Анэм и IэщIагъэр къэзыщта пщащэ

Москва Хьэрычэт Iуэхухэмрэ дизайнымкIэ и институтым и еплIанэ курсым щеджэ Сэральп Ликэ ящыщщ зэфIэкI къэзыгъэлъагъуэ щIалэгъуалэм. ДахагъэмкIэ «Mercedes-Benz Fashion Week», «PROfashion Masters» гъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру хэтащ икIи щехъулIащ. FRONT тыкуэнри щIоупщIэ абы и лэжьыгъэхэм.

Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зи псэм хэлъ модельер-дэрбзэр цIэрыIуэ Сэральп Мадинэ ипхъу Ликэрэ Лалинэрэ зэрыцIыкIурэ и анэм и лэжьыгъэхэм кIэлъыплъурэ зыхуагъэсащ IэпэIэсэ IэщIагъэ дахэм. Щыгъынхэм я дизайным дахьэх хъыджэбзхэм лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэми гулъытэшхуэ хуащI.

- Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр зэрагъэхьэзырым, абы и тхыдэм теухуахэр дызэрыцIыкIурэ тфIэгъэщIэгъуэнщ. Фащэр лъэпкъым и «теплъэр» къэзыгъэлъагъуэ пкъыгъуэ дахэщ. Ди фащэхэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI куэдми сыдахьэх, ауэ лъэпкъ щыгъынхэм си гупэр щахуэзгъазэкIэ, гу лъызотэ зы гъэщIэгъуэн гуэр къызэрызэхъулIэм. НэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэми ди фэилъхьэгъуэхэр яфIэгъэщIэгъуэнщ. Курыт еджапIэр къызэрызухыу дизайн IэщIагъэм сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ, абыхэм сыщелэжьыну пIалъэр къысхуэмыгъэсу, - жеIэ Ликэ. - ЗэфIэкI зиIэ IэпщIэлъапщIэхэм пщIэ щаIэщ сыщеджэ институтым. Лэжьыгъэ нэхъыфI зыгъэхьэзыр студентхэм ректоратым къыбгъэдэкIыу грант къыхуагъэфащэ. ДахагъэмкIэ «Mercedes-Benz Fashion Week», «PROfashion Masters» утхэм щыдогъэлъагъуэ ахэр. Япэ, ещанэ курсхэм творческэ Лъэпкъ чемпионат зэIухахэм «Щыгъынхэм я художник» унэтIыныгъэм къыщызгъэлъэгъуа зэфIэкIхэм къыпэкIуэу сызэрагъэлъэпIар гуапэ сщыхъуащ.

Москва и «Зарядье» паркым и утыкум щекIуэкIа «Дахагъэм и тхьэмахуэ» гъэлъэгъуэныгъэми Ликэ и лэжьыгъэхэр хагъэхьащ, дизайнер нэхъыфI 200-м щIигъум я IэдакъэщIэкIхэм къадэкIуэу. Санкт-Петербург дэт Урыс Этнографие музейм и илъэси 120-р нэгъабэ щагъэлъапIэм, Мадинэрэ абы ипхъу дизайнер Ликэрэ ирагъэблэгъат. Мадинэ гуапэ щыхъуащ FRONT FASHION урыс IуэхущIапIэм и цIэкIэ юбилей зэхыхьэм къызэрыщагъэпсэлъамрэ Ликэрэ езымрэ я лэжьыгъэхэр абы иращIэкIа пшыхь дахэм щагъэлъэгъуэну Iэмал зэраIамрэ.

Урыс дизайнерхэм я FRONT тыкуэнымрэ Урыс этнографие музеймрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща PROfashion Masters зэпеуэми Сэральп Ликэ и зэфIэкI щеплъыжащ. Iуэху дахэр къыхэзылъхьахэм я къалэныр музейм щахъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэманым къигъэувхэм зэрыпэджэжым щIалэгъуалэм хуэфащэ гулъытэ хурагъэщIынырт. КъэпщытакIуэ гупым хэт, фэшн-журналист Михайловская Ольгэщ а зэпеуэм щытекIуа Сэральп Ликэ езыгъэблэгъар. Мы Iуэхум папщIэ Мадинэрэ Ликэрэ музейм и фондым щахъумэ, хьэгъуэлIыгъуэхэм, джэгухэм зэрыхыхьэ адыгэ цIыхубз, цIыхухъу фащэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, я плъыфэм, щэкIым, теплъэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу. А фэилъхьэгъуэхэр я щыхьэтщ, цIыхубэ фащэхэр зэрыдахэм къищынэмыщIауэ, зэманми зэрыдекIум. Проектым хыхьэу зэанэзэпхъум ягъэхьэзыра фэилъхьэгъуэ щIэщыгъуэхэр Михайловская Ольгэрэ продюсер Филипповэ Евгениерэ къызэрагъэпэща FRONT тыкуэным и сайтым къыщыхьащ.

Зэпеуэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ къыхэжаныкI, зэпымыууэ зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ пщащэ цIыкIум и цIэ а IэщIагъэм зэрыщигъэIунум шэч хэлъкъым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: