Абрэдж Залымхъан и хъыбар

Пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкIыу щыта политикэр ямыдэу лъэпкъ куэдым я лIыкIуэхэр пасэм щыгъуэ абрэджу ежьэжу, пащтыхьымрэ абы и IуэхутхьэбзащIэ генералхэмрэ я бийуэ къэуву щытащ. Апхуэдэ абрэджу Къэбэрдейм итащ Уэзы Мурат, Быф Зулъкъарней, Дзыгъур КIаш, Осетием – Заур, Шэрджэсым – абазэ Сэфарбий, Шэшэным – Залымхъан.

Дэтхэнэми хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къадокIуэкI, ауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я лъэIукIэ я пащхьэ идолъхьэ Кавказым абрэджу ита куэдым ящыщу Залымхъан теухуа тхыгъэр. IуэрыIуатэр илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэкIэ зэхуихьэсыжу зыджа КъардэнгъущI Зырамыку зэритхыжымкIэ, Залымхъан нэхъ лIыхъужьу, нэхъ лъэщу, ерыщу, пащтыхьым и къэрал зехьэкIэр зэрымыхъумыщIэр, ар къутауэ цIыхубэм я сэбэп зыхэлъ ухуэкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейр къыгурыIуэу зэуа цIыхущ.

Кушмузукаев Залымхъан Харачой къуажэм щыщт, хуэщIауэ псэу мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIат. Дэтхэнэ зы мэкъумэшыщIэми хуэдэу, мамыру лажьэрт, шхэжырт.

Пащтыхь стражникхэм пцIыкIэ ягъэкъуаншэу, тутнакъэщым ирадза нэужь, къикIуэсыкIыжри абрэджу ежьэжащ, нэгъуэщI Iэмал имыгъуэту. Ауэ абрэджу ежьа Залымхъан щхьэкIэ и адэри, и къуэшитIри зэрахуэ, махуэ къэс тезыр тралъхьэурэ ягъэпшынэ щыхъум, абыхэм Залымхъан гъусэ зыхуащIри, зэрыунагъуэу абрэджу ежьэжащ. Залымхъан езым хуэдэ куэд къыгухьэурэ гупышхуэ зэрыгъэхъуащ. А гупыр пащтыхь банкхэм теуэрт, мафIэгухэр къагъэувыIэурэ яхъунщIэрт, абыкIэ шэрэ фочрэ къащэхурт, пащтыхьым хэщIыныгъэшхуэ иратырт. Лей зезыхьэ пащтыхь офицер залымхэр яукIырт.

Апхуэдэу щыта пэтми, Залымхъан хъунщIакIуэу жыпIэ хъунутэкъым, ар пащтыхь властым еныкъуэкъу политическэ бэнакIуэ абрэджт. Революционерхэми запимыщIэу, ауэ пащтыхь властыр къутэн зэрыхуейр быдэу зи фIэщ хъуа, анархистхэм IэрыщI бомбэ къаIихыурэ, абыкIэ зауэ абрэджт. Залымхъан Кавказым имызакъуэу, Урысейм къыщацIыхурт. Абы къулейхэм къатрихыурэ тхьэмыщкIэхэм мылъку  яритырт, Залымхъан и цIэкIэ гъуэгурыкIуэ тхьэмыщкIэхэр зыхъунщIэ абрэджхэр къиубыдурэ иубэрэжьырт. Абы и захуагъэр Шэшэным и щIыпIэ псоми щыIуат. Залымхъан лъэпкъ зэхэгъэж ищIыртэкъым, ар зэбийр, зэзауэр пащтыхьым и генералхэмрэ абыхэм я блыгущIэт лейзехьэхэмрэт.

Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ Залымхъан пащтыхь офицерхэм яхуитхыу щыта письмохэр. Абыхэм Залымхъан щыжиIэрт: «Лей зевмыхьэ, тхьэмыщкIэхэр дэвмыкъузэ - фхуэзгъэгъункъым!» ИкIи яхуигъэгъуртэкъым. Нэхъ бзаджэ дыдэу, нэхъ гущIэгъуншэ дыдэу щыта полковникхэу Добровольскэмрэ Галаевымрэ письмо яхуитха иужькIи, я лей зехьэныр зэрыщамыгъэтам щхьэкIэ тIури, зырызурэ, махуэ шэджагъуэу иукIауэ щытащ. Ауэ Залымхъан къыгурыIуэртэкъым офицер залымзехьэхэр гъуанэдэуэу букIкIэ революцэ зэрыпхуэмыщIынур. Апхуэдэу щыт пэтми, абы 1909 гъэм Къэрал Думэм хуитха письмор гъэщIэгъуэн дыдэщ. А письмом Залымхъан къыщеIуатэ абрэджу ежьэжын хуей щIэхъуар, а гъуэгум зэрытеувамкIэ пащтыхь генералхэр щегъэкъуаншэ.

«Сэ абрэджу сыкъалъхуакъым, ауэ а гъуэгум слъэмыкIыу сытрагъэуващ», - жеIэ абы.

Пащтыхьым и бийуэ Залымхъан иригъэкIуэкI бэнэныгъэр гуащIэрыпсэу мэкъумэшыщIэхэм даIыгъырт. Шэшэнми Ингушми я дэтхэнэ зы къуажэми абы хэгъэрейрэ екIуэлIапIэрэ щиIэт. Абы ещакIуэ пащтыхь стражникхэм яхуэмыубыду хэкум щIитыфыр, гуащIэрыпсэу мэкъумэшыщIэхэм я деж зыгъэпщкIупIэ щигъуэтырти арат.

Залымхъан псэууэ е лIауэ яIэрызыгъэхьэм сом мин 20 иратыну ягъэувати, лъыкIэ я бийхэмрэ а ахъшэр зыIэрагъэхьэну хущIэкъу бзэгузехьэ нэпсейхэмрэ хьэджафэм хуэдэу абрэдж гупым и лъэужьыр къалъыхъуэрт. Куэдрэ а гупыр къаувыхьащ абрэджхэм нэхърэ нэхъыбэ пащтыхь стражникхэм, ауэ Залымхъан и лIыхъужьыгъэм и фIыгъэкIэ яIэщIэкIырт. Абы къыхэкIыуи ягъэIуат Залымхъан ажалыншэу, абы шэтемыгъахуэ дыуэ пщIэхэлъу, ар зыукIыфын щымыIэу. А зэхэуэхэм Залымхъан и къуэшитIри, и адэри, и гъусэ пажэхэу Iэюби, адыгэ абрэджу Пщымахуи хэкIуэдащ. Залымхъан щалъхуа щIыпIэр - къуршыр - фIыуэ зэрицIыхур сэбэпышхуэ къыхуэхъурт, езыр IэмалкIэ Iэзэт.

Зэгуэрым къуршыщхьэхэм я бгъуэнщIагъым Залымхъан и закъуэ щIаубыдащ. Абы къыщIэукIыурэ зыкъом къиуIа, къиукIа нэужь, и самоварыжьыр, нэгъуэщI гъущI Iэмэпсымэхэр щIакIуэм кIуэцIилъхьэри къыщIидзащ, щIакIуэ зэкIуэцIыпхар Iэуэлъауэшхуэ ищIу лъэгум ежэхащ. Стражникхэр абы щыкIэлъыщIэпхъуэм, езыр бгъуэнщIагъым къыщIэкIри, къуршым ихьэжащ. Мис апхуэдэу IэмалкIи куэдрэ яIэщIэкIыу щытащ.

Ауэрэ Залымхъан сымаджэ хъуащ. Абрэджу, уэсымрэ уэшхымрэ хэту къызэрикIухьа куэдыр, ишэча гугъуехьхэр къыщIэкIуэжат. И телъхьэхэм ар гъэпщкIуауэ, а зэрысымаджэм хуэдэу, зэрахьэрт, еIэзэрт. Ауэ Залымхъан и щхьэм папщIэ ягъэлъэгъуа ахъшэр зыIэрагъэхьэну мурад бзаджэ зыщIа бзэгузехьэхэри, и бийхэри загъэртэкъым, абы и лъэужьыр зэрахуэрт. Абы лъыкIэ и бий Байщиковхэ къащIащ сымаджэр зыщIэлъ, зыщагъэпщкIу унэр. АбыкIэ Кибиров офицерым бзэгу хуахьри, унэр къаувыхьащ. Залымхъан унэм къыщIэжри, пщIантIэм, мэкъуэщым къащезауэурэ тIу уIэгъэ къищIауэ, езыр яукIащ.

Залымхъан Октябрь революцэр къэхъуным илъэсиплI иIэжу, 1913 гъэм яукIащ.

Шэшэнхэми адыгэхэми Залымхъан уэрэд хуаусащ. Адыгэхэм Залымхъан хуаусауэ щыта уэрэдыр мыращ:

ЗалымхъанкIэ зэджэр шэшэн абрэджщ,

Шы гъуабжэм утесурэ къакIуи зыдгъэлъагъу.

Шы гъуабжэ лъакъуэхур жэрыгъэм хуэнахуэщ,

Абрэдж Залымхъаныр лIыгъэкIэ гъэнэхуащ,

Офицер ухуэзэмэ, я щхьэр хуфIогъащIэ,

ТхьэмыщкIэ ухуэзэм, я шыхэр хущIощIэж.

Быным я нэхъыкIэр тетым къегъэлъапIэ,

Быным я нэхъ лъапIэр абрэджу ежьэжащ.

Къуршыжьхэм я гъуанэхэм кIапсэкIэ унохьэ,

Дунейм укъытехьэмэ, бийхэр мэгулэз.

Залымхъан и полкыр къуршым щызэрешэ,

Шэшэн Залымхъаныр абрэдж мышынэжщ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар

ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

Читать также: