|
Литературэ
1 мая, 2019 - 05:05
Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Москва къэрал областной университетым Стратегиемрэ аналитикэмкIэ и центрым и унафэщI Ершов Виталий иджыблагъэ тхылъ гъэщIэгъуэн къыдигъэкIащ.
24 апреля, 2019 - 05:10
«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Щэукъий Ахьмэд, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щитхащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм.
17 апреля, 2019 - 05:10
Балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зы, лъэпкъым и узэщIакIуэ, абы и литературэм и классик Мечиев Кязим къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 160-рэ ирокъу.
12 апреля, 2019 - 05:07
ЗэшыпхъуитI
Зэхуэзащи зэшыпхъуитI,
Зыр ГъащIэщ, адрейр Ажалщ.
Я цIэм ящIыркъым гуитI-щхьитI,
ЯIэкъым тIуми Iэмал.
10 апреля, 2019 - 05:15
Дытесу нэпкъым пщыхьэщхьэм
Дзапэ уэрэд догъэзу,
Мыжыжьэу дблосыкIыр кхъухьхэр,
Уэгум щолъатэ бзур.
КъытхуоплъэкIхэр ахэр нэфIэгуфIэу,
Я гугъауэ дэ дынасыпыфIэу.
10 апреля, 2019 - 05:14
Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
5 апреля, 2019 - 05:07
УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Винницкэ областым щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэта Гъубжокъуэ Лиуан куэд къимыгъэщIами, лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Ар ящыщщ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм зи макъ нэхъ лъэщу къэIуа усакIуэхэм.
27 марта, 2019 - 05:05
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм къриубыдэу адыгэ усэм зэхъуэкIыныгъэ ин къехъулIащ. Илъэс щэ бжыгъэкIэ жьэрыIуатэу къэгъуэгурыкIуа адыгэбзэм пIалъэ кIэщIым къриубыдэу тхыгъэ игъуэтри, а тхыгъэм зиубгъуа нэужь зэрыцIыхубэу тхэф-еджэфу къыщIидзыжащ. ИкIи абы кърикIуащ жьабзэм и гуэгъуу тхыбзэ-литературэбзэр къэунэхунри, усыгъэр а литературэбзэм и хабзэм техьэнри.
22 марта, 2019 - 05:05
Даутокъуэхэ я лъэпкъыр щыцIэрыIуэщ Къэбэрдейм и тхыдэм - Хьэжмурат, Заурбэч, Хьэсэнбий. Абыхэм я адэшхуэр Щхьэлыкъуэ дэкIри, Мэздэгу и Iэшэлъашэм щыпсэуащ, аращ къыщалъхуар зэшхэр - Луковскэ жылагъуэм.
20 марта, 2019 - 05:08
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ купщIафIэ куэд - усыгъэ телъыджэхэр, роман гъуэзэджэхэр, ахэр Адыгейм и литературэм и лъагапIэ хъуащ, ди лъэпкъым и цIэмрэ и пщIэмрэ жыжьэ щагъэIуащ.
Страницы
|