Афганистаным щыIахэм я щIыхькIэСоветыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхашат Iэпщэрыбанэ зауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIащ республикэм и щIыналъэ псоми я спортсмен ныбжьыщIэу 120-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 12 - 13, 14 - 15 хъухэу. Я хьэлъагърэ я ныбжьрэ елъытауэ, ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 16-м.
Республикэ зэхьэзэхуэ зэIухар мы гъэм 17-нэу ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI икIи ар къызэрагъэпэщащ Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэмрэ зауэм ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыхахэм я «ВоИн» Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэмрэ.
Афган зауэм и ветеран, генерал-лейтенант Щоджэн Хьэчим ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ икIи къыхигъэщащ спортым ехъулIэныгъэфIхэр нобэ къыщызыгъэлъагъуэ ныбжьыщIэхэм иужькIэ къэралым и хъумакIуэ лъэщхэр къазэрыхэкIынур, хэкум и щIыхьыр сыт щыгъуи яхъумэну абы хуэхьэзыру зэрыщытынур, нэхъыжьыфIхэм я пщIэр зэраIыгъынур и фIэщ зэрыхъур.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм иратащ медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр. Абы нэмыщI, нэхъыфIу къалъыта спортсменхэр хагъэхьащ урысейпсо зэхьэзэхуэхэм ягъэкIуэну гупым.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|