Хэхэсхэр дзыхэркъым

Уэсмэн къэралыгъуэм и сулътIаныр зауэ-банэм хэмыкIыу псэу курдхэр къигъэIурыщIэну, я щхьэ къамыIэтыжын хуэдэу и бжьым щIигъэувэну сыт щыгъуи иужь итащ. СулътIаным и мурад бзаджэм мэIуху хуищIат Тыркум зи псэр нэзыхьэса адыгэхэр, абазэхэр, шэшэнхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зы мыгъуагъэм зыщызыдзеяхэр етIуанэ мыгъуагъэм Iууащ. Ахэр цIыху зыщымыпсэуф Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр), Хинзир-Даг, Коча-Даг, Айгормез-Даг, Али-Даг мывалъэ щIыпIэхэм ягъэкIуащ. Ябгынэжа щIыналъэр адыгэхэм къагъэIурыщIэмэ - зыфI, ар яхузэфIэмыкIыу илIыхьмэ - фIитI. Арагъэнут тырку унафэщIхэм Iуэхур зытращIыхьар. Ауэ гугъуехьым игъэдзыхакъым хэхэсхэр. Публицист ц1эры1уэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд зэритхыжымк1э, ди лъэпкъэгъухэр псэууэ къызэтенам и мызакъуэу, езыхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ яухуащ. ЩIыпIэ гугъусыгъум щыпсэухэм (гушыIэу а щIыналъэм КъэбэрдеишхуэкIэ йоджэ) яхузэфIэкIащ я хабзэри, я нэмысри, я бзэри яхъумэн. Мы щIыпIэр къэзыгъэIурыщIахэм я щIэблэм ноби ящыгъупщакъым адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэр. ЩIыналъэм и къалэ нэхъ иным - Къайсэр - щыIэщ адыгэ къафэмкIэ ансамбль. Нэхъ жылагъуэшхуэхэм щолажьэ Адыгэ Хасэхэр.

Я лъэпкъыбзэмрэ хабзэхэмрэ ящIэж абазэ, шэшэн мухьэжырхэми. Абыхэмрэ адыгэхэмрэ пщIэ зэхуащIу, ныбжьэгъугъэ быдэ зэхуаIэу зэдопсэу. ГуфIэгъуэ щаIэми, гузэвэгъуэм дежи зэрогъуэт, зыр зым дэIэпыкъуэгъу хуохъу.

Куэд щIакъым дэ а щIыналъэ пхыдзам дыкIуэ зэрыхъурэ. Дэ ди нэгу щIэкIащ иджырей зыужьыныгъэр ауэ жыжьэуи здынэмыса адыгэ, шэшэн, абазэ къуажэхэр, депсэлъащ абыхэм щыпсэухэм. Ноби абыхэм я гущIэм щагъафIэ я адэхэм, адэшхуэхэм я Хэкужьым - Кавказым - къыхуаIэу щыта лъагъуныгъэр.

1992 гъэм Узун-Яйлам щыхьэщIащ «Бжьамий» уэрэджыIакIуэ гупыр, къыкIэлъыкIуэ илъэсым - «Кабардинка» къэрал ансамблыр, Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр. Абыхэм куэд яхузэфIэкIащ адыгэ хэхэсхэр къэгъэушынымкIэ, адэжь хэкумкIэ къаплъэ щIынымкIэ.

Къайсэр вилайетым хиубыдэ адыгэ, абазэ, шэшэн жылагъуэхэм зи хэкур зыбгынахэм я щIэблэу мин 40 хуэдиз щопсэу. Абыхэм я процент 66,7-р къэбэрдей адыгэщ, 21,1-р - хьэтыкъуей, абэзэхэ адыгэщ, 7,6-р - абазэщ, 4,6-р - шэшэнщ. Къайсэр къалэм адыгэу, абазэу мин 37-м нэблагъэ дэсщ. Километри 105-кIэ Къайсэр пэжыжьэ Пынарбаш къалэм цIыху мин 15 щопсэу. Абы и нэхъыбэр адыгэщ. А къалэ цIыкIум и лъабжьэр зыгъэтIылъари ахэращ. Хьэзей - аращ абы адыгэхэр зэреджэр. Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и къуажэ нэхъ ин дыдэр Юкариборандерещ (Елъыхъуей).

Тыркум щыIэ Къэбэрдеишхуэм и щIыналъэр километр зэбгъузэнатIэ мини 10 мэхъу.

КъэбэрдеишхуэкIэ зэджэ щIыпIэм хиубыдэ адыгэ къуажэхэр Къайсэр, Сивас, Мараш вилайетхэм (областхэм) хохьэ. Сивасым апхуэдэу щыIэхэщ Къуэгъулъкъуей, ХьэпцIей, Бабыгуей адыгэ къуажэхэр.

ХимиемкIэ езыгъаджэ Амщыкъуэ Тэжеддин къызэрызжиIамкIэ, езыр зыщыщ Къуэгъулъкъуейм дэса унагъуэ 45-м щыщу нобэ къыдэнэжар унагъуи 5 къудейщ. ЩIэныгъэ, IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэр лэжьапIэ хуей мэхъу, нэгъуэщI къэралхэм куэд мэIэпхъуэ.

Къуэгъулъкъуейм щыпсэуащ Срыкъуэхэ, Тхьэзэплъхэ, ФIыцIэжьхэ, ХьэщIэлIхэ, Щоджэнхэ, МаскIэхэ, Къанкъуэщхэ, Бланэмыхьхэ, Амщыкъуэхэ.

ХьэпцIей жылагъуэм и Iуэхур узэхъуэпсэнкъым. Абы щыпсэужыр адыгэ унагъуи 9 къудейщ. Мис ахэр: Къандурхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Ансыкъуэхэ, Бэхъунэхэ, Берычэтхэ, Къущхьэбийхэ, Бэгъуэтхэ, Сейнхэ.

Iэпхъуэшэпхъуэныр нэхъ зылъэмыIэсахэм ящыщщ Узун-Яйла (Бгы КIыхьхэр) щIыпIэм щыIэ адыгэ къуажэхэр. А жылагъуэхэм къыдэкIащ Тырку псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэр, IэщIагъэлIхэр, дзэ къулыкъущIэхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Узун-Яйлам къикIа цIыху цIэрыIуэ куэд иджыпсту щолажьэ Истамбыл, Анкара, Измир, Къайсэр, нэгъуэщI къалэшхуэхэми. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ Тыркум фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлI, юриспруденцэмкIэ профессор, Истамбыл университетым щезыгъэджа Думэныщ Хъейри. Думэныщым адыгэбзэ дахэ Iурылъщ, лъэпкъым и хабзэр, тхыдэр фIыуэ ещIэ. Уэчыл хъуну студентхэр абы и тхыгъэмкIэ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ.

Хьэмшэрий жылагъуэхэр къызэтIысэкIа Метие (Мударей) къуажэм нэхъапэм адыгэ унагъуи 120-рэ щыпсэууэ щытащ. Иджыпстуи абы унагъуэ 70 къыдэнащ. Мис абыхэм я унэцIэхэр: Дыджэш, Куэший, Быф, Жанхъуэт, Къардэн, ХьэщIэуэд, Таучэл, Хьэшокъ, Хьэмгъуокъу, Нэзэр, Цыгъум, Мэрзей, Вэрокъуэ, Ныбэжь, Шыбзыхъуэ, Журт, Бадзэ, Шэт, ДыщэкI, Щокъал, Хьэжмуд, Щоджэн, Мэремкъул, Лъостэн.

Метие къуажэм километрийкIэ фIэкI пэжыжьэкъым Кафтангиен (Анзорей) жылагъуэр. Абыи адыгэ унагъуэ 72-рэ щопсэу: Шопархэ, Къумыкъухэ, Тэхъухэ, Зэпышэхэ, Макъейхэ, Къардэнхэ, Сосмакъхэ, Хьэххэ, Дзэгъащтэхэ, Тхьэмбылмышххэ, КIыщийхэ, Мамхэгъхэ.

А Анзорейм километриплIкIэ пэIэщIэу къыщысщ етIуанэ Анзорейри (Пазарсу). Мыбы фэ фыщыхуэзэнущ Тэхъу, Танокъуэ, Кыл, Дыкъынэ, ХьэжтIиш, Адэжэ, Бырс, Борсэ, Мэрзей, Алътуд, Нэгъуей, Пщыншэ, ГъукIэпщокъуэ, Мэремкъул унэцIэхэм. Псори зэхэту адыгэ унагъуэ 30 щопсэу Пазарсу къуажэм.

Ташлигеджит (Тэхъухьэблэ) зэрыхъур унагъуэ 15 къудейщ. Абы дэсщ Тэхъухэ, Къанжэхэ, ШкIэжьхэ, Нэхущхэ, Зэпышэхэ.

Метие къуажэм пэгъунэгъущ Ореншехир (Къундетей) жылэри. А тIум я зэхуакум дэлъыр километр 12 къудейщ. Мыбы ущрихьэлIэнущ Думэн, Хьэшыр, Хьэтхьэлэ, КIуэкIуэ, Нэгъуей, ЖьакIэ, Алътудокъуэ, ДыщэкI, Цыгъум, Мэш, ШыкIэбахъуэ, МэшылI унэцIэхэм.

Каракуюи КъундетейкIэ йоджэ. Мыбы щопсэу Шэджэмхэ, Жэнакъхэ, ФIэщмыхъухэ, Кхъуэжьхэ, ФэрэкIхэ, Абазэхэ, Нэгъуейхэ, Уэрдымхэ, Хьэжбэвыкъуэхэ, Науржанхэ, ЛIыгуащIэхэ, Дыдухэ, ШкIэжьхэ, Тхьэзэплъхэ, Жэбагъыхэ, Пщынокъуэхэ, Къашыргъэхэ.

Поделиться:

Читать также: