Къулей «тхьэмыщкIэхэр»

Унагъуэ Iуэхутхьэбзэхэр щащIэ IэнатIэм хуэарэзы къэгъуэтыгъуейщ. Ар щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхокI. Япэрауэ, псым, газым, электрокъарум я уасэхэм апхуэдизу щIэх-щIэхыурэ захъуэжри, ахэр иджыри къэс къекIуэкIам щытумыгъуэтэж куэдрэ къохъу. ЕтIуанэрауэ, тхылъхэр къыщыпхурагъэхькIэ зэпымыууэ щыуагъэхэр яIэщIокI. Дауи, езыхэм я фейдэ хэлъу. ИтIанэ езы Iуэхутхьэбзэхэр (лэжьыгъэ гуэрхэр ебгъэщIэным) апхуэдизу лъапсейщи, пщымыгъупщэжу зэманкIэ уигу къонэ. Газетхэр куэдрэ тотхыхь апхуэдэ щытыкIэм, депутатхэм хабзэ щхьэхуэхэр къащтэ. Мардэхэр ягъэув, ауэ зыкIи зихъуэжыркъым.

Мыхэр зыхыхьэ ЖКХ-р хуэмыщIа, зэпымыууэ ахъшэ хуэныкъуэ IэнатIэу къызэралъытэм дэ десэжащ . Зэпымыууэ къыдрагъэжей ирамытыжа щIыхуэхэр зэрыбагъуэр. Ахэр сом триллионым щIигъуауэ, хэбгъэзыхьмэ, нэхъыбэж хъуауэ къагъэлъагъуэ. Абы щыгъуэми, статистикэм и бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, иужь илъэсхэм Iуэхутхьэбзэхэм яхуэзэ пщIэр ят урысейхэм я процент 95-м нэблагъэм. Дэнэ атIэ апхуэдиз щIыхуэр къыздикIар?

IэщIагъэлIхэм гу лъатащ абыхэм ныбжьышхуэ зэраIэм. Языныкъуэхэр тратхыкIыжын зэрыхуейрэ куэд щIащ арыншами къратыжынукъым. АрщхьэкIэ ар ягъэпIиин яфIэфIщ тхьэмыщкIафэ  зытрагъэуэн щхьэкIэ. Iэпэдэгъэлэл ящIахэр, ямыгъэзащIэ псори абыхэмкIэ тралъащIэ.
 Шэч хэлъкъым мы IэнатIэм ахъшэшхуэхэр зэрыщагъэкIэрахъуэм. Аракъэ псэупIэ унэхэр зезыхьэ компаниехэр зым адрейр тригъэкIуэтыну щIызэныкъуэкъур. Дауи, абыхэм я зэпеуэр зыхуэгъэзар цIыхухэм нэхъыфIу Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныркъым. Ар фащэ къудейщ, ипэжыпIэкIэ зыхуэкIуэжыр мылъкурщ.  ЖКХ-м илъэс къэс къэралым къыбгъэдэкIыу бжьамийхэр, Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, лифтхэр зэгъэпэщыжыным, нэгъуэщI къинэмыщIхэм папщIэ субсидие зэмылIэужьыгъуэхэр яIэрохьэ. Ауэ хэт къэзыпщытэр зыхухаха мурадхэм трагъэкIуадэр зыхуэдизыр?
Мыбы IупщIу щымыт куэд ущрохьэлIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, цIыхухэм унагъуэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэхэр щата, ауэ ахэр щадыгъуа къыщохъу. Иджыблагъэ газетхэм гъэщIэгъуэн дыщрихьэлIащ: компанием къыхиха апхуэдэ ахъшэ сом мелуани 130-м щыщу 50-р хуабэр къэшэным ехьэлIа Iуэхухэм тригъэкIуэдащ, ауэ адрей сом мелуан 80-р лъэужьыншэу кIуэдащ. Жэуап зыхьынур ягъуэтыжыркъым - компаниер лъэлъэжащ, мылъкур IэщIэухэри. Мы Iуэхур иджыри зэхагъэкI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мы щапхъэри ищхьэкIэ зи гугъу тщIа щIыхуэр къэзыша щхьэусыгъуэхэм хохьэ.
 Унагъуэ Iуэхутхьэбзэхэр псоми къагъэсэбэп. АрщхьэкIэ я уасэхэр зытхэр ябгъэдэлъ мылъкукIэ, дауи, зэхуэдэкъым. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ нэхъ къулейсызхэм я нэхъыбэ дыдэм щIыхуэ зытрагъахуэркъым, ауэ къулейхэм зыщIезыгъэх куэд къахокI. Абы щыгъуэми, я унэ абрагъуэхэм куэдкIэ нэхъыбэ хуозэ. Нэхъ зыхуэшэрыуэ Iэмалхэм ящыщщ я псэупIэхэр илъэс бжыгъэкIэрэ «ныкъуэщIу» зэрыщагъэтыфыр. Абы къокI иджыри цIыху щымыпсэууэ, гази, псыи, хуаби мыкIуэу. Ауэ ипэжыпIэкIэ щопсэу, ахэр зэрыщIашэри куэд щIащ.
Мыбдежым дигу къыщокIыж СССР-м и лъэхъэнэр, иджы ягъэулъийр. Абы мы тхыгъэм къыщыдгъэлъэгъуахэм хуэдэ уи нэгу къыщыпхущIэгъэхьэнутэкъым. Зи гугъу тщIы Iуэхутхьэбзэхэр пуд дыдэти, я уасэхэм зыри егупсысыххэртэкъым.
 Абы щыгъуэм щыIа щытыкIэми, зекIуа уасэхэми, дэ къытхуегъэзэжынукъым, ауэ иджы хьэрычэтыщIэхэм къанэ щымыIэу яIэрохьэ ЖКХ-м и IэнатIэ щхьэхуэхэр, мис а унагъуэ Iуэхутхьэбзэ щIэным пыщIахэр нэхъ мыхъуми. Къэрал IуэхущIапIэхэм я нэIэмрэ кIэлъыплъыныгъэмрэ щIагъэувэжыныр яфIэкъабылщ куэдым. Компаниехэм къагъэлъэгъуащ я къалэнхэр губгъэн хэмылъу зэрамыгъэзэщIэфыр - абыхэм яIэщ зыхущIэкъуни япэ ирагъэщыни.
 ЩIыхуэхэм я гугъу пщIымэ,  уасэхэр драгъэкIуейкIэрэ ахэр ирагъэкъужыным щыгугъхэр щоуэ - цIыху цIыкIухэм ар я фэ дэхуэнукъым.

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: