Зым адрейм къыпещэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ ящIа павильоным мы махуэхэм щокIуэкI «МеЭтры искусства» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. 

ТIэкIу зыдэгушыIэжым хуэдэу, «мэтры» псалъэр нэгъуэщIу ят­хами, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-­Балъкъэр къудамэм хэт Зеленская Юлие, Чеченов Юрий, Тураев ­Рустам, Кочергин Владимир, Уэрэзей Аслъэн, ДыщэкI Мурат сымэ «мэтр» защIэщ, я IэдакъэщIэкIхэри телъыджэщ, пасэрей жыпхъэу, сурэтыжь щIыкIэу уаIуплъэу апхуэдэхэщ. ЩIыуэпсым, цIыхухэм, хьэпшыпхэм, этюд зэмылIэужьыгъуэхэм узэщIашэми ярейщ, ап­хуэдизкIэ ахэр нэIурытщ, гъэхуащи. Дэтхэнэ зы сурэтыщIми и ду­ней лъагъукIэр къытощ и лэжьыгъэхэм, и гупсысэм щыщ кIапэлъапи уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъукъым. Жыпхъэ зэхуэмыдэхэм щылажьэ сурэтыщIхэм я къэухьыр, я зэфIэкIыр кърипщIэну, я филосо­фиер кърипхутэну урикъунущ мы лэжьыгъэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Уэрэзей Аслъэн и «Мывэ. Лэныстэ. ТхылъымпIэ» сурэтым къы­тещым уи гущIэм зы нэрымылъагъу къару гуэр къыщегъэуш. Кочергин и этюдхэм уи псэр ягъэсабыр, апхуэдизкIэ хуабагъэ мыкIуэщI къапкърокIри. Зеленская Юлие ейхэм махуэ къэс ди нэгум щIэт ­теплъэгъуэхэр щIэщыгъуэ тщещI. Дэтхэнэр жыпIэн, гъуазджэр псалъэ хуэныкъуэкъым жыхуаIэращи, ахэр уи нэкIэ плъагъун хуейщ гъэлъэгъуэныгъэм мэгъугъэу хэлъыр щызу зыхэпщIэн папщIэ. 
ЖыпIэнурамэ, гъэлъэгъуэныгъэм уи нэгу къыщIегъэувэ гъуазджэм и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зым и лэжьыгъэм адрейм къыпищэу гурыщIэ «зэмыфэгъухэр» къапкърокI. 
Зи гугъу тщIа лэжьыгъэхэм сеплъарэт жызыIэхэр фепIэщIэкI. Пэшым ущIыхьэн щхьэкIэ пщIэ щIэптын хуейкъым. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ. 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: