Уи кхъащхьэр дэнэ щыIэ, си адэ?

Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэми ищIэн хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр, ицIыхупхъэщ абы и нэхъыжьыфIхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр игъэнэхъапэу дунейм тетащ ди унэкъуэщхэм ящыщ Къардэн Хьэутий Машэ и къуэр. Фельдшер цIэрыIуэу щыта, Аруан районым и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» медицинэ IэнатIэм илъэс куэдкIэ хьэлэлу щылэжьа Къардэным тхылъ куэд щIиджыкIырт къэрал тхыдэм, щалъхуа щIыналъэм, зыщыщ лъэпкъым ятеухуауэ. Езым жиIэжу зэрыщытамкIэ, апхуэдэ куэдым щыгъуазэт и адэ Къардэн Машэ Сэлихь и къуэри и адэ къуэшхэри. Абы теухуат Хьэутий ди газетым къитхауэ щытар. Фи пащхьэ идолъхьэ абы къигъэна и гукъэкIыжхэм ящыщу и адэм теухуар. 
«Къардэн Сэлихь и щIалиплIри: Жанхъуэт, Машэ, Албий, Хьэжбий сымэ - псори зауэм дашащ, ар къызэрыхъейуэ. Ахэр я псэ емыблэжу бийм пэщIэтащ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къикIуэта яхэмыту. Псэууэ къэзыгъэзэжар Жанхъуэт и закъуэщ, ари Хэку зауэшхуэр иухри, заул дэкIауэ. Зауэ гуащIэхэм хэту уIэгъэ хъури гъэр ящIати, абы къыхэкIыу тутнакъэщым исыжауэ щытащ. Адрей зэшищым я псэр щIатащ ТекIуэныгъэ иным. 
Жанхъуэт унагъуэ иIами, быныншэу псэуащ. Албий къыщIэнат хъыджэбзхэу Зоерэ Дусярэ, зы щIалэ ШурэкIэ еджэу. Хьэжбий зауэм ипэ унагъуэ иухуэнуи хунэсатэкъыми, къыщIэнаи щыIэкъым. 
Си адэ Машэрэ си анэ Хурэрэ (ар КIэрашэхэ япхъут) бынищ драIащ: си шыпхъу нэхъыжьхэу Розэ, Фозэ сымэрэ сэрэ. Ди адэр хъыбарыншэу кIуэдауэ тхылъ къытIэрыхьа нэужь, зыхуей дыхуигъэзэн, дипIын, гъащIэм цIыху тэмэму дыхигъэувэн хуей хъуащ ди анэ тхьэмыщкIэм. ПсалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ и фэм дэкIащ абы. Дауи, ди унагъуэм хуэдэу адэр зыщхьэмытыжхэр щэрэ минрэ хъурт а зэманым, зауэ гущIэгъуншэм фызабэрэ зеиншэрэ ищIахэр бжыгъэншэт. Ди анэм хуэдэ бзылъхугъэ цIыкIухэрт апхуэдэ унагъуэхэм щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу къахуэнар. Гугъущэ ехьащ ди анэр. Быным къыдэлIалIэ зэпыту псэуащ ар. 1968 гъэм дунейм ехыжащ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI). 
Си анэм хуэдэу ялъэкI къамыгъанэу унагъуэм сэбэпышхуэ щыхъуу, лэжьыгъэ IэнатIи ирахьэкIыу зауэ нэужь лъэхъэнэм гугъу ехьащ си шыпхъуитIри. Си шыпхъу нэхъыжь Розэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) илъэс 12 ирикъуа къудейуэ арат колхозым лэжьэн щыщIидзам щыгъуэ. Балигъхэм ябгъурыту абы игъэзащIэрт пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ Iуэхури. Школым кIуэну Iэмал лъэпкъ имыIами, ар тхэфырт, еджэфырт, езыр-езыру зригъэсауэ. Фози арат: зи Iэпкълъэпкъыр иджыри зэрымыубыда сабийуэ ари колхоз фермэм щылэжьащ жэмышу, япэ ищ хэмыт жыхуаIэм хуэдэу. ЖыпIэнурамэ, си анэ тхьэмыщкIэми си шыпхъу нэхъыжьитIми ялъэкI лъэпкъ къагъэнакъым сэ, я анэкъилъху нэхъыщIэм, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ згъуэтын папщIэ. Налшык дэт медицинэ еджапIэр 1964 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къызэрызухар псом япэ зи фIыгъэр ахэращ. Тхьэм псапэу къаритыж. Еджэныр зэфIэсха нэужь, дзэм къулыкъу щысщIащ илъэситIкIэ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 50-м нэсым медицинэ IэнатIэм сыIутщ, псэ хьэлэлу цIыхухэм сазэрыхуэлэжьэным сыхущIэкъуу. 
БалигъыпIэ сызэриувэ лъандэрэ сэ къызолъыхъуэ си адэм и кIуэдыкIа хъуам теухуа хъыбар гуэр. Сыхуейщ абы и кхъащхьэр къэзгъуэту адэжь щIыналъэм щыщ щIы IэмыщIэ тескIутэну, абы и сыныщхьэм си Iэр дэслъэну. Мызэ-мытIэу апхуэдэ лъэIухэмкIэ захуэзгъэзащ дзэ военкоматым и IэщIагъэлIхэм. Абыхэм я жэрдэмкIэ тхыгъэ езгъэхьащ Подольск къалэм дэт дзэ архивым, арщхьэкIэ жэуап пыухыкIа зыщIыпIи щызгъуэтакъым. Си адэм теухуауэ сщIэращи, ар 1904 гъэм къалъхуащ. 1942 гъэм Лэскэн райвоенкоматым и дэфтэркIэ зауэм дашащ. Архивхэм къыщызугъуея дэфтэрхэри зэтехуэркъым: зым зэритымкIэ, Къардэн Машэ Сэлихь и къуэр 1944 гъэм зауэм хэкIуэдащ. Адрей дэфтэрым, мы гъэм и мэлыжьыхьым и 29-м къысIэрыхьам къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ар хъыбарыншэу кIуэдащ 1943 гъэм. Абыхэм ящыщу пэжыр дяпэкIэ зэхэзгъэкIыну си мурадщ. 
НэгъуэщI зы хъыбари щыIэщ ди адэм и кIуэдыкIам теухуауэ. Ар къызжиIэжащ Аргудан къуажэм щыщу ди адэм къыдэзэуауэ щыта гуэрым. Абы зэрыжиIэжамкIэ, Ростов областым хыхьэ Вешенкэ станицэм и Iэшэлъашэхэм щекIуэкIа зэзауэ гуащIэхэм зэдыхэтащ си адэмрэ абырэ. Ди адэр уIэгъэ хъуауэ илъэгъуащ, арщхьэкIэ абы епщылIэу дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну занщIэу хузэфIэкIакъым. ИужькIэ апхуэдэ Iэмал игъуэту а щIыпIэм щигъэзэжам, ди адэр абдеж щымылъыжауэ жеIэ. 
 Дэнэ щыIэ уи кхъащхьэр, си адэ? Сытхэр уи кIуэдыкIэ хъуа? Сыт хуэдэ гупсысэхэр уи гум илъа уи иужьрей бэуэгъуэм? Уи кхъащхьэр здэщыIэр уи быным дымыщIэми, ди гум пхуилъ хуабагъымрэ IэфIыгъэмрэ уи псэм зыхащIэн, абы дэгуфIэн Тхьэм ищI. Ди къэралым, ущалъхуа щIыналъэм, уи быным я щхьэхуитыныгъэм, ТекIуэныгъэ иным уи псэр щIэптащи, уи ахърэтыр нэху хъуауэ, ди анэм фэрэ фи псэхэр зэхуэзэжауэ Тхьэм къыщIигъэкI». 
Ди къэралышхуэм, фIыуэ тлъагъу ди республикэм я къэкIуэну дахэм щIэхъуэпсу зи псэр зауэ IэнатIэм щызытахэм ягъэва гугъуехьхэр псапэ яхуэхъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI. Хэкум и хъумакIуэу ува а лIыхъужьхэм я фэеплъхэр сакъыу ирахъумэ къащIэхъуэ щIэблэхэм. 

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: