90 гъэхэм къэрал псом къыщыхъуа жылагъуэ, политикэ, щэнхабзэ, литературэ зэхъуэкIыныгъэхэм зи усакIуэцIэр къадэунэхуахэм ящыщщ МахуэлI Нарзан. Ар усэ тхылъищкIэ («Гум и пшыналъэ» (1994), «Мывэм сопсалъэ» (1997), «Усэхэр» (2001) лъэпкъ литературэм хэуващ, ауэ иужьрей лъэхъэнэхэм и усакIуэ «макъыр» нэхъ ужьыхыжащ. Апхуэдэу щытми, МахуэлIыр нэхъ усыгъэ купщIафIэкIэ, философие кууагъ зыщIэлъкIэ зи макъ зыгъэIуа закъуэтIакъуэм ящыщщ.
МахуэлI Нарзан и усыгъэм и мотив нэхъыщхьэр хэкур фIыуэ лъагъуным ехьэлIащ, гуэхыпIэ имыIэу лъэпкъым и тхыдэм щепхащ. Адыгэм и блэкIа гукъутэр усакIуэпсэм удын хуохъу. «Куэдыщэ игъэващ си адэ лъахэм…» усэм МахуэлIым щетх:
Куэдыщэ игъэващ си адэ лъахэм,
И тхыдэр лъырэ нэпскIэ япсыхьащ.
Зэгуэр си хэку шабзэшэу къытехуахэм
Щыщ зы мы си гум хэлъу сыкъалъхуащ.
АдэкIэ усэм къыщыIуэтащ адыгэ хэкум и къабзагъымрэ адыгэ фащэм и дахагъымрэ. Уеблэмэ лирикэ лIыхъужьым къыхегъэщ лъэпкъым и налкъутналмэсу къызэрыдекIуэкIыр. Абы къызэрилъытэмкIэ, хуабагъэрэ нур гуапэкIэ гуашэ езы дыгъэ дыдэми екIунут а фащэр. Абы и щыхьэту усэм къыщокIуэ мыпхуэдэ сатырхэр:
Хуэмыдэ гъащIэт сэ си хэку хуэфащэр,
Абы хуэфащэ псор пхуэмыIуэтэнт…
Зэгуэр щитIэгъэфатэм ди лъэпкъ фащэр
Мо дыгъэр пэт адыгэм тхэгъуэщэнт.
МахуэлI Нарзан нэгъуэщI и зы IэдакъэщIэкIми къыхощ адыгэ хэкум и образ гъэщIэгъуэн. УсакIуэм «Мывэхэр и куэдщ сэ си къурш лъахэм» усэм пэжу гу зэрыщылъитэщи, ди хэкур мывалъэ щIыпIэщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, балъкъэр усакIуэшхуэ Кулиев Къасын и «УIэгъэ хъуа мывэ» («Раненный камень») усэм е Бещтокъуэ Хьэбас и «Мывэ лъэхъэнэ» роман- мифым къызэрыхэщым хуэдэу, МахуэлIым ди хэкум и мывэ къэскIэ псэ яIуту къызэригъэлъагъуэрщ:
Мывэхэр и куэдщ сэ си къурш лъахэм.
Мывэхэм куэдыщэ я фэм докI,
Зым и гъащIэр щехьыр псыхъуэ дахэм…
Зым и щIыфэм пшэхэр щызэблокI.
УсакIуэм къызэрилъытэмкIэ, мывэхэри хэкупсэу псыхьащ, абыхэми, цIыхум хуэдэу, я гъащIэр хэкум щхьэузыхь хуащI икIи абыхэм я образыр лъэпкъым и джакIуэу усэм къыхощыж:
Джэрпэджэжыр нэхъ щIэзыгъэхуабжьэ
А мывэжьхэм щхьэщэ яхузощI. –
Я къурш лъахэр къагъэушын папщIэ
Ахэм зыщадзыжу бгым къысфIощI.
МахуэлIым и философие гупсысэхэр куущ, и усэхэм къыщигъэщI гупсысэхэр укъигъэуIэбжьу гъэщIэгъуэнщ. Ар сытым хуэмыуэсми, и IэдакъэщIэкIхэм эстетикэ куур я лъабжьэщ, гъащIэм и IэфIыр я курыкупсщ.
Щапхъэу къэтхьынщ «Си хъуэпсапIэхэм щыщ…» усэм и кIэух едзыгъуэр:
Дыгъэм хуэдэу и псэр ину,
Хэлъу хуабэ куэд,
СыщIохъуэпсыр зэгуэр стхыну
ГъащIэм и сурэт.
МахуэлI Нарзан и усыгъэм щIыуэпсым и теплъэ зэмыфэгъуи, цIыхупсэм гурыщIэ зэмылIэужьыгъуи къабзагъымрэ щIыуэпсым и дахагъымрэ щызэпэджэжу гъэпсахэм ящыщщ «МахуэщIэм пежьэу жэщыр къэзыгъащтэ…», «Дыгъэпс къабзащэм еIубыну…», «Сыту жэщ къабзащэ…», нэгъуэщIхэри.
Совет нэужь лъэхъэнэм тхэн щIэзыдзахэм ящыщщ ПщыукI Латмир. И щIалэгъуэ дыдэм къыдигъэкIа «КъуэкIыпIэ пшэплъ» (1991), «Си гум и IэпапIэ» (1997) усэ тхылъхэм хэкупсэ мотивхэр зыубгъуща щымыхъуами, 2011 гъэм дунейм къытехьа «Губгъуэ зэрыджэ» сборникым усакIуэм нэхъ куууэ къыщигъэлъэгъуащ щалъхуа щIыналъэм и дахагъэмрэ абы хуиIэ фIылъагъуныгъэм и къабзагъымрэ. Абы щыгъуэми усакIуэм лъэпкъым и тхыдэр тегъэщIапIэ щищIыр мащIэкъым.
Сыт нобэкIэ ПщыукIыр зыгъэпIейтейр, сыт усакIуэпсэр зэрыгъур? Псом япэу ар зыгъэнэщхъей Iуэхугъуэхэм ящыщщ щIалэгъуэр пэIэщIэ зэрыхъур, жьыгъэр къызэрыблагъэр:
Йожьэжри, сыкъегъэгугъэ
АфIэкI къимыхьэну си лъапсэ,
КъэпцIыхужыну гугъуу,
ЗбгъэдокIри, мэхъужыр къабзэ...
АрщхьэкIэ лIыпIэ иува усыгъэм жыгъэр къытекIуэркъым, абы иджыри IуэхуфIхэр щIым къыщыпоплъэ, къалэн куэд игъэзэщIэну и пщэ дэлъщ:
Уафэм и лъащIэм пхрыкI гъэжалъэм
Силъэтыжыну жьыIуэщ.
Темэ и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, ПщыукIым и усыгъэм ущрохьэлIэ щIыуэпсым, лъагъуныгъэм, хэкур фIыуэ лъагъуным теухуа, ахэр псори щызэхэухуэнэжа усэхэм. Ауэ абы лъагъуныгъэ усэхэр щынэхъыбэщ. Ар и зы щыхьэтщ усакIуэр зытегузэвыхь щIалэгъуэр иджыри пэIэщIэ зэрымыхъуам, «зэремыжьэжам». ПщыукIым и лирикэ лIыхъужьым и лъагъуныгъэр къуэпсыбэщ, плъыфэбэщ, ауэ нэхъыбэу нэщхъейщ икIи жэуапыншэщ. ФIыуэ илъэгъуам Iумпэм къищIа гурыщIэм лирическэ лIыхъужьым бэлыхь куэд ирегъэшэч, арщхьэкIэ ар зэрихъуэжын фIыгъуэ дунейм теткъым:
Сэ гъусэ сщIынукъым нэгъуэщI.
ЩыхэщэIукIым Iэпкълъэпкъ нэщIыр
Гъусэ хуэхъуар уэрат си жэщым,
Псэ тIэкIур, гъужмэ, хъунущ гъуэжь,
Сэ гъусэ сщIынукъым нэгъуэщI.
УсакIуэм и лъагъуныгъэ лирикэм гъэщIэгъуэнагъыу хэлъыр ар пейзажым къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхарщ. УсакIуэм и гум щыщIэхэр нэхъыбэу къызэриIуатэр дыкъэзухъуреихь дунейм къыхиха образхэмкIэщ, дунейм и щытыкIэмкIэщ. Лъагъуныгъэ жэуапыншэм щыIущIэкIэ, абы и псэм зыкъыдищIу дунейми зехъуэж: «уафэр хэпщIыкIыу къолъэхъшэх», «къуршым пшэ гуартэ къыщхьэдох, псэм къепыджауэрэ фIыцIэу», «щIым къосри уэшхыр, налкъуту мэщэщэж».
ПщыукI Латмир и усыгъэр зэрыщыту къапщтэмэ, и бзэр къулейщ, шэрыуэщ. УсакIуэм Iэзэу къегъэсэбэп бзэм и Iэмал зэхуэмыдэхэр: эпитетхэр, метафорэхэр, къэгъэпсэуныгъэхэр, и усэ сатырхэр псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ щыпэгъунэгъури мащIэкъым.