|
Щэнхабзэ
7 августа, 2023 - 13:00
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хъыдзэдж Борис насыпыфIэу зыкъэзылъытэж цIыхухэм ящыщщ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хъыдзэджыр ди республикэм къыщызымыцIыхурэ абы игъэзащIэ ролхэм щымыгъуазэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Апхуэдэу щытми, Борис нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхун мурад диIэу упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
— Уи IэщIагъэр къызэрыхэпха щIыкIэм дыщыбгъэгъуэзамэ арат.
7 августа, 2023 - 12:54
КинематографиемкIэ иджыблагъэ Тэтэрстан республикэм и Къэзан къалэм щекIуэкIа «Золотая тарелка» III кинофестивалым лIэужьыгъуищкIэ лауреат щыхъуащ режиссёр Хьэмокъуэ Олег и «Узлы» фильмыр.
«Узлы» фильмыр нэхъыфIу къыщалъытащ мыбыхэмкIэ: «ЛъэпкъыбзэкIэ къыдагъэкIа фильм нэхъыфI», «Режиссёр нэхъыфI» (Хьэмокъуэ Олег), «Бзылъхугъэ роль нэхъыфI» (Мэмрэш Светланэ) .
3 августа, 2023 - 12:27
«Хэку-анэр къоджэ» фэеплъыр Волгоград Мамаевым и Iуащхьэм щыIэ «Сталинград и лIыхъужьхэм» фэеплъ-ассамблеем я нэхъыщхьэщ. Фэеплъым и теплъэр къигупсысащ скульптор-монументалист Вучетич Евгений. Зыухуар совет архитектор Никитин Николайщ.
«Хэку-анэр къоджэ» статуер дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэхэм хабжэ. Зытетыр щIыгъуу метр 87-рэ, и закъуэу метр 52-рэ мэхъу. 1967 гъэм фэеплъыр щаухуам ирихьэлIэу, инагъкIэ дунейм етIуанэ увыпIэр щиубыдырт. Япэ увыпIэр Буддэ и статуем, метр 71-рэ хъум, иIыгът. Ар 713 гъэм яухуауэ щытащ.
2 августа, 2023 - 11:55
Дэтхэнэ къэралми и лIыщхьэр IэнатIэм щыпэрыувэм деж, щIыналъэм щызекIуэ хабзэм елъытауэ, хэт - Инджылым, хэт - КъурIэным, хэти - Конституцэм теIэбэурэ, цIыхубэр зэрагъэпэжынумкIэ, псори фIы хуэзэным зэрыхущIэкъунумкIэ тхьэ яIуэ. Дэ дымыгъэунэхуа гъэщIэгъуэн гуэрщ, щапхъэм и хьэтыркIэ, иджыблагъэ Тыркум щекIуэкIа хэхыныгъэм щытекIуа Эрдоган Тайипрэ абы дэлэжьэну къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэм я пащхьэм духьэ зэрыщащIар. ЩыIуар нэгъуэщI щIыналъэми, дэтхэнэ зы муслъымэнми зи Iыхьэ хэлъ мы тхьэлъэIум дыщыгъуэзэныр лейкъым.
2 августа, 2023 - 11:55
Iущыгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я хьэтыр зылъагъу цIыхухэм пщIэ зыхуащI Iимамщ Шэджэм ЕтIуанэ жэмыхьэтым и унафэр зыIэщIэлъ ХъуэкIуэн Арсен. Муслъымэн хьэл иIэну щIэхъуэпсым щабагъымрэ тэмакъкIыхьагъымрэ нэхъыфI зэримыгъуэтынур къыщыхегъэщ Iимамым и хъутIбэм.
1 августа, 2023 - 11:00
Псэ зыIутыр зыгуэрым щыгугъыу мэпсэу. Унагъуэ зиIэм быным я къэкIуэнур фIым зэрыхуигъэзэн, я гъащIэр гъуэгу захуэ зэрытригъуэвэн хэкIыпIэхэр къеулъэпхъэщ. Дунейр тIэу пкIэгъуэ зыхуэмыхъу щIалэм хъуапсэр и гум щызщи, илъагъум хуэнэхъуеиншэу, зэхихыр хуримыкъуу мэпсэу. УкIытэр зищIысыр зыхэзыщIа пщащэми нэхугъэ мыухыжкIэ зэригъэпцI гугъапIэхэр жыжьэу гум щигъафIэу мэпсэу, абыхэм зэралъэIэсын, гъунэгъу зэрызахуищIын Iэмалхэр и щытыкIэкIэ зэIуищэу. Арыххэуи, хъуапсэрэ гугъэрэ зимыIэ зыри щыIэкъым. Хъуапсэр ущызыгъэIэ, псэуныгъэм уезыпх къару лъэщщ.
1 августа, 2023 - 07:34
Зи ахърэтыр нэху хъун Афэмгъуэт Хъэлилрэ гъащIэ кIыхькIэ Алыхьыр зыхуэупсэн абы и щхьэгъусэ Хьэжхьэлийхэ (ГукIэлIхэ) япхъу Лейлэрэ Хэкум япэу къэIэпхъуэжахэм ящыщщ. Дамаск щыпсэуа унагъуэм 1993 гъэм Нарткъалэ хэку унапIэ яхуэхъужащ.
31 июля, 2023 - 15:45
ЩыIэщ зэрагъэин абдж е микроскоп умыIыгъыу укъеджэфынкIэ Iэмал зимыIэ тхылъ цIыкIу дыдэхэр.
31 июля, 2023 - 12:07
Баш зыIыгъ лIыжьыр уэрамым здрикIуэм ижьрабгъумкIэ цIыхубз гуэр щыту елъагъу.
29 июля, 2023 - 07:36
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ сурэт куэд зэхуэзыхьэса, псапащIэ, щIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием хэта, «Эльбрусские новости» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щыта Хаджиев Даниял къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Мир - крутая тропа» выставкэм хагъэхьащ СССР-м и художникхэм я лэжьыгъэхэр.
Страницы
|