Сурэттехым и гупсысэхэрБадзэуэгъуэм и 13-м дуней псом щагъэлъапIэ сурэттехым и махуэр. 1826 гъэм франджы Ньепс Жозеф Нисефор трихауэ щытащ япэ сурэтыр. Сыхьэти 8 текIуэдат «Вид из окна» зыфIища лэжьыгъэм. Сурэтхэр щхъуэкIэплъыкIэу трах щыхъуар XIX лIэщIыгъуэрщ. Ди зэманым иджырей суррэттех зэмылIэужьыгъуэ куэд щыIэщ. Плъыфэри инагъ-цIыкIуагъри узэрыхуей пщIы мэхъу. Нэхъ щIэщыгъуэу, удихьэхыу сурэт тезыхыр ар зи IэщIагъэхэрщ. ГъэщIэгъуэнщ сурэт техыныр зи дуней тетыкIэхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм телъыджэ гуэрхэр хэзылъагъуэхэм я гупсысэхэр. «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех, пщащэ IэпэIэсэ, гъуазджэм и щэхухэм дихьэх Къарей Элинэ ящыщщ дыкъэзыухъуреихь дунейм щIэщыгъуэ къыхэзылъагъукIхэм. Абы езым и проект гъэщIэгъуэнхэри иIэжщ. Псом нэхъыбэу дехьэх бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ. Пасэрейхэр нэхъ дахэщ Налшык и уэрамхэм дахагъэ зыхэплъагъуэ куэд уи нэм къыщыфIонэ. Абыхэм сурэт ятесхыу къыщIэздзащ япэ. Архитектурэм щыщ пкъыгъуэхэм сыдахьэх, пасэрейуэ е тIорысэу щытмэ нэхъ къызощтэ. Лэч къызыкIэрыщэщ бжэжьхэр, блын къэчахэр, бжэ-щхьэгъубжэ текIыжахэр - мыбыхэм моуэ пасэрейуэ зы дахагъэ гъэщIэгъуэн яхэлъщ. Сыт бжэхэм яхэслъагъуэр? Бжэ къэс ущIыхьэ мэхъу, бжэ къэс адэкIэ гъащIэ щокIуэкI. ЦIыху щхьэхуэхэм, унагъуэхэм, лъэпкъ псохэм я дуней щыIэщ, бжэ лъэмбхэм уебакъуэмэ. Мис апхуэдэ гупсысэ щIызолъхьэ абыхэм сурэт ятесхыным. ИтIанэ! Библием сыкъызэрыщеджамкIэ, Иисус Христос бжэр гъащIэу, гъуэгуу, псэуныгъэу къигъэлъэгъуат. Бжэхэм сурэт щатесхащ къалэ куэдым: Налшык, Сыхъум, Мейкъуапэ, Владикавказ, Тбилиси, Баку, Ригэ, Бодрум, Истамбыл, Таллин, Лондон, Каир, нэгъуэщIхэми. Сигу ирихьа зы бжэ тIорысэ къызатауэ, щысхъумэну щIыпIэм зымахуэ сшэрт. Ар зэзгъашэ IуэхутхьэбзащIэм: «Мыр хыфIэдзэн хуейуэ аращ, сыту пщIыну?», - жери. Апхуэдэу егупсыси щыIэщ. Ауэ си дежкIэ ар бжэ къудейкъым - гъуазджэщ, тхыдэщ, дахагъэщ. Гъэлъэгъуэныгъэхэр Сэралъп Мадинэ и арт-унэм тIэу щысхуригъэкIуэкIащ си сурэт-IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Гъуазджэм дихьэххэм къызжаIащ си бжэ-щхьэгъубжэхэр я гум дыхьауэ, игъэгупсысауэ. Абдежым сэри сехъуэпсащ си лэжьыгъэхэр нэхъыбэм къызэрацIыхун гъэлъэгъуэныгъэшхуэ къызэзгъэпэщыну. Си ныбжьэгъухэм сытрагъэгушхуащ абыи. «Махуэр теухуи, адэкIэ пщIагъэххэ хуэдэщ, тIэкIу гугъу зегъэхьи», - жиIат Мэзло Руслани, гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ и цIэр зезыхьэ музейм сыкIуэри, махуэ схухахащ. Гъэлъэгъуэныгъэм зыхуэзгъэхьэзырынымкIи сыт щыгъуи къыскъуэт ныбжьэгъухэр къыздэIэпыкъуащ. Дауи, сигъэгушхуащ ар зэрекIуэкIами къысхуащIа гулъытэми. IэрыкIхэр Сэ декупаж щIынми сыдехьэх. «Сэ езым тесх сурэтхэр а гъуазджэ лIэужьыгъуэм къыщызгъэсэбэпмэ хъуркъэ?!» жысIэу сегупсысащ. Пхъэмрэ щэкIымрэт нэхъ сызэлэжьри, си нэгу къыщIэзгъэхьащ си IэрыкIхэр абыхэм къытехутауэ. Пхъэм къыхэсщIыкI тхьэгъу плIимэ-кIыхьхэм си бжэхэр дахэу тезэгъащ. Си ныбжьэгъу IэпэIэсэ Газаевэ Разият си тхьэгъухэм яхуищIащ дыжьын фIэгъэпкIапIэхэр (швинзы). «Шоппер»-кIэ зэджэ къэлътмакъхэр сщIырти, абыхэми декупажым и IэмалымкIэ си бжэ сурэтхэр трезгъэубыдащ. 2022 гъэм гъуазджэмкIэ музейм щыIа си гъэлъэгъуэныгъэм си IэрыкIхэр - къэлътмакъхэмрэ тхьэгъухэмрэ хэтащ. ИужькIэ, мызэ-мытIэу, ахэр щызгъэлъэгъуащ къалэм къыщызэрагъэпэща жармыкIэхэм. Дызочэнджэщ, дызэдоIэпыкъу Гъуазджэм дихьэх зэныбжьэгъухэр дызэхыхьэри, «Синдикат» зэгухьэныгъэр къызэдгъэпэщащи, дызочэнджэщ, дызэрощIэ, дызэдоIэпыкъу. ЛъэщапIэ диIэщ. ЩIэх-щIэхыурэ зэхыхьэхэр, уэршэрхэр, пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр идогъэкIуэкI. Мы гъэм илъэс 20 мэхъу «Твой стиль» фотоклубыр Налшык зэрыщыIэрэ. Абы сэ 2008 гъэ лъандэрэ сыхэтщ. Илъэс къэс гъэлъэгъуэныгъэ дахэхэр щыдогъэкIуэкI Налшыки гъунэгъу республикэхэми. Зэгуэр Таллин щекIуэкIа фестиваль дыхэтащ, уеблэмэ. «Адыгэ псалъэ» 2007 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэ» газетым срисурэттехщ. Лэжьыгъэр си гум дохьэ. Щхьэж ди IэнатIэм пщIэ хуэтщIу дыкъызэдогъуэгурыкIуэ газетым и лэжьакIуэхэр. Мы гъэм ар илъэси 100 ирокъури, сыткIи ефIэкIуэну си гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.12.2024 - 14:44 →
Глобусыр къызэрагупсысрэ куэд щIащ
06.12.2024 - 16:09 →
Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ
12.11.2024 - 12:13 →
Макъышхуэ «зэщIэгъуагъуэ»
08.11.2024 - 14:52 →
ЗэпэIэщIэр нэхъ зэгъщ
16.10.2024 - 16:01 →
Бэрэгъун Заур япэ йощ
|