Дамаскрэ Нарткъалэрэ я зэхуакум

 Зи ахърэтыр нэху хъун Афэмгъуэт Хъэлилрэ гъащIэ кIыхькIэ Алыхьыр зыхуэупсэн абы и щхьэгъусэ Хьэжхьэлийхэ (ГукIэлIхэ) япхъу Лейлэрэ Хэкум япэу къэIэпхъуэжахэм ящыщщ. Дамаск щыпсэуа унагъуэм 1993 гъэм Нарткъалэ хэку унапIэ яхуэхъужащ. 

«Лейлэ фIагъ псори бгъэдэлъщ!» А псалъэхэр пщыпхъум жебгъэIэфын папщIэ, нысэ къызэрымыкIуэу ущытын зэрыхуейм шэч хэлъ? ХьэщIэ къегъэблэгъэныр дэтхэнэ адыгэ унагъуэми и къалэну щытми, хьэлъэ псори зытехуэ унэгуащэхэм ар щаIэщIэужагъуи къохъу. Ауэ уи унэ къихьам гупсэхупIэ узэрыхуэхъум нэмыщI, щапхъэуи укъищтэмэ, гугъу ущIехьам и мыхьэнэр кIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым. Аращ Афэмгъуэт Лейлэ хуэсщI пщIэм сыт щыгъуи фIыщIэр япэ щIитыр. 
Хьэрыпыбзэм хапIыкIауэ, езыр бжьэдыгъу адыгэу, и щхьэгъусэр къэбэрдейуэ, абы ищIыIужкIэ, пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу Дамаск щылэжьауэ егъэджакIуэ къэбгъуэтыныр насып егъэлеят си дежкIэ. Иджы зэхызохыж а зэманым Сирием, Иорданием яшэурэ, ныбжьыщIэхэм дин щIэныгъэ кърату зэрыщытар. Си егъэджакIуэхэм я нэхъыфIыр сыщыпсэу къалэм дэст, сыхьэт ныкъуэ гъуэгу нэхърэ нэхъыбэ ди зэхуаку дэмылъу.
Диныр къаIэтыжа пэтми, ар тыншу щызэрахьа илъэс зытхухыр блэкIри, нэмэз зыщIхэми зыхуэсакъыпхъэ зэрахэтыр наIуэ къэхъуакIэт а зэманым. Абы къыхэкIыу, нэмэз зэрыпщIым щхьэкIэ къыпщытхъунухэм нэхърэ нэхъыбэт ар къэбгъэнаIуэмэ, губгъэн къыпхуэзыщIынухэр. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъми, зытет диныр хьэл-щэн зыхуэхъужа, узыхуригъаджэ тхылъ лъапIэм и уасэр гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ егъэджакIуэ уиIэныр нобэми Алыхьыр нэхъ къызэрысхуэупса ехъулIэныгъэхэм я нэхъ ину къызолъытэ. Диным сигу щимыгъэкIа къудейкъым Лейлэ. Ар тхылъым гъущэу къисхыу сымыщхьэрыуэнымкIи щапхъэ къысхуэхъуащ. Сызэджэ псоми ящхьэт си егъэджакIуэр щхьэгъусэ гумащIэу, нысэ IэфIу, анэ губзыгъэу, нысэгъу тэмакъкIыхьу, гукъэкI зиIэ гъунэгъурэ ныбжьэгъуу зэрыщытыр. 
Хамэ къэралхэм къиIэпхъукIыжа адыгэхэр нэхъыбэу къыздикIыр хьэрып къэралхэрти, Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэу щытт абыхэм уабгъэдыхьэу «КъурIэным сыкъеджэфу, итри къызгурыIуэу севгъасэ» яжепIэныр. Лейлэ егъэджакIуэу илъэс тIощIрэ зыкIэ лэжьат Хэкум къэIэпхъуэжын ипэкIэ. Сэ, зыкъэзумысмэ, хьэрыпыбзэ зэзмыгъащIэу мыхъуну къыщIысфIэщIыр си нэмэзыр гум нэхъ пэгъунэгъу хъун папщIэт. ЖыпIэм къикIыр умыщIэу, и мыхьэнэр пщIапэми, зыхыумыщIэу, Алыхьталэм и пащхьэ ущитым деж, уи гур нэмыгъэсаигъэ гуэрым ирешэх. Шэч хэлъкъым, ди Тхьэм сыт хуэдэбзэкIэ зыхуэбгъазэми, узэрызэхихынум. Ауэ, щIэныгъэлI гуэрым Iэзэу зэрыжиIауэ, «къыIухьэ» къыбжаIэнымрэ, «къыщIыхьэ» къыбжаIэнымрэ зыкъым. КъурIэным хуэпщI пщIэм щэрэ мину къызэригъэзэжри абы и щыхьэтщ. 
ЕджакIуэм къехъулIэнур егъэджакIуэм и Iиманым елъытащ щIыжаIэри, зи Iэсагъ зи кууагъ, щэхуу къуэгъэнапIэ гуэрым деж къуэс пэтми, зэрыдунейуэ къэзыгъэнэхун къару зыбгъэдэлъ Лейлэ хуэдэ цIыху псэ къабзэхэрщ. Тхылъым я нэхъыфIми уэр-уэру къибджыкIыфынур егъэджакIуэм зы дакъикъэм къыбгурегъаIуэ. Псалъэм папщIэ, хьэрыпыбзэ иризэбгъэщIэну урысыбзэкIэ зэхалъхьа тхылъ псоми [хь]-ри, [хъ]-ри, [h] щабэри зэритыр щыми темыхуэ урыс хьэрф [х]-уэщ. Аращи, хьэрфым и теплъэр уигу ибубыда нэужьи, макъым и IукIэр пэжу къызыжьэдэкI цIыху гъуэтыгъуейщ. КъурIэным уемыджэу хъунукъым жиIэу зыми ухигъэзыхьынукъым, умуслъымэну щытми. ИтIани, хьэдисри щыхьэтщ - тхылъ лъапIэм хьэщыкъ хуэхъуамрэ абы зи нэпсылъэхэр имыунэщIамрэ къакIэрих мэхэр зэщхькъым. Си егъэджакIуэм и фэщ есплъыр дэтхэнэ КъурIэн тхылъми, езы муслъымэн динми. Дунейм утетыхукIэ зрибгъэкъун хуей бэшэчагъри псынщIэ пщохъу, ар зи махуэкъэс хабзэу псэу цIыху къыббгъурытмэ. А псом и щхьэусыгъуэр, нобэ къызэрызгурыIуэмкIэ, езы Лейлэ КъурIэныр и псэм зэрыпищIырт. Ауэ щыхъукIэ, упщIэ естыху, къызэрыригъажьэр зы псалъэухат: «Сэ диным сыхуеджакъым!» «СщIэр къызомэщIэкI», - зыхужыIэхэр нэхъыбэу щытамэ, щIэныгъэм и мыхьэнэри нэхъ наIуэ къэмыхъуну пIэрэт?!
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: