Балигъ хъуху

 Адыгэхэм куэд щIауэ къадокIуэкI къан хабзэр. КъызэрахутамкIэ, а хабзэм ныбжьышхуэ иIэщ, пасэрейхэм я деж къыщежьауэ къалъытэ. Хабзэр XIX лIэщIыгъуэм къэсащ, нэхъ зезыхьари лIакъуэлIэшхэрщ.

Пщым и къуэр атэлыкъым иримыгъэпIмэ, ар цIыхум яфIэемыкIут, апхуэдэпщым пщIэ имыIэу къалъытэрт. Щыгъуазэхэм зэратхыжамкIэ, пщым и бын и унэ къринэртэкъым: ар дунейм къызэрытехьэххэу и уэркъхэм ящыщ зым иритырти, балигъ хъуху иригъэпIырт. Балигъ хъуа нэужьт ар унэм къыщрашэжыр. Абы щыхьэт тохъуэ Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, нэгъуэщI щIэныгъэлIхэри. Нэхъыбэм зэратхымкIэ, быныр атэлыкъым (арат къан зыпIым зэреджэр) щратыр ар сабий ныбжьым щитым дежт, уеблэмэ сабий быдзафэу. Дунейм къытехьа сабийр, къану ятын ипэ, къэзылъхуам и унэм илъэситI-щыкIэ щапIынкIи хъурт – зекIуэху, псэлъэху. Сыт хуэдэ ныбжьми ирырет, пщым къуэ къыхуалъхуамэ, атэлыкъым иригъэпIын хуейт – ар лIакъуэлIэшхэр зытемыкI хабзэт. А хабзэр, нэхъ мащIэми, яхэлъащ уэркъхэми лъхукъуэлIхэми.

         Псоми ирагъэпIыртэкъым къан - ар дзыхь зыхуащIыр пщIэ, хыхьэхэкI зиIэ, хабзэм куууэ хэзыщIыкI цIыхут.

         Къан къэзыхьам и пщэ къалэнышхуэ дилъхьэжырт, ар хузэфIэмыкIынумэ, апхуэдэ къалэным еувэлIэнутэкъым зыри, абыкIэ хэгъэзыхь щыIэтэкъым. НэгъуэщIым и сабий балигъ хъуху упIыныр, дауи, тыншкъым, апхуэдэм тегушхуэ хабзэр зи щхьэ и пIалъэ зыщIэж, зи гуащIэрэ зи акъылрэ къигъэгугъэ цIыхут. Къан зытым игурэ и щхьэрэ щIызэтелъри арат.

         Атэлыкъыр и къаным езым и быным нэхърэ нэхъ елIалIэрт, и быным хуимыщIэнур хуищIэрт, ауэ щигъэкIынутэкъым икIи игъэсэхъунутэкъым, пщым я пщыжьым къилъхуами. Зэрыхабзэти, атэлыкъым ипIар нэхъ щэныфIи нэхъ гъэсаи хъурт, хабзэми нэхъыбэ хищIыкIырт, нэхъ цIыхугъи гулъыти далъагъурт, и щауэгъухэм лIыгъэкIи IущыгъэкIи ефIэкIырт – ар къан хабзэм къыдэкIуэ фIыгъуэхэм ящыщ зыт. Атэлыкъым и къаныр, псом япэрауэ, къыщIигъэтэджэн хуейт адыгэ хабзэм: цIыхум яхыхьамэ, и нэмысрэ и щэныфIагъкIэ къахэщу, нэхъыжьым пщIэ хуищIыфрэ емыкIу-екIугъэр къыгурыIуэу, и щауэгъухэм лIыгъэрэ цIыхугъэкIэ ефIэкIыу, езыр шууейрэ Iэщэр игъэIэрыхуэу, гугъуехьыр ишэчыфрэ дзыхэ жыхуаIэр имыщIэу. А псор къаным хипщэн щхьэкIэ, атэлыкъыр и зэмани, и мылъкуи еблэртэкъым. Къаныр игъэшэсурэ, атэлыкъыр гъуэгуанэ щIэх-щIэхыурэ техьэрт, и къаным ныбжьэгъу, хэгъэрей иIэ хъун папщIэ. Къаныр псэзэпылъхьэпIэ иримыгъэхуауэ къришэлIэжыртэкъым атэлыкъым. Сыт хуэдэ гугъуехьми хуэщIауэ къэтэджын хуейт къаныр.

         Балигъ хъуху епI, егъасэри, атэлыкъым и къаныр зейм яхуешэж. И къаныр зей адэ-анэм щахуишэжкIэ, атэлыкъым и къалэнт абы шырэ Iэщэ- фащэрэ иритыну. Я къуэр къашэжа нэужь, ар зейм махуиблкIэ джэгу ящIырт, щIалэр яхуэзыпIар, яхуэзыгъэсар (атэлыкъыр) ягъафIэрт, щрагъэжьэжкIэ тыгъэ лъапIэхэр хуащIырт: шы, Iэщэ-фащэ, нэгъуэщI куэди. Атэлыкъымрэ къаным и адэ-анэмрэ игъащIэкIэ зэблагъэ хъурт, зэи зэрыгъэгъуэщэжыртэкъым; къанымрэ атэлыкъымрэ зэадэзэкъуэ пэлъытэ зэрызэхуэхъур гурыIуэгъуэщ – а тIур зэи зэфIэкIуэдыжыртэкъым.

 

 

Поделиться: