УэсятиплIрэ чэнджэщиплIрэ Iэбу ТIалиб и къуэ Алий зэрылIыкIыну уIэгъэр телъу, и къуэ Хьэсэн къыщхьэщыст, гъыуэ.
- Сыт ущIэгъыр? – йоупщI и къуэм Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Алий.
- Дауэ сымыгъынрэ, ди адэ? Уи псэр хокI, дунейр уобгынэ, ахърэтым уокIуэж.
Адэ гумащIэр къэпсалъэри жиIащ:
- Уа, си щIалэ! УэсятиплIрэ чэнджэщиплIрэ къыпхузогъанэри, абыхэм утетыфмэ, пщIам и зэран къокIыжынкъым.
- Сыт хуэдэ ахэр, ди адэ? – щIэупщIащ Хьэсэн.
- Псом нэхърэ нэхъ бейр губзыгъэрщ. Делэм нэхърэ нэхъ тхьэмыщкIэ щыIэкъым. Закъуэныгъэм я нэхъ Iейр – къызыфIэщIыжынырщ. ЕхъулIэныгъэм я нэхъыфIыр – хьэл-щэн дахэрщ.
- Ар уэсятиплIырщ, ди адэ, чэнджэщиплIыр-щэ?
- Акъылыншэр умыгъэныбжьэгъу. Сэбэп къыпхуэхъуну хуеипэми, абы и зэран къокIыжынущ. ПцIыупси умыгъэныбжьэгъу: абы жыжьэр – гъунэгъуу, гъунэгъур – жыжьэу къыщохъу. ЦIыху быдэ умыгъэныбжьэгъу, абы умыщIэххэу укъигъэпцIэжынущ. ЦIыху мыхьэнэншэми зыщыдзей: абы щайкIэ уищэжынущ.
Поделиться:
Читать также:
11.12.2023 - 11:55 →
ПсэкIэ щIалэхэр
09.12.2023 - 15:27 →
Ди бзэкIэ дывгъэгупсысэ
06.12.2023 - 19:13 →
ЗэфIэкIышхуэ зиIа адыгэлI
06.12.2023 - 17:22 →
НэгъуэщI къару хэхыпIэ гуэр иIэ?
06.12.2023 - 12:06 →
КъатиплIу зэтет телъыджэ
|