Адыгэ тхыдэм теухуа къэхутэныгъэшхуэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондым пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ «Тхылъ еджэ Налшык» пэхуэщIэм хыхьэу. Ар теухуат тхылъищу зэхэту Куэтэншы СулътIан иджыблагъэ къыдигъэкIа «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я тхыдэм».
ЗэIущIэр къызэIузыха, Щэнхабзэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, тхыдэ зэужьыр «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къызэрыщыдэкIар, адыгэхэм ижь лъэхъэнэ лъандэрэ къакIуа щыIэныгъэр къызэщIэзыубыдэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэну зэрыщытыр, щIэныгъэм и зы лъэбакъуэшхуэу ар къызэрылъытапхъэр и псалъэм къыщыхигъэщащ.
- Куэтэншы СулътIан ди пащхьэ кърилъхьа тхылъхэр лэжьыгъэшхуэ зыкIуэцIылъ къэхутэныгъэщ. Абы къыщыIуэта адыгэ тхыдэм къыпхуимыудыжын тегъэщIапIэхэм яIэщ – тхыдэ, лIакъуэ, лъыщхьэ, архив щыхьэтыгъэхэр зиIэ дэтхэнэ зы гупсысэми зэужьым и фIагъыр лъагэу яIэт, щIэныгъэ гъуэгум тет дэтхэнэ зыми яхузэрымыгъэгъуэтын Iуэхугъуэу къоув. Адыгэ тхыдэм ехьэлIауэ абы хуэдэу нэхъ лэжьыгъэ ини, и ухуэкIэ-зэхэлъыкIэм хуэдэу щIэщыгъуи, къызэщIиубыда тхыгъэхэм хуэдэу зэтепщIыкIи нэгъуэщI къэхутэныгъэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Адыгэхэм къахэкIахэм я IэдакъэщIэкIхэри, къэралым щыпсэу тхыдэтххэми, хамэ щIыпIэхэм щыщ тхыдэджхэми я лэжьыгъэхэр къыщыгъэлъэгъуащ икIи яхуэфащэ увыпIэ щаубыдащ зэужьым. Шэч къытесхьэркъым, Куэтэншы СулътIан и гуащIэдэкIым хуэфащэ пщIэ тхыдэ щIэныгъэм зэрыщигъуэтынум, ар къэхутакIуэхэм я лэжьыгъэхэм щIэгъэкъуэнышхуэ зэрахуэхъунум, – жиIащ Мэкъуауэ Люазэ.
Тхыдэ зэужьым и лъэтеувэм кърихьэлIащ лъахэхутэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зыхуагъэфэща Котляров Виктор, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Джырандокъуэ Михаил, КъБР-м и къэралщIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэу щыта Пилипенкэ Юрэ, нэгъуэщIхэри.
Къэхутэныгъэр дунейм къытехьэн щIэхъуам, а гукъэкIыр къезыта щхьэусыгъуэхэм, и зэхэлъыкIэ-ухуэкIэм теухуауэ къэпсэлъа Куэтэншы СулътIан зэрыжиIамкIэ, тхыдэм пыщIа сыт хуэдэ Iуэхугъуэми жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ, абы пыщIа лэжьыгъэ утыку къипхьэн ипэ къихуэу нэхъапэкIэ ялэжьауэ щыIэхэм ущыгъуэзэн хуейщ. «ЕбгъэфIакIуэ мыхъун щыIэкъым, кIуэтэху архивхэм я нэхъыбэр хуэIущIыIу мэхъу, абы елъытауэ щыIэ еплъыкIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэхэмрэ захъуэж, щIэ гуэрхэр наIуэ къохъу, мыгурыIуэгъуэ гуэрхэр и пIэ йоувэж, зэIумыбзхэр зэхокI. Лэжьыгъэр щызгъэхьэзырым сэ фIыуэ зыдэсщIэжырт сызыпэрыхьа Iуэхур бгъуэуэ зэрызылъыIукIуэтынур, абы изгъэзэгъэну сызыхуей Iуэхугъуэхэм увыпIэ пыухыкIа езгъэгъуэтын зэрыхуейр. Шэч зыхэмылъыж, убзыхуа хъуа щапхъэхэмкIэ гугъэзэгъуэ сиIэми, гуитIщхьитI узыщI Iуэхугъуэхэм я хэкIыпIэр къэлъыхъуэн хуейт – зыпIэту ищхьэкIэ уакъыхэмыплъэмэ, гугъу хъуну къэслъытащ. Сызытетхыхь тхыдэ Iуэхум сызэриIыхьэгъур зыдэсщIэжми, блэкIам къыщыхъуахэм си гур щIэузу сыщытми, Iэмал зэриIэкIэ акъыл жану сызэрыхэплъэн, си гузыхэщIэхэр абы пэрыуэгъу зэрыхуэмыхъуным иужь ситащ – аращ тегъэщIапIэ сщIы къэхутэныгъэхэр бжыгъэншэу къыпщызыгъэхъур. Лъэхъэнэжь дыдэхэм къыщегъэжьауэ ди нобэр къыздэсым къэхъуа Iуэхугъуэхэр шыбзэм щIэзыгъэкI къэхутэныгъэ хьэлэмэт дыдэ куэд щыIэщ, ауэ зэгъэуIуауэ, зы щIыпIэм щыбгъуэту щыIэр мащIэ дыдэщ – ар щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ схуэхъуащ Iуэхум сытегушхуэным. Абы къищынэмыщIауэ, къытщIэхъуэ щIэблэм тхыдэм теухуауэ хащIыкIыр зэрымащIэ дыдэм, ахэр а лъэныкъуэм хуэгъэза дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм сыхуишащ Iуэхум сыпэрыувэным. Зы цIыхукIэ си къалэн згъэзэщIауэ къысщохъу, ар хъуами мыхъуами зэхэзыгъэкIынур гъащIэмрэ щIэблэмрэщи, сыщогугъ фIы и лъэныкъуэкIэ къалъытэну», – жиIащ Куэтэншы СулътIан.
Тхылъым теухуауэ псалъэ зрата Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыжиIамкIэ, къыдэкIыгъэм лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымкIэ, жылэм и гулъытэмрэ щIэжымрэ къэIэтынымкIэ, тхыдэм и пэжыр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. «Дэ гу лъыдотэ иужьрей зэманым тхыдэм зэрыфIэфIу хэджэгухьхэр щыIэ зэрыхъуам. Ар къэбгъэхъункIэ Iэмал зимыIэщ, зэрыхъукIи пэщIэтын хуейщ. Куэтэншы СулътIан и лэжьыгъэр абы и лъэныкъуэкIэ фIагъышхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщ. Си гугъэщ ар къэхутэныгъэщIэхэм къежьапIэ яхуэхъуну, ди лъэпкъым и щэнхабзэм плъыфэм и хъумакIуэ хъуну», – жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэм.
Абы иужькIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ къабгъэдэкIыу Куэтэншы СулътIан ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ медалымрэ иритащ, и гуащIэ имыкIыу, къилъыхъуэр IэщIэмыкIыу, къигъуэтам гъуэгу яритыфу гуащIафIэу лэжьэну ехъуэхъуащ.
Зи макъыр уэрэдыжькIэ къэзыгъэIуа Тохъу Мухьэмэд блэкIам и акъужьыр зэхуэсым хэтхэм къалъигъэIэсам хуэдэт, тхыдэм хригъэлъэсам ещхьт. Псоми зыхащIат щалъхуа лъахэм лъэпкъым хуиIэ гурыщIэр зэрыиныр, псалъэкIэ къахуэмыIуатэр уэрэдым хилъхьэурэ ди лъэпкъым и тхыдэр нобэм къызэрихьэсар.
ЗэIущIэм хэтахэм псоми къыхагъэщащ Куэтэншым и лэжьыгъэр ар зыхуэгъэза лъэпкъым и мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми щыпсэу лъэпкъхэм зэрахуэщхьэпэнур, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ щхьэпагъ ин къызэрыпыкIынур, хамэщI щыпсэу адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэпыщIа къуэпсхэр нэхъ лъэщыж зэрищIынур.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: