Махуэгъэпс

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 3 блыщхьэ

Архитектурэм и дунейпсо махуэщ

Урысейм и ОМОН-м и махуэщ

ФРГ-м и лъэпкъ махуэшхуэщ - зэкъуэтыныгъэм и махуэщ.

1924 гъэм дунейм къытехьащ «Учительская газета»-м и япэ къыдэкIыгъуэр

1929 гъэм сербхэм, хорватхэм, словенхэм я пащтыхьыгъуэм Югославие цIэр фIащащ.

1932 гъэм Иракым щхьэхуитыныгъэ игъуэтащ - Инджылыз къэралыгъуэм къыхэкIащ.

НОБЭ

ФокIадэм и 30, мэрем

♦ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ

♦Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ

♦1941 гъэм нэмыцэхэм «Тайфун» зыфIаща ебгъэрыкIуэныгъэм, Москва къэубыдыным теухуам, щIадзащ.

♦1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщIидзащ алэрыбгъу щащI «Горянка» фабрикэм.

♦1965 гъэм «СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ», «СССР-м щIыхь зиIэ и штурман» цIэхэр ягъэуващ.

НОБЭ

ФокIадэм и 29

махуэку

Гум и дунейпсо махуэщ

ТхьэкIумэ, пэ, тэмакъ узыфэхэр зэуэлIахэр зыгъэхъуж дохутырым и дунейпсо махуэщ

1650 гъэм дунейм щыяпэу Лондон къыщызэIуахащ нэчыхь щатх IуэхущIапIэ.

1829 гъэм Лондон къыщызэрагъэпэщащ Инджылызым и полицэ IуэхущIапIэр, Скотланд-Ярд зыфIащар.

1887 гъэм Германием къыщызэрагъэпэщащ «Гамбург» футбол командэр.

НОБЭ

ФокIадэм  и 28 бэрэжьей

♦Адыгэ фащэм и махуэщ

♦ХьэщхьэрыIуэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Къэрал хабзэм теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ

мУФ-м и Атомнэ промышленностым и лэжьакIуэм и махуэщ

♦1618 гъэм дунейм щыяпэу Брюссель ломбард къыщызэIуахащ.

♦1773 гъэм Пугачёв Емельян зи пашэ мэкъумэшыщIэ зауэм, 1775 гъэ пщIондэ екIуэкIам, щIидзащ.

НОБЭ

ФокIадэм и 27, гъубж

НОБЭ

ФокIадэм и 26
блыщхьэ

Ядернэ Iэщэр гъэкIуэдыжыпэным щIэбэныным и дунейпсо махуэщ.
НэгъуэщI къэралыбзэхэм я европэпсо махуэщ
Машинэухуэм и махуэщ
1793 гъэм
Краснодар къалэм (Бжьэдыгъукъалэ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1941 гъэм Налшык щекIуэкIащ республикэм и парт активым и зэIущIэ. Абы щытепсэлхъыхьащ цIыхухэр зауэ Iуэхухэм хуегъэджэным.

НОБЭ

ФIокIадэм  и 23

Мэрем

IэпэтэрмэшкIэ зэпсалъэхэм я дунейпсо махуэщ

КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ къаплъэным и махуэр

Сауд Хьэрыпым и къэрал махуэшхуэщ

1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.

1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.

НОБЭ

♦Пылхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦Автомобиль къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ.
♦Болгарием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ.
♦Балтие къэралхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
♦Махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу бжьыхьэ махуэщ

Нобэ

♦Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ

♦Белоруссием и таможенникым и махуэщ

♦Осетие Ипщэм щагъэлъапIэ я къэралыгъуэр щагъэува махуэшхуэр. 1990 гъэм фокIадэм и 20-м Осетие Ипщэм и лъэпкъ суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.

♦1862 гъэм Санкт-Петербург къэрал консерваторэр къызэIуахащ. Ар Урысейм и япэ музыкэ еджапIэ нэхъыщхьэщ.

♦1918 гъэм Красноводск къалэм инджылыз интервентхэм щаукIащ Кавказ ЩIыбым совет властыр щыгъэувыным и унафэр зыIэщIэлъа, Баку щыщ комиссар 26-рэ.

Нобэ

Iэщэ зыщIым и махуэщ

Японием щагъэлъапIэ зи ныбжь хэкIуэтахэм пщIэ яхуэщIыным и махуэр

1648 гъэм франджы физик, математик цIэрыIуэ Паскаль Блез къихутащ гидростатикэм и хабзэ нэхъыщхьэр.

1888 гъэм дунейм щыяпэу Бельгием щекIуэкIащ цIыхубз нэхъ дахэр къыщыхах зэпеуэ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс