Спорт

Я джэгугъуитI зэхуэдэкъым

«Спартак-Налшык» (Налшык) - «Форте» (Таганрог) - 0:2 (0:2). Налшык. «Спартак» стадион. Накъыгъэм и 12-м. ЦIыху 500 еплъащ.
 

Судьяхэр: Машлякевич, Смирнов  (тIури Мэзкуу щыщщ), Пичугин (Ставро­поль).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Шумахуэ З. (Белоусов, 47), КIэдыкIуей, Сындыку, Ольмезов, Масленников, Хъу­тIэ (Дэхъу, 57), Хьэшыр, Ульбашев (Торосян, 75), Бэчбо, ЛIуп (Гугуев, 71).

Япэ текIуэныгъэр мэлыжьыхьыращ къыщахьар

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм хыхьэ зэIущIэхэр и кIэм ноблагъэ. Гъэ джэгугъуэм щIэдзэкIэжыфI езымытыфа «Спартак-Налшыкым» мэлыжьыхь мазэми командэм къыдэщIхэр зэригъэгушхуа щIагъуэ щыIэкъым.
ТIощIрэ езанэ джэгугъуэм зэхэтын хуеяуэ, дунейм и щытыкIэм къыхэкIыу ягъэIэпхъуауэ щыта «Спартак-Налшыкымрэ» «Биолог-Новокубанск»-мрэ я зэIущIэмкIэ мэлыжьыхьыр къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм.

Къэралым и кубокым щIэбэнынущ

Мы махуэхэм Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ цIыхухъухэм я урысейпсо чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Псори зэхэту саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 73-м щыщ спортсмени 176-рэ.  Абы ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и атлетхэри.

Саугъэт нэхъыщхьэхэр зыIэрагъыхьэ

Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 12 - 13 ит сабийхэм  каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэм 55-м икIа спортсмен ныбжьыщIэ 800-м щIигъу.

Бахъсэндэсхэм я зэфIэкI хэлъу

Санкт-Петербург къалэм дэт «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ ХХ дунейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. «ТекIуэныгъэ» зыфIаща зэпеуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм.

Дунейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Сунш Къантемыр, КъуэщIысокъуэ Темырлан, Беслъэней Темырлан, Сонэ Идар сымэ.

Олимп чемпионыгъэм и лъагъуэр тхухэзыша

Лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ СССР-м тхуэнейрэ и чемпион (1968, 1971, 1972 гъэхэм команднэ зэпеуэм, 1968 гъэм щхьэзакъуэ зэхьэзэхуэм, 1972 гъэм махуэ куэдкIэ екIуэкIа зэдэжэм), дунейпсо чемпион (1970 гъэ), Олимп чемпион (1972 гъэ) Шыхъуэ Борис и ныбжьыр накъыгъэм и 8-м илъэс 75-рэ ирокъу.

КъуэкIыпIэ Жыжьэм къыщыхожаныкI

Владивосток къалэм дэт КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетым мэ­лы­жьыхьым и 25 - 27-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэ­кIэм­кIэ и зэхьэзэхуэ. Ма­хуищкIэ зэхэта зэIущIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зэщ­хьэщыхауэ щыта гупип­щIым саугъэт нэхъыщ­хьэ­хэм щыщIэбэнащ къэ­ра­лым и щIыналъэ 47-м ­къикIа зи ныбжьыр илъэс 24-м нэс спортсмен щIалэщIэ 350-м нэблагъэ.

Я махуэшхуэм теухуа зэпеуэ

 Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэмрэ мафIэсым хэхуахэр къегъэлыным епха спортымкIэ я республикэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэр наIуэ хъуащ.

Махуэшхуэм ирихьэлIэу

Тэрч къалэ дэт Гагарин Юрий и цIэр зезыхьэ стадионым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и прокуратурэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 300, Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокуратурэр илъэси I00 зэрырикъум теухуа футболымкIэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ зэIуха. АбыкIэ жэрдэм къыхалъхьащ Тэрч муниципальнэ районым и администрацэмрэ куейм и прокуратурэмрэ. 

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Налшык дэт «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм ребги 7-мрэ (зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэм) регбимкIэ (зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм) зэхьэзэхуэхэр. Я ныбжь елъытауэ зэщхьэщыха дэтхэнэ гупми хэтащ Кърымым, Дагъыстэным, Ростов областым, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я командэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт