Гъатхэ паркым

Гъатхэпэм и уэтIпсытIми и пшагъуэ гуэрэн Iувми емылъытауэ, Налшык и Дэшхуей хадэм цIыхур щопэкIу. Псом нэхърэ нэхъ узыщыгуфIыкIыр абыхэм ныбжь зиIэ куэд зэрахэтырщ. Абыхэм, тIурытI-щырыщу зэгъусэу, ихъуреягъыр къызэхакIухь. Сабий зи гъусэ нанэхэр нэхъыбэу щызэхуэсыр сабий джэгупIэм дежщ. ЩIымахуэ псом унэм щIэса цIыкIухэр, иджыри гъущыну хунэмыса хъыринэхэм итIысхьауэ йощIэ, пкIэлъейхэм докIуей, Iуащхьэхэм къожэх - псори я щIэщыгъуэщ.

Куэд дэмыкIыу жыг щIагъ гъунэгъум къыщIэхутащ гъэ къэс абдежыр зи увыIэпIэ пони шы цIыкIури. Ари куэд щIакъым и щIымахуэ шэщым къызэрыщIашрэ. Иджы гъэмахуэ псом Дэшхуей хадэм итынущ, абы ирагъэплъ сабийхэм я гукъыдэжыр къиIэту. ДжэгупIэм куэд мыщIэу къагъэзэжынущ цIыкIухэр къызэрырашэкI вагон зэпыщIахэми, лъакъуэрыгъажэхэми.

Хадэм щымащIэкъым къуалэбзухэри, псэущхьэ цIыкIухэри. Къапщтэмэ, къуаргъыжьхэм я хэщIапIэщ лъэс зекIуапIэм и кIыхьагъкIэ ирикIуэ уэздыгъейхэр. Ахэр лъагэщ, я къудамэхэр уапхымыплъыфу Iуву зэхэтщ, уэшхым я нэхъ инри зэрыпхыкIыф щымыIэу. Аращ псейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ къуаргъхэм тIысыпIэ щIащIыр, ауэ псом нэхърэ нэхъапэ къыфIущIэнур зыкIи къыфщымышынэ кIэпхъ цIыкIухэрщ. Ахэр хэти гъуэплъщ, гъуабжэ цIыкIухэри къащыхэкI щыIэщ.

Мыбдежым щыфлъагъу псэущхьэ дахащэр ди лэжьэгъу Элинэ и гъуэгупэм къакIуэри къыпэтIысащ, ар газетым зэрисурэттехыр ищIэми ярейуэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, сурэтыр трихыху абы зигъэхъеякъым, Элинэ гъунэгъу дыдэ зыхуищIа пэтми. ЩIымахуэр икIыху ахэр паркым къихьэхэм я нэIэм щIэту ягъашхэ, хуосакъ, хьэ хьэулейхэм щахъумэ, аращи, езы цIыкIухэри мышынэу цIыхухэм къапожьэ.

 Дэшхуей хадэм иджыпсту ущрохьэлIэ япэу къэлъэтэжа бжэндэхъухэми, ихъуреягъым щекIуэкIыр зрагъэщIэну хуейуэ, псоми якIэлъыплъ къанжэхэми.

ЛЪОСТЭН Музэ. Сурэтыр зейр Къарей Элинэщ.
Поделиться: