ХьэгъуэлIыгъуэр дахэ щыхъур

ЦIыхур щыIэхукIэ, унагъуэр псэухукIэ, хьэгъуэлIыгъуэри къадекIуэкIынущщ. Ар лъэпкъым и гъащIэм, и псэукIэм щыщ пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ абы и фащэщ, и гъуджэщ, и тхыдэщ. 
ХьэгъуэлIыгъуэр цIыхугъэщ, адыгагъэщ. Уи гуфIэгъуэр зэрыпхузэфIэкIкIэ умыIэтыныр, абы цIыху щумыгъэгушхуэныр, щумыгъэхъуэхъуэныр гуэныхьщ. Апхуэдэущ пасэрей цIыхур абы зэрегупсысу щытар. ГуфIэгъуэм цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэхукIэ, абы къыщаIэта ерыскъыр, хъуэхъу жаIэу, нэхъыбэм яIухуэхукIэ нэхъыфIу ябжырт. Къалъытэрт абы кърихьэлIа, хэта цIыхухэм я бжыгъэм хуэдизу ныбжьыщIэхэм я насыпыр бэгъуэну, цIыхухэм жумартыгъэу яIар гуфIэгъуэр зытеухуа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ я гъащIэм къыпищэну. ХьэгъуэлIыгъуэр тхьэлъэIупIэм къыпокIри, лъэпкъым и нэмысыр, дахагъэр, зэхэтыкIэр щагъэлъагъуэ мэхъу. Ар икIи хъуэхъуапIэщ, нэгузыужьыпIэщ, зыгъэлъэгъуапIэщ, зыгъэсапIэщ. Ар мыдрей унагъуэ дауэдапщэхэм ещхькъым, абы и хабзэхэр къуажэхэм, псыхъуэхэм, куей къедзам, уеблэмэ зэрылъэпкъыу зэдайщ, зэдагъэзащIэу, зэдыхуэсакъыу. Абы хэмыт хэплъхьэмэ е зыгуэр кIэрыбгъэхумэ, лъэпкъ хабзэм упэуву аращ, абыкIэ зыми хуит укъимыщIами. ХьэгъуэлIыгъуэр зэрызэхэт хъуа пкъыгъуэхэр гъащIэм къыхэкIри, хабзэу зэфIэуващ. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу щытагъэнущ мыпхуэдэхэр: лъыхъуныр, унаплъэр, нэчыхьытхыр, уасэIыхыр, нысашэр, тешэр е Iэнэгъэуджыр, шэттегуэжыр, хъыджэбз Iэнэр, шынакъгъэкIэрахъуэр, щауэегъэсэжыр. Абы иужькIэ ящIу щытащ кIэлъыгъакIуэ, къыкIэлъыкIуэ, уагъэ идэ, псыхьэрыкIуэ, малъхъэишэ хуэдэхэр. 
Адыгэм пIэщхьагъ щащIкIэ, зэмыщхьу а Iуэхур екIуэкIырт. Япэрауэ, къэхъурт икIи, арат нэхъыбэр, лъэпкъитIри зэрыщIэу, зэгурыIуауэ благъагъэкIэ зэувалIэу, къинэмыщIауэ, урихьэлIэрт щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэхуэарэзыуэ, я дежхэми ираIуэкIауэ, итIанэми, ямыщIэ хуэдэу, хъыджэбзыр «къыщагъэкIуасэ». НэхъыфIу, нэхъ хабзэу къалъытэр япэр арат, ауэ етIуанэри уэим ящIыртэкъым. Хъыджэбзым и дежкIэ къемыкIуу къалъытэрт ещанэр – абы и адэ-анэм, и лъэпкъым ямыщIэу ягъэкIуасэмэ. ЩIалэр, лIыгъэ иIэу ябжми, гущIэгъуншэу, хьэкIэкхъуэкIагъэу къащыхъурт хъыджэбз игу ирихьар мыарэзымэ, абы теуэу унэидзыхьэу къихьыныр. 
ХьэгъуэлIыгъуэр дахэ щыхъур, хабзэ псори щагъэзащIэр лъэпкъитIри зэгурыIуауэ, зэрыщIэу благъагъэкIэ щызэувалIэрт е хъыджэбзымрэ щIалэмрэ зэхуэарэзыуэ, абы я дежхэми «хьэуэ» къыхамыгъэкIауэ щызэрышэм щыгъуэт. Хъыджэбзыр зыми емыупщIрэ-емыусэу кIуэса нэужькIэ апхуэдэ зэблагъэхэм я гур сыт щыгъуи зэхуэщIыIэу, зэхуэгуапэ хуэдэу защIми, щIалэм сыт и лажьэ, ауэ хъыджэбзым и лъэныкъуэм щIэх ящыгъупщэртэкъым. Унагъуэри благъагъэри щымыIэфIыр, гъащIэр щыхьэзабыр унэидзыхьэм щыгъуэт, икIи апхуэдэу ежьа Iуэхур дахэ-дахэу щIагъуэрэ зэтеувэжыртэкъым. Унэидзыхьэу яхьа бзылъхугъэр зыIуувэр IэнатIэ бзаджэт, итIанэми, «ирахьэжьэри къытрахыжат е къигъэзэжат», – цIыхум зыхужримыгъэIэн щхьэкIэ, нэхъыбэм абы и щхьэр ирихьэхырти, къыхуигъэфэщам пэрыуэртэкъым. 
Ауэ мащIэтэкъым унэидзыхьэм пэщIэувэну хэтхэр. Псом хуэмыдэу хъыджэбзым дэлъху иIэмэ. Мыбы щыгъуэ Iуэхум нэхъыжьхэр хагъэхьэрт. Унэидзыхьэр щIалэгъуалэ Iуэхуу, ар адыгэ хабзэм къемызэгъыу а нэхъыжьхэм зэраукъуэдиймкIэ арэзы ухъу хъунущ. Унэидзыхьэр зэи хабзэу щытакъым. Ар хабзэм и пэрыуэгъуу, и ныкъуэкъуэгъуу, хабзэншагъэшхуэущ зэрыуву щытар. Аращ абы нэхъыжь жьакIэ тхьэхухэр хыхьэу лъэпкъитIми табу щхьэщэщкIэ елъэIуу, лей къызылъысахэм зашыIэну, адрей лей зыщIахэм Iиман къахьыжыну щIыхэлIыфIыхьхэр, армыхъумэ апхуэдэ зыщIам хуагъэдэхэн мурадкIэкъым. Арауэ къыщIэкIынщ адыгэхэм щIыжаIари: «ЩIэчэрэ дэчыхрэ щымыIатэмэ, лIы укIыным кIэ иIэнтэкъым». 
Абы къыхэкIыу, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэр хабзэм тету щекIуэкIыр ныбжьыщIэхэм я гухэлъ дахэмкIэ къыщIидзэрэ нэхъыжьхэм я арэзыныгъэ щыхэлъым и дежт. Аращ унагъуэ зэтес хъури, аращ сабий узыншэ къызэрыхъуэри. 
МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Поделиться: