|
Спорт
1 марта, 2019 - 05:14
Тхэквондо
Улан-Удэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.
1 марта, 2019 - 05:14
Футбол
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и ветеранхэм я щIымахуэ кубокым ехьэлIа зэхьэзэхуэр иджыблагъэ иухащ. Абы текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьащ «Спартак-Налшыкым» хэтахэм.
1 марта, 2019 - 05:13
Футбол
«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим дызыхуэкIуэ илъэсрэ ныкъуэм щыджэгунущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым и пашэхэм ящыщ Курск и «Авангард»-м. Абы теухуа зэгурыIуэныгъэм лъэныкъуэхэм иджыблагъэ Iэ щIадзащ.
27 февраля, 2019 - 05:08
Тыншу щытакъым Джэду Iэниуар спортым зэрыхыхьа щIыкIэр. Езыр щалъхуа Псыгуэнсу къуажэм и адэ къуэш Анатолэ дригъэщIыхьа бэнакIуэ пэшым япэу щыкIуам и Iэр къутауэ къыщIэкIыжащ. Ирикъунут ар спортым гущыкI ирихуэпщIыну. АрщхьэкIэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфыр ерыщыращ. Япэ фэбжьым къригъэкIуэтакъым Iэниуар икIи и хъуэпсапIэм лъагъуэ дахэ хухишащ.
22 февраля, 2019 - 05:00
Дызэрыт эрэм и пэ IX лIэщIыгъуэм Алыджым и Олимп Iуащхьэм япэ дыдэу щызэхаублащ лIыгъэрэ хахуагъэкIэ пасэрейхэр щызэхьэзэхуа зэпеуэ инхэр. Хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, нарт лIыхъужьхэми Хьэрэмэ Iуащхьэр я къару зэхэгъэкIыпIэт.
20 февраля, 2019 - 05:00
Шыхъуэ Борис. БлэкIа лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм абы и цIэм иримыгушхуэ адыгэ къэгъуэтыгъуейт – арат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу япэ дыдэу Олимп чемпион хъуар. Абы ипэжкIэ къэралпсо, дунейпсо лъагапIэхэри мызэ-мытIэу къищтат.
20 февраля, 2019 - 05:00
Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Прималкинскэ къуажэм щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Ар траухуат Хэкум и хъумакIуэм и махуэм.
15 февраля, 2019 - 05:18
Iэпщэрызауэ
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ XIII республикэпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар хухахащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум.
15 февраля, 2019 - 05:15
Китайм и къалащхьэ Пекин 2008 гъэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэм я дыщэ теувапIэм Хъущт Аслъэнбэч лъэ быдэкIэ техьащ, илъэсищэ и пэкIэ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и закъуэу къэзыгъэIурыщIа ди лъэпкъэгъу Хьэшыр Чылар хуэдэу.
13 февраля, 2019 - 05:15
Адыгэ футболистхэм ящыщу нэхъ лъэщ дыдэр Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэсщ. Хамэ щIыпIэм къыщалъхуами, адэжь хэкум ар цIэрыIуэ щыхъуащ икIи Къэзан и «Рубин»-мрэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иджы Алыджым Iэпхъуауэ абы хыхьэ Пирей къалэм и «Олимпиакос»-м ехъулIэныгъэкIэ щоджэгу.
Страницы
|