ГушыIэри гъэсэныгъэм и зы Iэмалщ

Ставрополь къалэм и «Россия - моя история» музей-выставкэ IуэхущIапIэм мэкъуауэгъуэм и 24-м пщIэншэу щагъэлъэгъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щытраха «Испытание аулом» унагъуэ комедиер.

Фильмыр мазэ бжыгъэкIэ щытрахащ КъШР-м хыхьэ Кызыл-Тогай къуажэмрэ Черкесск къалэмрэ. Абы нэхъыбэу щыджэгуар а щIыналъэм щыпсэухэрщ, лэжьыгъэм и пэ къихуэу актёр Iэзагъэм и щэхухэм мащIэ дыдэу хуагъэсахэр.

Ставрополь крайм щыпсэухэм Iэмал яIащ гушыIэр зэбэкI, узытхьэкъу щIыуэпс теплъэгъуэхэмкIэ гъэнщIа фильмыр кинотеатрхэм щагъэлъэгъуэн и пэ къихуэу еплъыну. Лэжьыгъэм къыщаIэтащ Кавказым ис лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэмрэ хабзэхэмрэ яхъумэжын зэрыхуейм,  унагъуэм исхэм я зэхуаку  дэлъ зэгурымыIуэныгъэм теухуа Iуэху зэIумыбзхэр.

ЛIыхъужь нэхъыщхьэр Москва щыпсэу, илъэс 11 хъу блогер Тимурщ. Ар и къандес адэм похьэ къуажэм дэс и адэшхуэ ткIийм деж къэзэуатыншэу зы мазэкIэ щыIэну. Нэгъуей щIалэ цIыкIур и анэдэлъхубзэми я лъэпкъ хабзэхэми пэIэщIэщ. Аращ языныкъуэхэм деж и адэшхуэ-анэшхуэм жаIэр къыщIыгурымыIуэр. Къуажэм щIалэ цIыкIум щIэ куэд къыщыпоплъэ. Апхуэдэщ шыгъажэр. ЛIыхъужьым шы къэжыхьыкIэ зрегъащIэри, куэд щIауэ шы тесыкIэ зыщIэ къуажэдэс щIалэ цIыкIухэм абыкIэ йофIэкI. Зэрыт ныбжьми емылъытауэ, кином еплъ дэтхэнэри дехьэх къалэдэс щIалэ цIыкIум и гъэсэныгъэм теухуа лэжьыгъэм. Комедиер гушыIэкIэ гъэнщIащ, ауэ, зэрыжытIащи, купщIэ иIэщ.  

Фильмыр ягъэхьэзыращ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Президент грантхэм я фондыр, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондыр я дэIэпыкъуэгъуу. Абы и продюсерыр УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI, киномкIэ школым и унафэщI Найманов Артурщ. Фильмыр тезыхар Къэзахъстаным щыщ кинооператор, продюсер, клипмейкер Дулатов Азэмэтщ. Абы лэжьыгъэ 40-м нэблагъэ иIэщ.

Наймановым жиIащ 2020 гъэм лъандэрэ фильмыр зэрытрахыну грант дэIэпыкъуныгъэ зэрыпэплъар икIи 2021 гъэм УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм мелуан 15 зэрыхухихам и фIыгъэкIэ ар къазэрехъулIар.

- Фильмыр хуабжьу сигу ирихьащ. Голливудым къыщыдагъэкI зы лэжьыгъи апхуэдэу иджыри спэгъунэгъу хъуакъым. Си Iыхьлы-благъэхэм я деж сыкIуэжыну сыкъытригъэхьащи, пщэдей фIэмыкIыу гъуэгу сытехьэну къыщIэкIынщ, - жеIэ Карткожаковэ Алимет. - Си унагъуэр, си шыр, сыщыцIыкIум сызыхэта шыгъажэр сигу къигъэкIыжащ.

Продюсер, УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хазанов Геннадий и псалъэм къыхигъэщащ гупым апхуэдэ лэжьыгъэ зэуэ къащехъулIэ куэдрэ къызэрымыхъур. Абы жиIащ балигъхэмрэ сабийхэмрэ я зэхущытыкIэхэм лэжьыгъэм гулъытэ зэрыщыхуащIар, щIалэгъуалэм я закъуэ  мыхъуу, языныкъуэхэм адэ-анэхэми щыуагъэ зэраIэщIэкIыр къызэрагъэлъэгъуар.

Фильмыр мыгувэу иратынущ Урысеймрэ СНГ-мрэ я кино гъэлъэгъуапIэхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: