIапщIэ» зыфIища и япэ усэ тхылъыр 1969 гъэм, езыр Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым и ещанэ курсым щIэсу, адыгэбзэкIэ «Эльбрус»  тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. УсакIуэм и япэ тхылъым нэгъуэщI зыбжани къыкIэлъыкIуащ. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэкIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Зы дакъикъэ» (1971 гъ.), «Фэеплъ» (1975 гъ.) «Псалъэ быдэ» (1977 гъ.), «Гуэл щхъуантIэ» (1981 гъ.), «Балъкъэр пшыналъэ» (1987 гъ.), «Усыгъэхэр» (1997 гъ.), «Псэм и дуней» (2003 гъ.), «КIуэцIрыкIыбжэ» (2008 гъ.) тхылъхэр. УрысыбзэкIэ Налшыкрэ Москварэ дунейм къыщытехьащ «Стремление» (1983), «Человек и небо» (1979), «Сквозь сердце» (1983), «Мотив» (1984), «От весны до весны» (1986), «Позывные жизни» (2005) жыхуиIэ, усэхэмрэ поэмэхэмрэ зэрыт тхылъхэр.

Бицу Анатолэ и творчествэм тепсэлъыхьащ щIэныгъэлIхэр,  къэхутакIуэхэр. Дэ дыкъытеувыIэну дыхуейт абы и балладэхэм. УсакIуэм итхащ «Бгырысыр къызэралъхуар», «ЩIакIуэ кIапэ», «Жамболэт», «НэхъыщIэ», «Лъагъуныгъэ», «Къэзакъ», «ХъунщIакIуэмрэ джэгуакIуэмрэ» балладэхэр. УсакIуэм ди гум къегъэкIыж ижь-ижьыжкIэ адыгэхэм яхэлъа хабзэр, нэмысыр, лIыгъэр, цIыхугъэр, икIи ахэр наIуэ щохъу и «ЩIакIуэ кIапэ», «НэхъыщIэ» балладэхэм.

И купщIэкIи, и ухуэкIэкIи гъэщIэгъуэнщ «ЩIакIуэ кIапэ» балладэр. АбыкIэ усакIуэм ди нэгу къыщIегъэувэж пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъа нэмысыр. ЩIакIуэ кIапэ теува лIитIым я къамэхэр иралъхьэж нэхъыжь къащыбгъэдыхьэм. ЛIитI зы жылэ щыщу зэфIонэри, щIакIуэ кIапэ зэдытеувэн хуей мэхъу. Арати, а мурадыр яIэу йожьэ. Гъуэгум нэхъыжь къащыхуозэри, абыхэм губгъэн къахуещI: бийм егъэс къуажэжьыр, езы тIур зэрыукIыну хэтщ. Абыхэм я щхьэ Iуэхум ипэ лъахэр ирагъэщ. Хэкум къытеуа бийм пэщIоувэри хагъащIэ. Абдеж лIитIми шыIэныгъэшхуэ яхэлъу, зым и щIыбыр зым ихъумэу, я гупэхэр бийм хуэгъэзауэ мэзауэ. Я къалэныр зэрызэфIэкIыу, я псалъэмакъым пащэжри, щIакIуэ кIапэ зэдытоувэж.

Яшхэр ирагъэлъри – нос мэз лъапэм,

         Нызэдытоувэ щIакIуэ кIапэ...

         Балладэр абыкIэ еух. Сюжетым, балладэм и зэхэлъыкIэм къыбжеIэ мы тхыгъэм зы псалъэ е зы нагъыщэ щIигъужатэмэ зэрылейр. Шэч хэлъкъым, упщIэ зыбжанэ къоув занщIэу: адэкIэ дауэ хъуа а тIум я Iуэху? Хэт текIуа? ЗэрыукIыжыну яхуэфащэ лIы хахуитIым? НэгъуэщIхэри.  Ауэ дэ лIитIым дигу якIэрыпщIащ: лIы хуэдэу, я губжьыр иракъухри, хэкур яхъумащ. ЩIакIуэ кIапэм хэт щытемыкIуами, тIуми лIыгъэрэ напэрэ яIэщ. ЖызыIэни щыIэнщ тIури лIыгъэншэу, ауэ усакIуэм и гупсысэ нэхъыщхьэм арэзы дытемыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым – Хэкум и гузэвэгъуэр тIуми нэхъапэ зэрырагъэщар. Аращ усакIуэр адэкIэ а тIум я Iуэху дауэ хъуами щIытемыпсэлъыхьыр.

«НэхъыщIэ» балладэми усакIуэм щигъэлъапIэр Iэдэбу щыт, нэмыс, хабзэ зезыхьэхэрщ. Пасэ зэманым щыгъуэ адыгэхэм я бынхэр хабзэ ткIийм щIапIыкIыу щытащ. Нэхъыжьым пщIэ хуэщIынри хабзэу щыIэм я нэхъыщхьэжт. УсакIуэми ар Iэзэу къегъэлъэгъуэж.

Щхьэгъэрыту ягъэува щIалэм пщIэ лей къыхуащIауэ къибжыжырт. Абы зэхимыхыпхъэ зэхихыртэкъым, зэхихыпхъэ зыри блигъэкIыртэкъым, зыпэрыт Iэнэр зыхуеипхъэ гулъытэншэу къигъанэртэкъым. Нэхъыжьым тутын ирифыну мурад щищIым, щхьэгъэрытым мафIэ жьэгум къыдихри, и щIыбым къыдыхьащ. Нэхъыжьым ар имылъагъуу хъуэхъу къригъажьэри, ар иухыху щIалэм и Iэр мафIэм щIисыкIащ. Ауэ щIалэм зыкъригъэщIакъым, нэхъыжьым и псалъэри зэпиудакъым. Псори къызыгурыIуа нэхъыжьым гу лъитащ абы лIы нэс къызэрыхэкIам.

УсакIуэм мы балладэмкIэ къыджиIэну зыхуейр цIыхугъэ нэсыр ди зэманым нэхъ лъапIэ зэрыхъурщ. Дауи, апхуэдэ цIыху, зи Iэр мафIэм щIезыгъэсыкIыфын, иджыптсу бгъуэтыжынукъым, ауэ аракъым нэхъапэр, атIэ ди адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэу щыта хабзэм къиубыд псори дэ тхуэмыгъэзащIэми, ахэр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунырщ.

Иджырей адыгэ поэзием езым и увыпIэ щхьэхуэ щеубыд Бицу Анатолэ. Ар дунейр псэкIэ зыхэзыщIэ, зыгъэщIэращIэ художникщ – романтик-лирикщ.

Бицур ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал сымэ адыгэ поэзием щыпхаша гъуэгуанэм ирикIуэхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зэхэщIыкIыгъуэу, гупсысэ Iущхэр щIэлъу, псалъэ IуэнтIа-шэнтIахэр хэмыту тхэ усакIуэхэм.

Къуэдзокъуэ Лианэ.

 

Поделиться: