Рейхстаг

Рейхстагыр - нэмыцэ парламентым и унэщ. 1894 гъэм щыщIэдзауэ 1933 гъэ пщIондэ абы щекIуэкIащ парламентым и зэIущIэхэр. 1999 гъэм ухуэныгъэм и цIэр БундестагкIэ зэрахъуэкIащ. Ар здэщыIэр Берлин и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ икIи абы зыплъыхьакIуэ мелуанхэр макIуэ.

Бундестагым и кIуэцIымкIи и щIыбымкIи иджыри ущрохьэлIэ урыс сэлэтхэм традзауэ щыта тхыгъэхэм, фочышэхэм кърауда блынхэм. Унэшхуэр зыхуей хуагъэзэжами, зауэм и лъэужьхэр къагъэнащ цIыхухэр мелуан бжыгъэкIэ зыхэкIуэда гузэвэгъуэр ящымыгъупщэжын папщIэ.

Ухуэныгъэм и тхыдэм уриплъэжмэ, ар ящIащ Франкфурт щыщ архитектор Валоттэ Пауль и проектымкIэ. Рейхстагым и ухуэныгъэр 1884 гъэм ирагъэжьами, ар куэдрэ яхунэгъэсакъым. Дипломат Радзинский Дюк а щIы Iыхьэр и щхьэзакъуэ мылъкуу зэрыщытым къыхэкIыу, псэуху хуит ищIатэкъым. Ауэ абы къыщIэна и къуэм Iэ щIидзащ ухуэныгъэр и кIэм нагъэсыну хуит зэрищIым теухуа дэфтэрым. КъызэтрагъэувыIауэ щыта Рейхстаг ухуэныгъэр илъэсипщI дэкIыжауэ нагъэсыжат.

XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм лэжьакIуэхэм къагъэхъу зэрыхьзэрийр Германиеми нэсат. Рейхстагым и пырхъуэхэм ящыщ зым щыжаIащ а щIыналъэр республикэ щхьэхуит зэрыхъуар. Езы ухуэныгъэр революционерхэм яубыдащ.

1933 гъэм Рейхстагым мафIэсышхуэ къыщыхъуащ. Властыр а зэманым зыIэщIэлъ Гитлер абыкIэ коммунистхэр игъэкъуэншат. Тхыдэтх куэдым къалъытэ мафIэсыр национал-социалистическэ рабочэ партым и унафэщIхэм я IуэхущIафэу.

1945 гъэм ирихьэлIэу ухуэныгъэм къыхэнэжар мащIэт. Хэку зауэшхуэр иуха нэужь илъэсипщIым нэблагъэ дэкIыжауэщ къэралым и Правительствэм Рейхстагыр зэригъэпэщыжыну къыщыхилъхьар.

1972 гъэм архитектор Баумгартен Пауль Рейхстагыр щIэрыщIэу иухуэжащ. Ар япэ проектым къыщхьэщыкIми, абы и теплъэм щыщ гуэрхэр яхъумащ. 1992 гъэ пщIондэ абы тхыдэ институт щыIащ. А гъэ дыдэм британ архитектор цIэрыIуэ Фостер Норман унащхьэм абдж купол хуищIащ, лифтымкIэ абы удэкIуейуэ къалэм укъыхэплъэ хъууэ. Абы и фIыгъэкIэ дэтхэнэ зыплъыхьакIуэми иджы Iэмал иIэщ Берлин къыхэплъэну. 1999 гъэм Рейхстагыр (Бундестагыр) аргуэру Правительствэ ухуэныгъэ хъужащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: