Узыпхрыплъу къабзэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ фIэщыгъэцIэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».

Шапсыгъ диалектым ирипсалъэхэм зэрыжаIэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр.

Ар дыдэм щыхьэт техъуащ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор КIуэкIуэ Джэмалдини. Абы къызэрыхигъэщауэ, псалъэм и иужьрей пычыгъуэм «щхъуантIэ» мыхьэнэр иIагъэнущ икIи псалъэпкъитIым я зэхуаку дэувэ «уы» префиксыр «ущхъуэнтIын», «кIуэ пэтми нэхъ щхъуантIэ хъун» жыIэгъуэхэращ зыхуэкIуэжыр.

Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Мерэтыкъуэ Къасым зэрыжиIауэ, кIахэ (адыгей) диалектым ирипсалъэхэм «Псыушъхъо» фIэщыгъэм «тхъурымбэ зыщI псы» мыхьэнэри кърагъэкIыу щытагъэнущ. Зэрытлъагъущи, зи гугъу тщIы псалъэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм щхьэж езым и Iуэху еплъыкIэ иIэщ, икIи а псори зым къытеувыIауэ щыткъым.

Шапсыгъ щIыналъэм мы и Iэгъуэблагъэм «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм къытехъукIауэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэри щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу тщIынщ:

- Псыущхъуэ Ин» - Ашэ псым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхолъадэ. И къежьапIэр Нэужьыкъуэпсщ. Километр I7 и кIыхьагъщ.

- Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ. Апхуэдэу зэджэ сэнтхыщхьэм лъэныкъуитIымкIи щезылъэщIэх джабэщIхэм къыщыщIэж псы къуэпсхэр Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэ холъадэ. Мы тIум я къежьапIэр зы Iуащхьэ кIыхь екIуэкIыр арами, зыдэлъэдэжхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, тIуащIэ зырызщ: япэр - ТIуапсы, етIуанэр - Ашэ псы нэхъ инхэр зыдэтхэрщ.  

- Зи гугъу тщIы джабащхьэм и лъэныкъуэ зырызхэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэм зэреджэми а псалъэ дыдэр къыхощ. «Псыущхъуэ ЦIыкIурэ» «Псыущхъуэ Инрэ» - аращ абыхэм, кърагъэтIасэу, урысыбзэкIэ трагъэIукIар (адыгэхэм «ШIоикъу», «Кодэшъахьып» псалъэхэращ жаIэр). Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, иужьрей фIэщыгъэм «Къуэдэс (Кодеш) тыхь щыхуащI щIыпIэ» мыхьэнэри ирапхыу щытащ.

XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм пащтыхь правительствэм игъэувыIащ урысхэм я «жыIэ» емыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр. КIэлъыкIуэ лъэбакъуэу, ахэр хуит ящIащ алъандэрэ зыдэса къуакIэ-бгыкIэхэм къыдэкIыу, хуагъэлъэгъуа щIыпIэхэм ящыщу нэхъ яфIэкъабылхэм къуажэ щаухуэну. Арати, шапсыгъ-хьэкIувхэм ящыщ зы гупым Псыущхъуэ бгыжьым деж щыса пасэрей жылэжьхэм я гъунэгъуу зи гугъу тщIа къуажэ цIыкIухэр щаухуэжащ. Ар къыщыхъуар I895 гъэращ.

 ТIуапсы районым и бгылъэ щIыпIэхэм ис адрей къуажэхэми хуэдэу, мы жылэ цIыкIуитIым я щыIэкIэ-псэукIэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыд лэжьыгъэхэм ящыщщ пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэр зэрагъэкIыр. Мыхьэнэ нэхъ зрат жыгхэм я гугъу тщIымэ, мыIэрысэ, кхъужь, дэ цIыкIу къызыпыкIэхэрщ. ЩIыпIэм щыпсэухэр бжьэ гъэхъунми хуэIэзэщ.

Iуащхьэ екIуэкIхэм я джабэ нэкIухэмрэ мэзылъэ бгыхэмрэ иджыри къыздэсым уащрохьэлIэ Урыс-Кавказ зауэжьым ипэкIэ мы щIыпIэм щызэрахьэу щыта пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэм я лъэужь телъыджэу къыщызэтена жыгыжьхэм. Абыхэм ноби пхъэщхьэмыщхьэ узыншэхэр къапокIэ.

Шапсыгъ къуажэ цIыкIуитIым я Iэгъуэблагъэр турист кIуапIэщ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэ зэманым. ЩIыпIэм къакIуэхэр гъунэгъу Iуащхьэхэм, псыкъелъэ дахэхэм я Iэхэлъахэм яшэ, шытхыщхьэхэм зыщрагъэплъыхь, мэзылъэ тIуащIэхэм я нэгу зыщрагъэужь.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также: