И къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ

         Кавказым ис лъэпкъ зыбжанэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм, нэгъуэщIхэми, ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ. ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, нарт эпосыр дунейпсо культурэм и фIыпIэм хохьэ: ар щыхьэт тохъуэ кавказ лъэпкъхэм я нэгу тхыдэшхуэ зэрыщIэкIам, абыхэм я ныбжьыр пасэрей дунейм къызэрыщежьэм.

         Нарт эпосыр кавказ лъэпкъ зыбжанэм къызэдагъэщIащ, дэтхэнэ лъэпкъым дежи теплъэ щхьэхуэрэ лъабжьэ куурэ щиIэщ.

         Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр художественнэ къаруушхуэкIэ узэдащ, лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къапхрыкI гъуэгуанэм ишэщIащ абыхэм я къарур, кIуэ пэтми заукъэбзу, макъамэщIэхэмкIэ заузэду къэгъуэгурыкIуащ «дунейр щымыджэмыпцIэ лъандэрэ».

         ЩIэныгъэм шэч къытрихьэркъым адыгэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нарт эпосым и вариант нэхъ ин дыдэхэм зэращыщым. Адыгэхэм я деж къыщызэтенащ нарт эпосым и нэхъ пасэрей дыдэ макъамэхэр; адыгэхэм я деж ущрохьэлIэ адрей лъэпкъхэм яфIэкIуэдыжа пшыналъэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм.

         Адыгэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ жыжьэ дыдэ къыщежьэ лъэпкъ фащэкIэ узэдащ, абы ахэр къыхегъэщхьэхукI нарт эпосым и адрей лъэпкъ вариантхэм. Псалъэм папщIэ, адыгэхэм я деж нарт эпосым щиIэ ухуэкIэмрэ зэрызэхэлъымрэ зэи хэгъуэщэнукъым абхъазхэм е осетинхэм я деж узыщрихьэлIэм. Ардыдэр яхужыпIэ хъунущ нарт эпосым и лIыхъужьхэми. Ди эпосым и лIыхъужь нэхъыщхьэр Сосрыкъуэщ: осетинхэм я деж абы къыщылъысыр етIуанэ увыпIэщ. Апхуэдэщ нарт эпосым и лъэпкъ вариантхэм Сэтэнеи, Батрэзи, Уэзырмэджи, Насрэн ЖьакIи зэрыщыплъагъур: зы лъэпкъым деж щыцIэрыIуэмэ, адрей лъэпкъым деж абыхэм пщIэшхуэ щамыIэнкIэ мэхъу.

         Нарт хъыбар, пшыналъэ къэс, зэрыхабзэщи, сюжет белджылы гуэрым тещIыхьащ. Зы нартым хъыбар е пшыналъэ зыбжанэ къыдогъуэгурыкIуэ. Адыгэ эпосым зэрыщыхабзэщи, нартыр дунейм къыщытехьам къыщыщIэдзауэ ди пащхьэм ит зэпытщ: щыгъуазэ дохъу абы и сабиигъуэм, и япэ зекIуэм, и лIыгъэм, и кIуэдыжыкIэм.

         Нартыр сыт щыгъуи хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, леймыгъэгъущ, псэемыблэжщ. «Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу» Бэдынокъуэ нарт хэкум и хъумакIуэщ; «лIы фIыцIэ гъущIынэм» - Сосрыкъуэ - нартхэ мафIэ къахуехь; «гуузищэу зэкIуэцIылъ» Батрэз Гъуд къалэ екъутэ; Ашэмэз щIалэм тIуащIэр зи быдапIэ Лъэбыцэжьей хегъащIэри, и адэм илъ ещIэж. Апхуэдэ гуэркIэ мыцIэрыIуэ яхэткъым нартхэм. ЛIыгъэмрэ захуагъэмрэ папщIэ бэнэныгъэм хошасэ нартхэр, я нэхъыбэри хокIуадэ абы.

         Илъэси 150-м щIигъуащ адыгэ нарт эпосыр хэIущIыIу зэрыхъурэ. Абы и цIэ япэ дыдэ изыIуар Хъан-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэщ. I842 гъэм дунейм къытехьащ Хъан-Джэрий и зы тхыгъэ - «Адыгэхэм я диныр, хьэл-щэнхэр, хабзэхэр, я псэукIэр». А тхыгъэмкIэ Хъан-Джэрий щыхьэт техъуащ адыгэхэм нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ящыщ зыбжанэм я цIэ ириIуащ. Нарт лIыхъужь нэхъыщхьэхэм я цIэ иреIуэ Нэгумэ Шори. Адыгэхэм нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ къазэрыдэгъуэгурыкIуэм щыхьэт техъуа фIэкIа, Нэгумэ Шори Хъан-Джэрии ятхыжа зы хъыбари зы пшыналъи ди деж къэсакъым.

         Адыгэ нарт эпосым щыщ пшыналъэ дунейм къыщытехьар 1864 гъэрщ. А гъэм Тифлис къыщыдэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и тхылъ цIэрыIуэр - «Сосрыкъуэрэ иныжьымрэ, Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ я пшыналъэхэр». ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ нэхъ иужьыIуэкIэ дунейм къытехьащ Ашэмэз и пшыналъэри Бэдынокъуэ и пшыналъэри.

         ХьэтIохъущокъуэ Къазий иужькIэ адыгэ нарт эпосым хуэфэщэн гулъытэ игъуэтыжакъым - ди лIэщIыгъуэм и япэ плIанэр блэкIыху. Нарт пшыналъэхэр, хъыбархэр зэхуэхьэсыным, къыдэгъэкIыным гулъытэ щигъуэтар ди зэманырщ: нарт эпосыр зыбжанэрэ къыдэкIащ иужьрей илъэс щэ ныкъуэм - адыгэбзэкIи нэгъуэщIыбзэхэмкIи; псом япэу зи цIэ къиIуапхъэр, дауи, Мейкъуапэ къыщыдэкIа тхылъиблырщ, ХьэдэгъэлI Аскэр игъэхьэзырауэ.

         Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къыпхахащ адыгэхэм, дэтхэнэ лIэщIыгъуэми и нэпкъыжьэрэ и лъэужьрэ ихъумащ нарт эпосым. Абы уригъуазэмэ, унэплъысынущ пасэрей адыгэ щэнхабзэм и лъабжьэм; нарт эпосыр щыхьэт тохъуэ ар зи IэдакъэщIэкI лъэпкъым зи къуэпсыр жыжьэ дыдэ къыщежьэ щэнхабзэ хьэлэмэт зэригъэпэщауэ, пасэрей дунейм цIэрыIуэ щыхъуауэ къызэрыгъуэгурыкIуам.

Къартул Хьисэ.

        

 

 

Поделиться: