Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэмрэ абы увыпIэшхуэ щызыубыд уэрэдыжьхэмрэ хъумэным ятеухуа нэгузыужь дауэдапщэ.

Зэхыхьэм и пэублэм псалъэ зрата, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ Зеущэ Iэуес къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ди лъэпкъ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжыным, хуэбгъадэ хъун щымыIэу ахэр гъэзэщIэным зи гъащIэ псор тыхь хуэзыщIа КъардэнгъущI Зырамыку пхиша творческэ гъуэгуанэмрэ бэм къахуигъэна тхыдэ щIэинымрэ. Къыхэгъэщыпхъэу, Зеущэм къыдигъэкIащ Зырамыку и гъащIэмрэ и лэжьыгъэ гъуэгуанэмрэ я теплъэгъуэ куэд Iупщ1у къыщыгъэлъэгъуа тхылъ. Ар ди республикэм макъамэм щыхурагъаджэ и IуэхущIапIэхэм пщIэншэу яхуегуэш.

Зырамыку зэхуихьэса уэрэдыжьхэр пшыхьым щагъэзэщIащ «Кавказ», «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблхэм, «Ветеран» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Елмэс Анатолэ, артистхэу ШыкIэбахъуэ Ислъам, Дадэхъу Рэмэзан, Нартокъуэ Мухьэмэд, Зеущэ Iэуес сымэ. Абыхэм ящIыгъуу пшыхьыр ягъэбжьыфIащ Бахъсэнёнкэ, Кыщпэк къуажэхэм я къэфакIуэ гупхэм.

ЗэIущIэр къызэзыгъэпэща, Бахъсэнёнкэ жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и методист Зэгъэщтокъуэ Людмилэ тепсэлъыхьащ адыгэхэм къакIуа тхыдэ гъуэгуанэр сыт и лъэныкъуэкIи хъума щыхъуа макъамэ IуэрыIуатэм къыдэкIуэтей щIэблэмкIэ мыхьэнэ ин зэриIэмрэ ахэр цIыху къэс къадэгъуэгурыкIуэн зэрыхуеймрэ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: