Тренер цIэрыIуэм и фэеплъуМэзкуу къалэм и «Измайлово» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Премильский Феликс и фэеплъу щыта урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и бэнакIуэу 90-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм хэта Бещто Мухьэмэд килограмм 74-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж дыжьын медаль къыщихьащ. КIэух зэхьэзэхуэм ди щIалэм къыщыпэщIэтащ Ингушым и бэнакIуэ Сурхоев Магомед икIи, зэпеуэр зэрекIуэкI щIыкIэм щхьэкIэ Бещтом къыхуащIа дагъуэхэм къыхэкIыу, 0:2-уэ и хьэрхуэрэгъур къытекIуауэ къалъытащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи ди бэнакIуэ щIалэр етIуанэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|