И ныбжьми, жылагъуэм щиубыд увыпIэми емылъытауэ

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр зыгъэгузавэ узыфэ зэрыцIалэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщщ дуней псор зэлъэзыщIыса СПИД узыфэр. Абы илIыкIхэмрэ ар зыпкърытхэмрэ я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къыщыпщIэкIэ, а узыфэ зэрыцIалэм жылагъуэм хэщIыныгъэшхуэ иритынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыбгуроIуэ. А узыр къызыхэкIым, абы зэрызиубгъум, къишэ шынагъуэхэр зыхуэдэм, зэрызыщыпхъумэнум тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и поликлиникэ къудамэм и унафэщI Щомахуэ Iэминат. 
- Дунейпсо медицинэм къызэрилъытэмкIэ, ВИЧ узыфэ зэрыцIалэхэр нэхъ шынагъуэхэм ящыщщ. Урысейм, Къэбэрдей Балъкъэрым абы и лъэныкъуэкIэ щытыкIэр сыт хуэдэ?
- УзыншагъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, дуней псом щыпсэу цIыху мелуан 39-м япкърытщ а узыфэ шынагъуэр. 2022 гъэм и кIэм ирихьэлIэу Урысейм апхуэдэ сымаджэхэм я бжыгъэр 1 629 955-рэ щыхъурт. Ди щIыналъэм щыщу узыфэр яIэу учётым щытщ цIыху 1411-рэ. Къапщтэмэ, 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 30 пщIондэ ВИЧ узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм къахэхъуащ 174-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм цIыхуи 189-рэ къэтхутауэ щытащ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэсым апхуэдэ сымаджэхэм я бжыгъэр процент 1,3-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
- Iэминат, а узыфэм нэхъыбэу сыт хуэдэ щIыкIэкIэ зэрызиубгъур?
- ВИЧ узыфэ зэрыцIалэхэр дэтхэнэ зыми къыпкърыхьэнкIэ шынагъуэ щыIэщ, и ныбжьми, жылагъуэм щиубыд увыпIэми, и къулеягъ-тхьэмыщкIагъми, зэрихьэ динми емылъытауэ. Дуней тетыкIэ мыщхьэпэ зиIэ, и узыншагъэр ихъумэжынымкIэ гукъыхэщтышхуэ зыхэмылъ псори а узым и «къапхъэным» ихуэфынущ. Псом хуэмыдэу а узыфэм нэхъ псынщIэу зеубгъу цIыхубзымрэ цIыхухъумрэ яку къыдэхъуэ лIыгъуэ-фызыгъуэ IуэхухэмкIэ, къищынэмыщIауэ, сымаджэхэм я Iыхьэ щанэр наркотикхэкIхэр зэзыхьэлIэхэрщ. Узыр зыпкърытым и лъыр уи Iэпкълъэпкъым къыхыхьэмэ, укъицIэлэфынущ. Абы къыхэкIыуи мастэ щызэхевгъалъхьэкIэ фызэрысакъыным фыхущIэкъу, зэ фIэкIа къамыгъэсэбэп шприцхэм фIэкIа нэгъуэщI къэвмыщэху.
- СПИД-р, ВИЧ узыфэхэр зэрыпкърытыр къэзыщIа цIыхум а хъыбарыр дауэ зэрызыхищIэр икIи сыт хуэдэ гъащIэ абыхэм адэкIэ къапэплъэр?
- Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэхур зыми и щхьэм хуихьыну хуейкъым, зыхуигъэфащэркъым, аращи, егъэлеяуэ и психикэм йогуауэ. Апхуэдэхэм деж цIыхухэм я щытыкIэхэр зэхуэдэкъым, нэхъыбэм я шыIэныгъэр яфIокIуэд, ауэ ар икIи гурыIуэгъуэщ, уи гъащIэмкIэ шынагъуэ къызот узыфэ узэриIэр щызэхэпхкIэ уи лъэр щIэхунущ. Яхуэмыгъэхъуж узыфэр зэрыпкърытыр къыщыгурыIуэкIэ, абы и щхьэм гупсысэ куэд къохьэ, и псэр гузэвэгъуэм зэщIеубыдэри, и гугъэр пщэдейрей махуэм хехыж, языныкъуэхэр егъэлеяуэ тэмакъкIэщI, губжьыгъуафIэ мэхъу, зызыукIыжыну хэтхэри щыIэщ. Ахэр зэрыхуа щытыкIэм къипшыфынущ, зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэр и чэзум ягъуэтмэ. Узыфэр зиIэу къахутахэм псом япэу психологымрэ психотерапевтымрэ ядолажьэ. АдэкIэ сымаджэм и арэзыныгъэкIэ диспансер учётым догъэуври, зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр етхьэлIэурэ доIэзэ, и узыншагъэм дыкIэлъыплъ зэпытурэ идогъэкIуэкI. Сымаджэр а щытыкIэм къикIыну хущIэкъумэ, дохутырым и чэнджэщхэр сытым дежи игъэзащIэмэ, ретровирусым зэрыпэщIэт хущхъуэхэр зэпымыууэ зрихьэлIэмэ, ар псэуфынущ лажьэу, унагъуэ зэригъэпэщу, сабий ипIу. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дрохьэлIэ дохутырым и нэIэм щIэтыну, хущхъуэхэри зэзыхьэлIэну хуэмейхэми. Узыр зэрапкърытыр къащащIа дыдэм деж иджыри я щытыкIэр тэмэму, я узыншагъэр дагъуэншэу зэрыщытым ахэр щегъауэ. ИужькIэ нэхъ хьэлъэ хъуауэ къытрагъэзэжри, зэрыхъукIэ я узыншагъэр зэтедгъэувэжын папщIэ нэхъ кIыхьлIыхьу деIэзэн хуей мэхъу, езыхэри нэхъ гугъу йохьыж. И чэзум къэпхута узыфэм игъуэт Iэзэгъуэр куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ.
- Iэминат, узыфэм зыщахъумэнымкIэ сыт хуэдэ чэнджэщхэмкIэ захуэбгъэзэнт ди цIыхухэм?
- Медицинэм и Iэмалхэм я закъуэкIэ узыпэлъэщын узыфэкъым ар, абы цIыхубэм я къару псори хузэщIэгъэуIуэн хуейщ, дэтхэнэ зыри и узыншагъэм кIэлъыплъыжыпхъэщ жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэд щыгъуазэкъым ВИЧ узыфэ зэрыцIалэхэм зэрызаубгъу щIыкIэхэм, абы къишэ гугъуехьхэм, арагъэнщ сымаджэхэм я бжыгъэм хэхъуэныр нэхъыбэуи къызыхэкIыр. СПИД-м земыгъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ а узыфэм цIыхум и узыншагъэмкIэ, гъащIэмкIэ иIэ шынагъуэр зыхуэдэр зэхэхауэ жылагъуэм ябгъэдэлъхьэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ ди центрым сытым дежи лэжьыгъэ пыухыкIахэр къызэрегъэпэщ. СПИД-мрэ уз зэрыцIалэхэмрэ къызыхэкIымрэ зэрызащыпхъумэнумрэ теухуа зэхыхьэхэр курыт школхэм, колледжхэм, библиотекэхэм, нэгъуэщI егъджэыныгъэ IуэхущIапIэхэми щыдогъэкIуэкI. 
Фи узыншагъэмкIэ фигурэ фи щхьэрэ зэтелъу фыщытын папщIэ ВИЧ-тестхэр евгъэщI хъунущ, псом хуэмыдэу адэ-анэ хъуну зызыгъэхьэзырхэм а Iуэхум гулъытэ нэхъ хуащIыпхъэщ. Узихэтыр къыумыгъащIэу апхуэдэ тестхэр щыптын пэш центрым иIэщ, къищынэмыщыIауэ, «дзыхь зрагъэз телефон» (42-68-38) мэлажьэри, абы упсалъэмэ, ВИЧ узыфэхэм ятеухуа сыт хуэдэ упщIэми и жэуапыр щыбгъуэтынущ.

 

Епсэлъар ЩхьэщэсыщI Изэщ.
Поделиться: