Пэжыр зэрызэрахъуэкI Iэмалхэр

Гъуазджэ, щэнхабзэ, литературэ, дин щIэныгъэ ирехъу, щабагъымрэ дахагъэмрэ нэхъапэу къэзылъытэ дэтхэнэ зэхэтыкIэ екIуми я хьэтыр зымылъагъу цIыху ущрихьэлIэкIэ, укъоуIэбжь. Хьэл-щэн зэпIэзэрытыр зыгъэпажэ гупсысэкIэм дауэ ар Iейм тригъэшхуа, жыбоIэри. Ауэ щыхъукIэ, пэжыр нэпцIым хуигъэкIуэн къалэн зиIэхэри мащIэкъым. Тхыдэм апхуэдэ щапхъэ кэуд дегъэлъагъу.

Урысыбзэ зымыщIэ адыгэхэм къагурыIуэнкIэ мыгузавэу, пащтыхьым и блыгущIэтхэр тепсэлъыхьырт КъурIэныр узэрыхуейуэ зэбдзэкI зэрыхъунум, абы бгырысхэр нэхъ IумпIафIэ зэрищIынум.

«КъурIэныр зэбдзэкIыныр гугъуу къыщIэмыкIынумэ, Къэбэрдейр урыс унафэм щIэува хъун папщIэ, а Iуэхум сэбэпынагъ къишэнут, - етх 1828 гъэм жылагъуэ лэжьакIуэ Дашков Дмитрий. - НэгъуэщI дин зезыхьэхэм дзыхьмыщIу яхущыт муслъымэнхэр хамэ лъэпкъым и унафэм щIэувэн гукъыдэж къагъэлъэгъуэнуи, ар яфIэфIынуи ущыгугъ хъунукъым. Зытет хабзэхэр ящымыгъупщэжауэ, Урысейм и жьауэм щIэувэныр ягу техуэнукъым. Чыристан диным уигу щызыгъэкI псори хэбгъэкIыу, КъурIэныр зэбдзэкIыну ухуежьэнри егъэлеяуэ Iуэху гугъущ. Я диным и тегъэщIапIэхэмрэ ар зэрызэрахьэ хабзэхэмрэ тхъуэжмэ, я фIэщхъуныгъэр къаIэщIэтча хуэдэу хъунущ. Хэт ар дзыхь зыхуэпщIынур? Дызыхуейр къыдэхъулIапэми, къэбэрдей адыгэхэм а зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъамытэныр пэж?»

1858 гъэм пащтыхь тетыгъуэм мурад ищIащ «Кавказым православ диныр щызэфIэгъэувэжынымкIэ зэгухьэныгъэ» зэригъэпэщыну. ЩIыналъэр зи унафэм щIэт джыназ Барятинский Александр а Iуэхур зэфIэкIа зэрыхъунум щегупсысым, гу зылъитари гъэщIэгъуэнщ: «Бгырысхэм я дежкIэ ислъам диныр я Хэкур фIыуэ зэралъагъум, щхьэхуиту зэрыпсэум и дамыгъэ, и нып хуэдэу щытщ, гъащIэр IэфI ящызыщI псори къызэщIиубыдэу. Политикэ и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, ди телъхьэхэми къыдэзауэхэми, Алыхьыр зи фIэщ хъухэми мыхъухэми апхуэдэу къащохъу я диныр. Кавказым къыщыхъуа дэтхэнэ зым дежкIи, бгырыс муслъымэныр дзыхь зыхуэпщI хъуну цIыху пэжщ. Мымуслъымэныр - хамэщ, хъарыпщ, унэIутщ. Абы къыхэкIыу, муслъымэну дунейм къытехьар къыщалъхуа махуэм щегъэжьауэ абы ирогушхуэ. Чыристан ныкъуэу къэна лъэпкъхэм мурид хабзэм къыхуезыджэ ущиякIуэу зрихьэлIахэр лIы ирикъу цIыхум и щапхъэу я нэгум щIэтщ: жьакIуэрэ хахуэу, асыхьэтым я псэр ятын хьэзыру. А псэемыблэжыныгъэр лей къыщытехьэ гуэрукъым бгырысым зэригъэувыр, атIэ къарукIэ зыпэмылъэщ джаурхэм зэраукIамкIэ Алыхьым и пщIэр зэриIэтам кърикIуа лIэныгъэ гухэхъуэущ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: