|
Щэнхабзэ
16 июля, 2023 - 09:04
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и Япэ гупым и «Б» зонэм щыIэну зэхьэзэхуэм нобэ щIедзэ. Сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 30-м Налшык и «Спартак» стадионым ди щIалэхэм къыщрагъэблэгъэнущ Владикавказ и «Алания-2» командэр.
15 июля, 2023 - 08:00
СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ ЮНЕСКО-м, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт Тумэ Залым и лэжьыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрми, Москваи, Санкт-Петербурги, хамэ къэралхэми щIэупщIэшхуэ щаIэщ. Кавказ Iэщэхэр зэхуэзыхьэсхэм Залым и лэжьыгъэхэр къацIыхуащ. «Черкесы: воины и мастера» альманахми хагъэхьащ и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ зыбжанэ.
14 июля, 2023 - 12:48
КъБКъУ-м архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэм гъунэгъу республикэми хамэ къэралхэми щIэупщIэ щаIэщ.
12 июля, 2023 - 10:44
Тхьэмэдокъуэ Маринэ зи художественнэ унафэщI, «Дархан» къэфакIуэ ансамблым иджыблагъэ Сочэ къалэм щекIуэкIа «Алые паруса» международнэ зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къыщыхуагъэфэщащ.
12 июля, 2023 - 10:13
Адыгэхэм яIэтащ а пщащэр и дахагъэрэ лIыгъэкIэ. Ауэ ар литературэкIэти, композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн зы зэман «къигъэщIауэ» щытащ а цIэр иIэу бзылъхугъэ ансамбль екIу. Сытыт Аслъэн абы тезыгъэгушхуар?
11 июля, 2023 - 08:00
Эфиопием и къухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэ Бенишгангуль щIыналъэм щыщу цIыху 500 ислъам диным къихьащ.
Ислъамыр къыщежьагъащIэм гугъу ирагъэхь муслъымэнхэр ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Эфиопием Iэпхъуэну хуит ищIауэ щытащ. А къэралым тепщэгъуэр щызыIыгъ чыристан папщтыхь псэ къабзэр муслъымэнхэм еныкъуэкъу къурэйшхэм емыдаIуэу, щэхьабэхэм къащхьэщыжауэ щытащ а зэман жыжьэм.
10 июля, 2023 - 11:55
«Ди лъэпкъ къафэхэмрэ фащэмрэ сызэрыцIыкIурэ сохъуапсэ. Сабий гъэсапIэм сыщыкIуэу щыта зэманыр сигу къызогъэкIыжри, сурэт къыщыттрахым, дыхагъэдат хэт фащэ щыгъыну хуейми, хэт кхъухьлъатэм ис хуэдэу къытрахынуми. Абы щыгъуэми сэ фащэрат къыхэсхар. А сурэтыр сфIэфIу сохъумэ. ЖысIэнуращи, къэфэным пасэу гу хуэсщIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, си къуэш нэхъыжьри къофэ, мы зэманым ар «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым хэтщ. Абыи сыдэплъеягъэнкIи хъунщ. 2017 гъэм «Терчанка» цIыхубэ ансамблым сыхыхьауэ щытащ.
10 июля, 2023 - 09:44
Тамань, мэуэтхэм (пасэрей адыгэхэм) я щIыналъэм, археологхэм къыщатIа Iуащхьэхэм ящыщ зым къыщIэкIыгъащ кхъуэщын хьэлэмэт гуэр. Кхъуэщын куэд къыщIокI пасэрей Iуащхьэжьхэм – ахэр нэгъуэщI хьэпшыпхэм (псалъэм папщIэ, Iэщэ-фащэхэм) щIагъуурэ хьэдэм дыщIалъхьэу щытащ. Тамань къыщагъуэта кхъуэщынри дыщIалъхьэгъащ дунейм ехыжа гуэрым – абы бгъэщIэгъуэн хэлъкъым: апхуэдэ Iэджэ къыщIахыжащ щIы щIагъым. ГъэщIэгъуэныр зи гугъу тщIы кхъуэщыным тет сурэтырщ – абыкIэ ар къыщхьэщокI адыгэ щIыналъэм иджыри къэс къыщагъуэта пасэрей кхъуэщынхэм.
9 июля, 2023 - 09:32
Темыркъан Юрэ и цIэр зэрихьэу Налшык дэт музыкэ школ №1-м ЕгъэджакIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я илъэсым хуэгъэпса концерт иджыблагъэ щекIуэкIащ.
7 июля, 2023 - 12:27
Мариинскэ театрыр – Урысейм и музыкэ театр инщ икIи урыс щэнхабзэм и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
Театрым и балет гупыр урыс къафэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа, къэралым и къэфакIуэ нэхъыжьхэм ящыщщ. Абы и оперэ труппэр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ икIи пщIэ щиIэщ. Мариинскэ театрым сыт щекIуэкIми, цIыхушхуэ къокIуалIэ. Абы щIэх-щIэхыурэ зыкъыщагъэлъагъуэ дуней псом и цIыху цIэрыIуэхэм.
Страницы
|