Адыгэ арджэнхэм я тхыдэр

Мейкъуапэ и Сурэт галереем щокIуэкI «Адыгэ арджэным и тхыдэ» гъэлъэгъуэныгъэр. Абы утыку къыщрахьащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дипломант, IуэрыIуатэдж, адыгэ арджэнхэр щIынымрэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщI ГъукIэ Замудин и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ ГъукIэ Замудин и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы щыIащ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик Црым Руслан, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ Италием и художникхэм я зэгухьэныгъэмрэ хэт Мазло Эдуард, художник, арджэныщI цIэрыIуэ Мазло Руслан, музыкант ХьэцIыкIу Башир сымэ.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Аулъэ Юрэ, Сурэт галереем и унафэщI Берсыр Абдулыхь, КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм я къэрал музейм и къудамэу Мейкъуапэ дэтым и унафэщI, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ СэIэбцокъуэ Аминат, АР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Жыгун ФатIимэ, АР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абакумовэ Еленэ, Црым Руслан.

- Илъэсищэ, мин бжыгъэ хъуауэ лъэпкъым къыдекIуэкI  IэщIагъэ дахэхэм, гъуазджэм сызэрыдихьэхар, щIэблэр абы щIэспIыкIыну Iэмал сызэриIэр насыпышхуэу къызолъытэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэпщIыныр уасэншэщ! Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI IэпэIэсагъэр дывгъэхъумэ! – жиIащ Замудин. – Нэхъ пасэм арджэнхэм Урысеймрэ Тыркумрэ щIэупщIэшхуэ щаIэу щытащ. 50 гъэхэм абыхэм я пIэм алэрыбгъухэр щиувэм, ягъэхьэзыр бжыгъэм хэщIат, ауэ нэхъапэм арджэнхэм яIа щIэупщIэм хуэм-хуэмурэ дызэрыхуэкIуэжыр, лъапIэныгъэхэм я гупэр зэрыхуагъэзэжыр нэрылъагъущ. Лъэпкъ макъамэри аращи, ар зигу дыхьэ щIалэгъуалэр нэхъыбэ зэрыхъур  гуапэщ, узыгъэгуфIэщ.

Аулъэ  Юрэ ГъукIэ Замудин щIыхь тхылъ тыгъэ хуищIащ, лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьынымрэ хъумэнымрэ илъэс куэд хъуауэ хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIым папщIэ.

ГъукIэ Замудин Бахъсэн къалэм 1953 гъэм къыщалъхуащ. Зи анэшхуэр арджэнхэр щIыным хуэIэпщIэлъапщIэу щыта ГъукIэ Замудин абы дэмыплъеинкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЯпэщIыкIэ ар сурэт техынымрэ усэ тхынымрэ дахьэхащ. Адыгейм цIыхубэ гъуазджэхэмкIэ и академиер къиухащ. ИужькIэ Нало Заур, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ я гъусэу IуэрыIуатэр джынымрэ зэхуэхьэсыжынымрэ теухуа къэхутэныгъэхэм хэтащ.

IуэрыIуатэ экспедицэ зыбжанэм хэта ГъукIэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ  «Учимся играть на шичепшине», «Искусство адыгской циновки» тхылъхэр, «Атлас адыгского (черкесского) шичепшина» щIэнгъуазэр. Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм 80 гъэхэм къыщызэхикIухьам зэхуихьэса тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ хигъэхьащ а лэжьыгъэхэм. Адыгэ лъэпкъым и макъамэ гъуазджэм дихьэххэм я дежкIэ ГъукIэ Замудин и тхылъхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, абыкIэ сабийхэр шыкIэпшынэм хуебгъэджэфынущи.

ГъукIэ Замудин шыкIэпшынэр, Iэпэпшынэр, пшынэ дыкъуакъуэр, пхъэцIычыр, къамылыр, нэгъуэщI лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ цIэрыIуэщ, арджэн щIыным хуэIэпщIэлъапщIэщ. Абы йолэжь 1978 гъэ лъандэрэ.  ЛIыцIэрыIуэ Ким и цIэр зезыхьэ сабий школым и IуэрыIуатэ къудамэм ГъукIэм щIэблэр IэпэIэсагъэм мы зэманым щыхуегъасэ, лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр ихъумэу, абыхэм заригъэужьу. Замудин щIэблэр IэпщIэлъапщIагъэм щыхигъэгъуазэ «Жьэгу» лъэщапIэр музей хъуащ. Урысейм, хамэ къэралхэм къикIыу Адыгейм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм, щIэныгъэлI, IуэрыIуатэдж, къэхутакIуэхэм абы зыщаплъыхь, ди лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм яфIэгъэщIэгъуэну зыщагъэгъуазэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Китайм, Японием къикIахэр я хьэщIащ. И гъэсэнхэм ящыщщ дизайнер, художник цIэрыIуэ хъуахэр. ГъукIэм и Iэдакъэ къыщIэкIа макъамэ Iэмэпсымэхэмрэ арджэнхэмрэ ящыщхэр щахъумэ Адыгейм и Лъэпкъ музеймрэ сурэт галереемрэ.

Замудин и художественнэ унафэщIщ Адыгей къэрал университетым адыгэ уэрэдхэм яхухэхауэ къыщызэригъэпэща «Жьыу» ансамблым. Абыхэм ягъэзащIэ адыгэ уэрэдыжьхэр зытет дискищ къыдагъэкIащ. Ансамблыр хэтащ Москва, Санкт-Петербург, Къалмыкъым, Сочэ, Шотландием щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм икIи мызэ-мытIэу пашэ щыхъуащ. Гупыр щыцIэрыIуэщ адыгэ щыпсэу дуней псом и дэнэ плIанэпи.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: