Къуажэ пхыдзахэми лъэIэсынущ

Иджырей техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызы­хуэтыншэу зэщIэузэда автоклуб Бахъсэн щIыналъэм иратащ.

ИпэIуэкIэ дытепсэлъыхьауэ щытащ мыпхуэдэ автоклубыр тыншу концерт щат утыку ин е кинозал хьэлэмэт зэрыхъум. КъищынэмыщIауэ, а автоклубхэм щагъэлъагъуэ концертхэмрэ кинохэмрэ занщIэу ИнтернеткIи уеплъыфынущ.
Автомашинэр Бахъсэн щIыналъэм щратым, районым и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор жиIащ мы автоклубым и фIыгъэкIэ артистхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я Iуэхур нэхъ тынш зэрыхъунур. Иджы ахэр лъэIэсыфынущ къуажэ пхыдзахэми.
«Культура» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ 2024 гъэ хъуху Урысей Федерацэм и хэгъэгу 74-м апхуэдэ автоклубу 600 иратынущ, муниципалитет минитIым ящыщ дэтхэнэми я нэхъ мащIэу зы автоклуб лъысу. Псори зэхэту а программэм сом мелардищ трагъэкIуэдэнущ.

 

Чылар Аринэ.
Поделиться: