Зэчэнджэщащ, зэкъуэуващ![]() Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и Федеративнэ советым и зэIущIэ екIуэкIащ. Абы хэтхэр иджы щызэхуэсар Москвакъым, атIэ мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 650-рэ зэрырикъур зыгъэлъапIэ Киров къалэ жыжьэрщ. БлэкIа лъэхъэнэм зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ доклад ищIащ абы и правленэм и унафэщI Соловьёв Владимир. Къэпсалъэм ягу къигъэкIыжащ Союзым нэхъ гу зылъытапхъэу зэфIигъэкIа Iуэхухэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, абыхэм ящыщщ иджырей журналистикэм и «Урысейпсо-2024» форуму Сочи къалэм щрагъэкIуэкIар, хэкIуэда журналистхэм я фэеплъым и махуэу илъэс къэс дыгъэгъазэм и 15-м ягъэлъапIэр, «Дыщэ къэлэм» журналист дамыгъэ нэхъыщхьэхэр зэрыратым иращIылIа гуфIэгъуэр, «Дыщэ стратегие» зэпеуэр, «ЩытыкIэщIэ» документальнэ кином и фестивалу Железноводск къалэм щызэхагъэхьар, зэгухьэныгъэм и «Инфорум» егъэджэныгъэ проектхэр зэрагъэзащIэр. «Илъэсым и пэщIэдзэм, - къыхигъэщхьэхукIащ Соловьёв Владимир, - Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хузэфIэкIащ тыкуэнышхуэхэм газетхэмрэ журналхэмрэ щащэ щIыпIэр хухахыным теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмыр Урысейм и Правительствэм щыпхигъэкIын».
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 11:00 →
IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу
25.04.2025 - 15:20 →
Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ
23.04.2025 - 19:20 →
Сом мелард 80-м нэблагъэ
23.04.2025 - 18:00 →
Анэмрэ бынымрэ
23.04.2025 - 16:29 →
ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр
|