Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр щиIыгъщКавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я мэкъумэш IэнатIэхэм 2023 гъэм и щIышылэ - дыгъэгъазэ мазэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэжу къата бжыгъэхэр дызыщыгуфIыкIынщ - Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр иубыдащ. УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и управленэу КИФЩI-м щыIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, мэкъумэш продукцэу сом мелард 90 и уасэ республикэм нэгъабэ къыщыщIагъэкIащ, ар проценти 10-кIэ нэхъыбэщ ипэ ита илъэсым и апхуэдэ зэманым къриубыдэу яхузэфIэкIауэ щытам нэхърэ. ЕтIуанэ увыпIэр къылъысащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, абы и хэхъуэр проценти 6,1-кIэ нэхъыбэ хъуащ. КъыкIэлъыкIуэр Къэрэшей-Шэрджэсырщ, проценти 3,3-рэ иIэу.
Поделиться:
Читать также:
16.03.2026 - 16:05 →
Бзэр къыкIэрыху хъунукъым
16.03.2026 - 11:33 →
Адыгэ жьэгум и хуабэр
15.03.2026 - 12:26 →
ЩIэблэхэм къадогъуэгурыкIуэ
15.03.2026 - 11:01 →
Псэм пэгъунэгъу мэхъу
15.03.2026 - 11:00 →
Сакъыну, хабзэр къызэпамыудыну къыхураджэ
| ||




