УэкъулэКъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжа тхыгъэхэм щыщщ ЕтIуанэ Iыхьэ Кушыку и гупыр я Iэщэхэм епхъуат, щIалэр яукIыну. - Щывгъэт! КIуэ тIасэ, лIыгъэ уиIэщ! - жиIэри, зэанэзэкъуэр я гъуэгу тригъэувэжащ. ЩIалэр Кушыку и пщIантIэм дыхьэри и хьэщIэщым щIыхьащ. «Пщы уэлийр дэс!» - жиIэу щыщIэупщIэм: «Мэзым щIыхьауэ тхьэмахуитI хъуауэ мэщакIуэри щIэтщ», - къыжраIащ. Мэзым хыхьэжа гупым Кушыку яжриIащ. - Арами, абы ухущIемыгъуэж, си щIалэ, абы уи лIыгъэр игъэунэхуну арати, анэм лIыуэ укъилъхуауэ укъыщIэкIащ! - жиIащ анэм. АрщхьэкIэ щIалэм игу фIы щыщIэнт!… Кушыку къызэрыдыхьэжу жраIащ хьэщIэ зэриIэр. Зыри жимыIэу и унэм щIыхьэжщ, зитхьэщIщ, зигъэкъабзэщ, гъуэлъри жеящ. - Дэгъуэу фщIащ фыкъызэрыкIуар, фыкъыхэмыщту хьэщIапIэм фис, зывгъэпсэху! – яжриIэри къыщIэкIыжащ. ЕтIуанэрей махуэм Къэбэрдейм шу джэгуакIуэхэр хигъэхьащ: - ХьэщIэ сиIэщи, фыкъызэхуэс! - жиIэри. «Уипщ къоджамэ, уи лъэдакъэпэр уи пхэщхьэлым теуэу жэ!» - жыхуаIэрати, пщы уэлийм яхуигъэува пIалъэм ирихьэлIэу къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэр къызэхуэсащ. Къызэхуэсахэм Кушыку Iэнэр ину къахузэIуихщ, щIалэр IэнэкIэм игъэтIысщ, езыри жьантIэм къыдэтIысхьэжри жиIащ: - Си ныбжьэгъухэ, Джылахъстэней къикIауэ хьэщIэ сиIэщи, мы Iэнэр абы и Iэужьщ, мэрэмэжьей къысхуишэри къэкIуащ дригъэфэнуи, девгъафэ! - жиIэри. Зы жэщ-махуэкIэ зэхэмыкIыу гупыр ефа нэужь, Кушыку жиIащ: - Иджы, си хьэщIэ лъапIэхэ! Джылахъстэней къикIыу къысхуэкIуа си хьэщIэр уэкъулэ къысхуэкIуауэ аращ. Мис мо щIалэр аращ. И анэм фIэкIа имыIэу, адэ щхьэщымытыжу къэхъуащ. Псэуну хуейщ. - Сэ изот шы-уанэ зэтелърэ зы жэмыщIэрэ. Фэ къефтынумкIэ фыхуитщ, фи напэ фызэреплъщ, - жиIащ Кушыку. Пщы уэлийм апхуэдэу жиIауэ ирамыту хъурэт! - АтIэ, сэ мы щIалэм естыну жыхуэсIа шы-уанэ зэтелъымрэ жэмыщIэмрэ пщэдей нэху здэщым мо БгыцIыкIущхьэм тетынущ. Фэри мы щIалэр къызэрывгъэгугъахэр пщэдей нэху здэщым къытевгъэувэ! - жиIащ Кушыку. -АпщIондэху дэ дефэу дызэхэсынущ! Кушыку и унафэм зыри ебакъуэ хъунутэкъыми, я пщафIэ щIалэхэр зэбграгъэжащ. - Мес, щIалэ, мо БгыцIыкIущхьэм тет Iэщхэр псори ууейщ, хуи кIуэж, гъуэгу махуэ, упсэуну ущыхуейкIэ, псэу! - жриIащ Кушыку. ЩIалэр къэтэджыжри: - Уа, Кушыку, жьы ухъури, делэ ухъужащ. Апхуэдиз Iэщыр, къыздикIар зымыщIэж хьэулейм сыт щIедбгъэтар? - жиIащ пщыхэм ящыщ зыгуэрым. - Абы лIыгъэ иIэти, ивэзгъэтащ, фэ лIыгъэ фиIэм, къытефхыж! - жиIащ Кушыку. - Хуит дыщI закъуэ, АлыхькIэ соIуэ зы мэлыкIэ едмыгъэхун! - жиIащ нэгъуэщI зыгуэрми. - Хуит фызощI, ауэ фи напэр текIауэ фыкъанэм, фыщIегъуэжынщ! - жиIащ аргуэру Кушыку. - Деплъынщ! - жари пщы чэф къомыр къызэрыIэтри, Кушыкуи яхэту, БгыцIыкIущхьэм зэрыдэхащ. Джылахъстэней щIалэр Кушыку ирита шы-уанэ зэтелъым шэсауэ Iэщыр зэщIиугъуаеу нэсахэщ. - Уа, щIалэ, удели уэ, дэ дыпщыдыхьэшхауэ аращ, ахъумэ зыри уэттакъым! - жиIэри зым и шыр ирихулIащ. - Мыхэр къызэзытар Жанхъуэтыкъуэ Кушыкущ, ахъумэ фэ зыри къызэфтакъым. Абы етыж жиIэм, фэстыжынщ, армырауэ зы шыкIэ фэстынкъым! - жиIэри къэуващ. Хэт бгъэдихуэрэ еIэпщакIуэми, шым къытричырти, хыфIидзэрт. Апхуэдэу псори зэщхьэщиудщ, яшхэр езым ирата шыхэм хихуэри, ирихужьэри ежьэжащ. Ди напэр токI, Кушыку, мы емынэм къыдищIар ныбжьырыхъуэнщ. Е мыр дукIынущ, е дишхэр къыдегъэтыж! - жаIащ. Кушыку Джылахъстэней щIалэм кIэлъыщIэпхъуэри бгъурылъэдащ. - Абыхэм яхуэфащэр епщIащ, лIыгъэ уиIэщ, яшхэр етыжи, уэ къуатар ху, - жриIащ. Джылахъстэней щIалэм пщы-уэркъ гупым яшхэр къыхихужри, адрейхэр ирихужьэри ежьэжащ. - Мис абы и лIыгъэр аращ апхуэдиз мылъку щIывезгъэтар! - жиIащ Кушыку.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|