Лъэпкъ газетхэм я зэпыщIэныгъэщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетищыр илъэс 30-м щIигъуауэ зэдолажьэ, тхыгъэхэмкIэ зэхъуажэурэ къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр ягъэхьэзыр, редакцэкIэрэ зэхыхьэурэ зочэнджэщ. 

Иджыблагъэ лъэбакъуэщIэ ячащ адыгэ редакцэхэм. Ахэр зэгурыIуащ я журналистхэр хэгъэгухэм чэзууэ ягъа­кIуэурэ тхьэмахуэкIэ щагъэлэжьэну, ­гъунэгъу республикэхэм ис зэкъуэш­хэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм нэрылъагъуу зыщагъэгъуазэурэ щхьэж и газетым хъыбархэр къытридзэжыну. Налшык къалэ щекIуэкIа зи чэзу зэхуэсым апхуэдэ гупсысэ хьэлэмэтыр къыщыхилъхьат «Адыгэ псалъэ» газетым и журналист пажэхэм ящыщ Чэрим Марианнэ. Ар редактор нэхъыщхьэхэу Жыласэ Заурбэч (КъБР), Абидокъуэ Люсанэ (КъШР), МэшлIокъуэ Саидэ (АР) сымэ къызэдащтэри, проект щхьэхуэу ирагъэ­жьащ. 
Япэу а гупсысэр гъащIэм хэзыпщар «Черкес ­хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэщ. Шэрджэс газетыр мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ ди къуэшхэм ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэм ящыщ зы Iыхьэ хъуащ щIыналъэ проектыр. «Черкес хэкум» мы тхьэмахуэм ­къриубыдэу щылэжьэну ирагъэблэгъащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ ­макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэрэ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэрэ. 
Блыщхьэ пщэдджыжьым, бысым редакцэм зэрихабзэу, журналистхэр редактор нэхъыщхьэм и деж щызэхуэсащ, тхьэмахуэм зэлэжьынухэр, къыдэкIы­гъуэм ирагъэувэнур, республикэм ще­кIуэкI Iуэху нэхъыщхьэхэр яубзыхуу, абы теухуа тхыгъэхэр зи къалэнхэм пщэрылъ щащIын папщIэ. Редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ пщэдджыжь зэIущIэр къызэIуихри, зэрырагъэ­кIуэкI хабзэм хуэдэу, къалэнхэр ятригуэшащ, и лэжьакIуэхэм гу зылъатапхъэхэр ягуригъэIуащ, дзэ Iуэху хэхам хэт лIыхъужьхэм я зэфIэкIыр къэгъэлъэгъуэным хуэмы­щхьэхыу дэтхэнэри елэ­жьын, республикэм и парламент хэхыныгъэхэм ехьэлIауэ политикэ партхэм къабгъэдэкI тхыгъэхэр зыхуей хуэзэу газет напэкIуэцIхэм ирагъэувэн зэрыхуейр яжриIащ. 
Къеблэгъа журналистхэр бысымхэм яригъэцIыхури, я лэжьыгъэр гъэпсауэ зэрыщытынур игъэбелджылащ. Хэ­гъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм ис адыгэхэр нэхъри зэпыщIа хъун папщIэ, я Iуэху зэдащIэу, я хъыбар зэрыщIэу къекIуэкIын щхьэкIэ мы проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр жиIащ Люсанэ. И лэжьэгъухэм папщIэ игъэхьэзыра планым къыщытеувыIэм, жиIащ шэрджэсхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм, адыгэ щэнхабзэр, гъуазджэр, тхыдэр хъума хъуным, нэхъыбэм къацIыхуным хуэлажьэ цIыху IэпэIэсэхэм, IэпщIэлъапщIэхэм яхуи­гъазэмэ нэхъ къищтэу къызэрыхихар. 
Абы и псалъэхэм къыпищэу къэпсэ­лъащ Тау Замирэ. Бзылъхугъэ гуащIа­фIэм къыхигъэщащ Налшык къыщыхалъхьа Iуэхур я гуапэу къызэрапхъуэтар, лъэпкъ Iуэхур гъэкIуэтэнымкIэ, лъэп­къыбзэр хъумэнымкIэ, хабзэр ди Iэпэ­гъуу щытынымкIэ газетхэр сэбэп зэрыхъур, мыпхуэдэ зэпыщIэныгъэмрэ зэдэ­лэжьэныгъэмрэ нэхъ гъунэгъу дызэ­рызэхуищIынур. НэщIэпыджэ Замирэ жиIащ ди япэ ита нэхъыжьхэм республикищыр зэрыщIэнымкIэ кърахьэ­жьа Iуэхухэм къыпызыщэ проект дахэу зэрыщытыр, нэхъапэм хъыбархэмрэ тхыгъэхэмкIэ зэхъуажэу щытамэ, иджы журналистхэри нэхъ зэрыцIыхуу, хэ­гъэгу­хэм щекIуэкI Iуэхухэм нэхъ IупщIу зыщагъэгъуазэу, адыгэхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, IэпщIэлъапщIэхэр дэнэ щыпсэухэми ирагъэцIыхуу зэры­зэдэ­лэжьэнум хъер куэд къызэрыпэкIуэнур. 
Пщащэхэр тепсэлъыхьащ иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIа, «Черкес хэку» газетым жэ­уап зыхь и секретарь, «Лэгъупыкъу» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ Аслъэныкъуэ (Хьэтау) Мадинэ Европэм щынэхъ лъагэ бгым зэрыдэкIам адыгэ куэд зэригъэгушхуам. АР-м, КъБР-м къы­щы­дэкI газетхэми къытрадза нэужь, шэрджэс пща­щэм фIыщIэ хуащIу редакцэхэм куэд къы­зэрыпсэлъар жаIэжащ хьэ­щIэхэм. 
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр абы и тхьэмадэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд и лъэIукIэ НэщIэ­пыджэ Замирэ Мадинэ иритыжащ. Адыгэ журналистикэм зегъэужьыным хуищI хэлъхьэныгъэм, «Черкес хэку» ­газетыр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу ­Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIам пап­щIэ Мадинэ хуагъэфэща тыгъэм щы­гуфIыкIащ езыри редакцэм и лэжьа­кIуэхэри. 
Люсанэ хьэщIэхэм яхуигъэхьэзыра программэм япэ итыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм лъэпкъ IуэхумкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ­печа­тымкIэ и министр Есенеев Мурат журналистхэр IуигъэщIэнрати, абы япэу иужь ихьащ. Мурат и гуапэу иригъэблэгъащ газетым и лэжьакIуэхэр икIи жиIащ зи ужь ихьа проектым сэбэпынагъ куэд къыпэкIуэну зэригугъэр, ар КъШР-м къызэрыщыщIадзам зэрыщыгуфIыкIыр. 
- Дэ ди республикэм лъэпкъ газету тху къыщыдокI: урысыбзэкIэ, къэрэшеибзэкIэ, шэрджэсыбзэкIэ, нэгъуеибзэкIэ, абазэбзэкIэ. Нэхъыщхьэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ газетхэм, псом хуэ­мыдэу лъэпкъ газетхэм, я къалэн нэхъыщхьэм зэрызи­хъуэжар, нэхъапэм ахэр хъыбарегъащIэ Iэмал ­къудейуэ щытамэ, иджы лъэпкъым и хъумакIуэу плъытэ зэрыхъунур, - жиIащ министрым. - Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым, атIэ а бзэр ­хъума хъун папщIэ, унагъуэм щIэсхэм яIурылъын щхьэкIэ, дэ къыдэдгъэкI лъэпкъ газетхэм жэуап­лыныгъэ ин я пщэ къыдохуэ. Абы къищынэ­мы­щIауэ, ар зэманым декIуу бэкъуэным мыхьэ­нэшхуэ иIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, печать Iуэхур бжыгъэхэр зи лъабжьэ Iэмалым хуэгъэкIуэн хуейщ. Социальнэ сетхэмрэ газетхэм яIэ сайтхэмрэ хъарзынэщ, ауэ абыкIэ зегъэужьа хъунукъым хъыбар­егъащIэ Iэмалым. Фэ фхуэдэу бзэм ирилажьэхэр нобэ зыпылъын хуейр лъэп­къы­бзэм «Яндекс» хъым увыпIэ ще­гъэубы­ды­нырщ, адрей бзэхэм ещхьу, ди бзэхэри зэ тепIытIэгъуэкIэ тэрмэш зыщIыф Iэмалхэр къызэгъэпэ­щы­нырщ. 
Есенеевым къыхигъэщащ абыкIэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр япэ зэри­щыфынур. Тау Замирэрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ министрым жраIащ щылажьэ газетхэм электроннэ Iэмалхэр къыщыгъэсэбэпа зэрыхъур, нэхъыщхьэу зи ­гугъу ящIхэм нэмыщI, бзэр, хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, гъуазджэр хъума хъуным гулъытэ хэха зэрыхуащIыр, ­КъБР-м, КъШР-м, АР-м къыщыдэкI адыгэ газетхэр зэрызэдэлэжьэным лъэп­къыр нэхъ зэпэгъу­нэгъу зэрызэ­хуищIыр, диалектхэр гурыIуэгъуафIэ зэрыхъур. 
Адыгеймрэ Къэбэрдеймрэ икIа журналистхэм махуиплIым къриубыдэу Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэр фIыуэ зрагъэцIыхуащ. Ахэр яхуэзащ ­гъащIэ къэзыгъэщIа, дунейм и пIалъэ зыщIэ нэхъыжьыфIхэм, лъэпкъым и ­хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэхэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьа­кIуэхэм, нэгъуэщIхэми. 
Нэхъыщхьэрати, «Черкес хэкум» и илъэси 100-м ирихьэлIэу интервью къы­Iахащ КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и шэрджэс къудамэм и унафэщI, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ. «Черкес хэку» газетым къикIуа илъэсищэ ­гъуэгуанэм редактор нэхъыщхьэу 24-рэ иIащ, нобэ лажьэ 25-ращ абы­хэм бзылъхугъэу яхэтыр. А Iуэху дахэмкIэ къыщIадзэри, зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэн зэдрагъэ­кIуэ­кIащ редакторымрэ журналист пщащэхэмрэ.
Ди газетым и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Замирэ Къэрэшей-Шэрджэсым къриха тхыгъэхэр къы­кIэлъыкIуэ къыдэкIы­гъуэхэм ящыщхэм тетынущ. 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: