Щэнхабзэ

Анэшхуэм и «дыщэ пхъуантэхэр»

Мы тхыгъэр зытеухуа, Кэнжэ къуажэм щыщ Тэтэр Iэминэ пасэрей хьэпшыпхэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ елъагъу икIи ахэр зэхуехьэс.
И адэмкIэ и адэшхуэ БетIалрэ и анэшхуэ Нащхъуэрэщ а Iуэхум щIэзыпIыкIар. 

Къалэнхэм я нэхъ лъапIэр

   Зуль-Хьиджэ мазэр къызэрыублэу щIедзэ Мэккэрэ Мадинэрэ щекIуэкI дин дауэдапщэхэм. ХьидышхуэкIэ зэджэ Къурмэныр ислъамым адрей и махуэшхуэхэм къащIыхигъэщым и щхьэусыгъуэр хьэжырщ. Абы къыкIэрымыхун папщIэ, дэнэ лъэныкъуэкIи къикI хьэжыщIхэм я лъэр Сауд Хьэрыпым хуаунэтI. КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм щыгъуазэ дещI ди республикэм икIыу щIыналъэ лъапIэм кIуахэм я хъыбарым. 

Уи бзэм фIэпщ уи Хэкущ

 Молдавием и Парламентым унафэ къищтащ къэралым щызекIуэ бзэм дяпэкIэ «румыныбзэкIэ» еджэну. КуэдкIэ зэщхьэщыкIыу пIэрэ румыныбзэмрэ молдавыбзэмрэ? 

Актрисэ

Иджыблагъэ адыгэ дунейм къытехьа «Гузэрыдзэ» («Узлы») адыгэ фильм телъыджэм лIыхъужь нэхъыщхьэм (Динэ) и ролыр щызыгъэзащIэ Мэмрэш Светланэ куэдым къезыгъэцIыхуар 2019 гъэм екIуэкIауэ щыта «Голос» теленэтынырщ. 
Апхуэдэу, Светланэ хэтащ МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Аиссе» романым къытращIыкIа кинофильмым (Аиссе и ролыр игъэзащIэу). «Гоголь-центрым» (Москва къ.) и актрисэ пщащэм и роль къэс гукъинэжщ. 
Мэмрэшым и гупсысэ, Iуэху еплъыкIэ къыхэщу инта интервьюхэм зэрыадыгэр, къыщыхъуа жылэм зэрыригушхуэр щыжеIэ.

ТхылъыфIхэр зи IэрыкIхэр

Хъыбар гуапэ

«Красная площадь» тхылъ фестивалым хиубыдэу ирагъэкIуэкI «2022 гъэм и тхылъ нэхъыфIхэр» зэпеуэм и лIэужьыгъуищым щытекIуащ лъахэхутэ-къэхутакIуэхэу, тхылъ тедзапIэм и унафэщIхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIа «Кабардино-Балкария: природный курорт, всероссийская здравница, туристическая Мекка» томитI хъу альбомыр. Фестивалыр къызэригъэпэщащ Урысейм и тхылъ тедзапIэхэм я зэгухьэныгъэм.

Тхыдэр зи лъабжьэ IэщIагъэхэр яхъумэ

ЦIыхубэ художественнэ IэрыкIхэмрэ IэщIагъэхэмрэ я республикэ IуэхущIапIэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъ IэщIагъэхэм я пщIэр сыт зэмани лъагэу зэрыщытам. Нобэ ди псэлъэгъущ абы и унафэщI Урыс Аслъэн.

-  Зэман куэд щIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщагъэпсэхуну цIыхухэр   къокIуэ. Зэры­ха­бзэщи, абыхэм ди щIыпIэм и фэеплъ гуэр ямыхьу кIуэжыркъым. Бжьэ, къамэ, фалъэ, пкIыгъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэрат нэхъ ящэхур. IэкIэ щIа дэтхэнэ хьэп­шыпми ар зыщIам и псэ хуабагъэм щыщ хелъхьэ, арагъэнщ ущIыдихьэхыр…

УэрэджыIакIуэ гъуэзэджэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Ингуш республикэм щIыхь зиIэ и артист, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Зеущэ Iэуес 1965 гъэм Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. И цIыкIущхьэм щегъэжьауэ Зеущэм далъагъурт артист къызэрыхэкIынур. Iэуес и сабиигъуэм ирихьэлIэу нэхъ цIэрыIуэу, макъ лъэщ ягъэIуу утыкум ита Магамаев Муслим, Тут Заур, Лещенкэ Лев, Мэремыкъуэ Хъусен сымэ уэрэд жаIэу радиомкIэ зэхихмэ, телевизорымкIэ едаIуэмэ, ядежьурт, запищIыжырт. Апхуэдэурэ и макъыр ипсыхьырт щIалэ гурыхуэм.

Щыгъын хужькIэ зыпхуэпэныр суннэщ

  Гу лъумытапIэ имыIэу, иужьрей зэманым ди уэрамхэм кIуэ пэтми нэхъыбэу щыдолагъу щэкI фIыцIэм къыхэщIыкIа фэилъхьэгъуэкIэ захуэпэныр Iэмалыншэу къызыщыхъухэр. Псом хуэмыдэу, ар я нэрыгъщ фарзым тету зызыхуапэ, щIэхъумапхъэхэр щIэзыхъумэ муслъымэн цIыхубзхэм ящыщ куэдым. Алыхьталэм и унафэм щIэувэу, зэрызахъумэжым папщIэ щытхъу яхуэфащэу щытми, Iимам Сэбаншы Хьэдис зэрыжиIэмкIэ, ахэр топлъэкъукI «нэм къыфIэмынэн» жыхуиIэ тегъэщIапIэм.

«Урысейм и налкъутналмэс гъэтIылъыгъэхэр»

Москва Кремлым щагъэлъагъуэ «Урысейм и налкъутналмэс гъэтIылъыгъэхэр» выставкэр. Тхыдэ дахэ къызыдекIуэкI, щIэныгъэ, художественнэ мыхьэнэ зиIэ гъуазджэ хьэпшыпхэр и мылъкущ Къэрал лъапIэныгъэхэм я гъэтIылъыгъэм.

ГушыIэри гъэсэныгъэм и зы Iэмалщ

Ставрополь къалэм и «Россия - моя история» музей-выставкэ IуэхущIапIэм мэкъуауэгъуэм и 24-м пщIэншэу щагъэлъэгъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щытраха «Испытание аулом» унагъуэ комедиер.

Фильмыр мазэ бжыгъэкIэ щытрахащ КъШР-м хыхьэ Кызыл-Тогай къуажэмрэ Черкесск къалэмрэ. Абы нэхъыбэу щыджэгуар а щIыналъэм щыпсэухэрщ, лэжьыгъэм и пэ къихуэу актёр Iэзагъэм и щэхухэм мащIэ дыдэу хуагъэсахэр.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ