ЗыгъэпсэхуакIуэхэм ядэлэжьэнухэр ягъэхьэзыр

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэм щыгъуазэ зыщIу дунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ, псори зэхэту цIыху 50-м, я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр дызэрыт илъэсым ирагъэкIуэкIынущ.

Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэм пхыкIахэм абы щыхьэт техъуэ тхылъхэр, бгъэхэIу дамыгъэхэр, экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ зыуэ щыт я къэрал реестрым зэрыратхамкIэ тхылъыр дэщIыгъуу иратынущ. Дэфтэрхэм я пIалъэр илъэситхущ. ИужькIэ ахэр аргуэру къэпщытэныгъэхэм хэтын хуейщ, я лэжьыгъэм адэкIэ пащэн мурад яIэмэ. Ди республикэм къакIуэ дунеяплъэхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ ядэлэжьэну хуит зыщI дэфтэрхэр нобэкIэ зиIэр цIыху 79-рэ мэхъу.

Экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ зыхагъэт къэпщытэныгъэхэр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэм абыхэм къапэщылъщ ябгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр тестхэмкIэ къагъэлъэгъуэну. Псори зэхэту ахэр упщIэ 30 мэхъу, я жэуапхэми зыхуагъэхьэзырыну сыхьэтитI хухах. Экзаменхэм щIамыдзэ щIыкIэ, абыхэм зыщагъэгъуазэ хъуну апхуэдэ Iэмалхэри щыIэщ.

ЕтIуанэ Iыхьэм экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ республикам и щIыпIэ дахэхэм ящыщу 10-м экскурсие щрагъэкIуэкIын хуейуэ къапэщылъщ. Экзаменхэм папщIэ къэпщытакIуэ гуп щхьэхуэу къызэрагъэпэщащ, экскурсие щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэри абыхэм къыхах.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр 2030 гъэм ирихьэлIэу Урысейм и щIыпIэ дахэхэр зэзыгъэлъагъуну къэрал кIуэцIым къыщызыкIухь ди цIыхухэм я бжыгъэм къыхэгъэхъуэнырщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: