Ухеймэ, улъэщщ

           Накъыгъэм и 27-м къыдэкIа «Адыгэ псалъэ» газетым тхыгъэшхуэ дыкъыщеджащ зи цIэ къизымыIуа тхьэмадэ гуэрым теухуауэ: «Фымылъэгъуамрэ зыхэвмыщIыкIымрэ щыхьэт нэпцI фытемыхъуэ» (къамыгупсыса хъыбар).  Редакцэм къытIэрыхьащ абы пэджэж тхыгъэ.    

         «Тхыгъэр зытеухуам сынэмыс щIыкIэ, ар зытхыжа, гукъеуэ зиIэ нэхыжьыфIым бампIэдэх хуэхъуа Щомахуэ Залинэ фIыщIэ хуэсщIынут. «Си къалэн згъэзэщIауэ аращ», - жиIэнкIи хъунщ хъыджэбзым, итIани, IэнатIэ пэрыт псоми я къалэныр гунэсу ирахьэкIыу щытамэ, а Дадэм къыдбгъэдилъхьа гукъеуэм хуэди диIэнтэкъым, жьантIэр зыхуэфащэми ар щхьэщызыхын и унэ щIыб къыщилъыхъуэнтэкъым.  

        Уи гуныкъуэгъуэр газетым къыщепхьэлIакIэ, Дадэ, ар зи унэ ихьэхэми дзыхь къызэрытхуэпщIыр гурыIуэгъуэщи, уи хъыбарым къеджахэм сэлам гуапэ удохыж. Къытезгъэзэжурэ тIэу сыкъеджащ уи псэрыIуатэм, нэгъуэщI псалъэ къысхуэгъуэтыркъым. Япэ къеджэгъуэм сигу хигъэщIащ. «Ярэби, зи цIэр зыбзыщIа мы нэхъыжьыфIыр щыпсэур сщIамэ, сыкIуэнти, а и жагъуэ къэзыщIахэм псалъитI захезгъэхынт», - жысIэрт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэкIэ псалъэу къэнэжа тIэкIуми хабзэр Iэнэм деж къыщежьэрэ джэгум деж щиухыжу къащохъу. «Нэхъыжь-нэхъыщIэр» щхьэ щIэлъэныкъуэ Iыхьэу фIэкIа ящIэркъым нэхъыбэм.  

       Къуажэрэ! Жылэрэ! Дауэрэ дылъэпкъ? Сытхэри ди хабзэ? Илъэс 84-м нэсауэ мащэ Iуфэм щепэзэзэх нэхъыжьыр хамэм деж тхьэусыхакIуэ догъакIуэ. АпхуэдизкIэ къытщошынэри, и цIэр къриIуэну тегушхуэркъым.   ДэIэпыкъуэгъу къыхуэхъу гъунэгъур гъэпщкIуауэ фIэкIа, и куэбжэ дыхьэну хуиткъым. Ди тхыдэм уриплъэмэ, адыгэ унагъуэм щамыпIам и махуэ мыгъуэщи, дызыщотхъуж, зыдогъэщIагъуэ. Иджы мис, дызэвгъэплъыж. Я адэ пэлъытэм жьыгъэр бэлыхь щащIыныр лIыгъэу къызыфIэщIахэм сыт я махуэ? 

            НэхъыжьыфIым и цIэр зэрыдмыщIэм къыхэкIыу, нэхъыфI дыдэу мы Iуэхум тхухэщIыхьынур ар Алыхьышхуэм бгъэдэтлъхьэнырщ. А чэнджэщ дыдэмкIэ езыми зыхуэзгъэзэнут. Ярэби, Дадэ! КъурIэным 38-рэ уикIауэ жыбоIэ, удинIыхьлыщ. Уи пщIэнтIэпсыр пIихыу, унэ-лъапсэ къозыта Алыхьталэм и гущIэгъум уелъэпауэу къыпщыхъуркъэ «жьы хъуахэр щапIыж унэм сыкIуэнущ» щыжыпIэкIэ? Ныбжьыр хэкIуэтэху, узыхуейр нэхъ мащIэ щхьэкIэ, узэсам гъащIэр нэхъ гъэкIуэгъуафIэ ещI. Хьэлыр пхъуэжыну, умыцIыхухэм задебгъэкIуну гугъущ. Андез щтапIэ тынш къудей щумыгъуэтынкIи хъуну хамэ щIыпIэм нэхъыфI къыщыппэплъэу щхьэ къыпщыхъурэ? КъурIэнымрэ нэмэзымрэ я IэфIри Алыхьталэм и арэзыныгъэри къызэралэжьыр тэмакъкIыхьагъырщ, ар уэ хэт нэхъри нэхъыфIу уощIэ.  МыщIэларэ мыделарэ щыIэкъым щIыжаIэр цIыхум зихъуэжын, щIегъуэжын зэрихьэлырщ. УакъыгурымыIуэу къыпфIэщIми, уи нэхъыщIэхэм щапхъэу ураIэщ. Зэгуэр къыщIагъэзэжын щхьэусыгъуэ уахуэмыхъупIэ иIэкъым абыхэм. КъагурыIуэрэ пхуэфащэ пщIэр къыпхуащIмэ, уехъулIащ. КъыпхуамыщIщи – псапэр зейр дэзычыхырщ, зыхуэзыгъэныкъуэрщ, ар Алыхьталэм езымыудэкIырщ. Губзыгъэракъэ «делэм фIэкIыну» къызытехуэр? Нэмэзлыкъым узэрытету, апхуэдизу гъащIэм и мыхъумыщIагъэм укърещIыкI. Уи дурэш тIэкIур убгынэмэ, уи хабзэ утетыжынуи, уеблэмэ уи бзэкIэ упсэлъэжынуи уи дзэ шыуэ, хамэм уафIэлIыкIыу упсэун хуей хъунущ.

         «КъурIэныр сIэщIэлъщ, дэнэ деж сыт итми, сощIэ», - жыбоIэ, Дадэ. Дауи, сэ ныбжькIи тIысыпIэкIи къыстехуэркъым узгъэIущыжыну, ауэ бэлыхь хэхуа муслъымэн псоми Алыхьышхуэр къызэрыдэущие Iэятыр уигу къэзгъэкIыжынут: «Зыгуэрым зыщыбдзейуэ, абы уифI хэлъу къыщIэкIынкIи мэхъу. Зыгуэрым ухуеIэу, абы уифI хэмылъыххэу къыщIэкIынкIи мэхъу. Алыхьым ещIэ, фэ фщIэркъым» (2:216).

         ЕтIанэгъэ пIалъэ фIыкIэ унэс, Дадэ! Алыхьым уи гукъеуэ псори пщхьэщих! Зи дин къалэн зыщIэж нэхъыжьхэр зэрыдимащIэрщ нобэ щIалэгъуалэр зыгъэщхьэрыуэр.  Тхьэм адыгэр ущиякIуэншэ димыщI».

                                                                                            ЧЭРИМ Марианнэ.

        

 

Поделиться: